Медаль зэмылIэужьыгъуэу 6

Липецк областым хыхьэ Копцевы Хутора жылагъуэм щекIуэкIащ Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и тренер Пушкарёв Вячеслав и фэеплъу дзюдомкIэ къэралпсо зэхьэзэхуэхэр. Зэпеуэм и саугъэтхэм щIэбэнащ Урысейм и щIыналъэ 23-м къикIа спортсмен 237-рэ. 

ЗэпэщIэтыныгъэ гуащIэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэм медаль зэмылIэужьыгъуэу 6 къыщахьащ. 
Зи хьэлъагъыр килограмм 81-м нэблагъэхэм я зэхьэзэхуэм и кIэух зэIущIэм щызэхуэзащ пэщIэдзэ зэпэщIэтыныгъэхэм я хьэрхуэрэгъухэм щытекIуэурэ къекIуэкIа ди республикэм щыщхэу Балаев Мажидрэ Байсиев Тауланрэ. Финалым Балаевыр щытекIуащ, Байсиевыр етIуанащ. 
Иджыри зы дыжьын медаль Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ къыхэхам къыхуихьащ Пщынокъуэ Альберт. Абсолютнэ хьэлъагъ зиIэхэм я деж ар етIуанэ щыхъуащ. 
Домбеякъ медалхэр зыIэрагъэхьащ Щынахъуэ Астемыр (кг 60-м нэблагъэ), Жылокъуэ Тамерлан (кг 66-м нэблагъэ), Пщынокъуэ Альберт (кг 90-м щIигъу) сымэ. 
 

 

Къэхъун Бэч.
Поделиться:

Читать также: