Хъуэхъу кIыхь

ГушыIэ
Куэбжэр кIыргъамэ, унагъуэм я щхьэфэцым зиIэту къэнат: алыхь-алыхь, Мысхьуд аргуэру хъуэхъуакIуэ къокIуэ, жаIэрти, псори щхьэгъубжэм дэплъырт. Дыгъужьым ишхри имышхри тохуэ, жаIэ щхьэкIэ, ахэр щыщыуэр зэзэмызэт: пэж дыдэу, БжыхьыщIэхэ я куэбжэр «пшынэ зыхуеуар» Мысхьуду къыщIэкIырт.
– ИкъукIэ си гуапэ хъуащ, си щхьэкIэ къызэхъулIа насыпу къысщохъу нысэ къызэрыфшар! Фэ лъапэ махуэ къыфхуихьауэ, къызыхэкIахэм лъэдакъэ махуэ къахущинауэ, мыпхуэдэ хъуэхъубжьэхэр фи унагъуэ куэдрэ щаIэтыну!.. – нобэ япэ дыдэу хъуахъуэ нэхъей, Мысхьуд кIыхьу иукъуэдийрт. Ар зыщыхъуахъуэр мы-БжыхьыщIэхэу, нэгъуэщI тэмакъкIэщI гуэрхэу щытамэ, хабзэр зищIысыр минрэ ящIэуи дощIри, зэ къыщитхъынхэти: «Уа Мысхьуд, удужэгъуащ, Алыхьыр пщIэжмэ, уи хъуэхъуэныр зэ ухи ди натIэм икI!», - къыжраIэнкIэ хъунт, арщхьэкIэ БжыхьыщIэхэ Алыхьым и дежкIи цIыхум я дежкIи плъэрт, хьэжьвакъэжьышхми фIэлIыкIхэрти, абы нэмыплъ ирамытыфэ зытрагъауэрт.
- Ди хьэблэм дэнэ къэна, ди жылэм къыдашакъым фи нысэ цIыкIум пэпщIын. БжыхьыщIэхэ фи унэр Алыхьым дыщэкIэ къибгъащи, фэ къывэуэлIа насыпыр си щхьэм къылъысауэ къэзмылъытэмэ, сывгъэшхри извгъэфри хьэрэм Тхьэм схуищI!
- Iау, Iау, Мысхьуд! Апхуэдэу щхьэ жыпIэрэ?! Уи анэ укъэзылъхуам узригъэфа быдзышэу хьэлэл Тхьэм пхуищI. Уи хъуэхъури Алыхьым къабыл ищI…
- «Къабыл ищI» жыхуэпIэр сыт? Ар зэрищIынум шэч къытепхьэу ара, БжыхьыщIэхэ я къуэ? Сэ сщIэн хьэмэрэ сыщыхъуэхъуэн сымыгъуэту ара уи гугъэ апхуэдизрэ фи деж сыкъыщIэкIуэр?! – Мысхьуд хуэмыфащэ кърапэсу ягъэпудауэ фэ зытригъауэрт.     - Фэ фызыхэслъхьэ щыIэкъым, нысэфI къызэрыфIэрыхьам сыщогуфIыкIри аращ къызэмыхьэлъэкIыу апхуэдизрэ сыкъыщIыфхуэкIуэри, армыхъу…
- Ар къыдгуроIуэ, жысIаи, Мысхьуд. Алыхьым пхудигъэщIэжынуи Тхьэ селъэIуаи…
- Уи лъэIури къабыл ухъу! Сежьэжынщ. Сэ Iуэху Iэджэ къыспоплъэ. Ауэ хабзэр - хабзэщ. Шэсыжыбжьэм делъэпэуэжынкъым, – зи хьэщIахэм «Iуэхутхьэбзэшхуэ яхуищIэжырти», шкIащIэ увыкIэ ищIу ежьэжырт Мысхьуд.
Апхуэдэу бжьыхьэкIэм щIымахуэ кIыхьри дигъэкIуащ Мысхьуд. Гъатхэ техьахэрэ цIыхур хущIэмыхьэж хъуа пэтми, абы БжыхьыщIэхэ я фэр иджыри ирихырт: и хъуэхъуакIуэм кIэ иIэтэкъым. Ауэ Мысхьуд и хъуэхъуэныр зэраужэгъуар нэхъыжьхэм щахужымыIэм, нысэ къахуэзышэу ахэр бэлыхь мыухыж хэзыдзауэ зыкъэзылъытэж я къуэм бзаджагъэм хуекIуэну мурад ещI.
Махуэ гуэрым бынунэр хадэм итт, БжыхьыщIэхэ я куэбжэ цIыкIум и пшынэ макъыр къызэрыIуу, нэгъабэ фыз къэзыша щIалэр шындэбзиймкIэ къожэкIри, зэрихабзэу, мыпIащIэурэ унэм къыхуэкIуэ «хьэщIэм» пожьэ:
     - Къеблагъэ, Мысхьуд! Уи мыхабзэххэу сытым укъытхуихьа? – жи.
- Плъагъуркъэ а вакъэ лъэмбыIум къилъхуар? Сыкъэзыхьар пщIэркъэ? Жылэм яхуэмыгъуэт нысэ къытхуэпшащ. Дызэхэбгъэплъэжащи… хъуэхъуакIуэ…
- Уэлэхьи, Мысхьуд, уи нэмыс нэхъ лъагэ ухъуи, а нысэ жыхуэпIэр… икIыжакIэм… ЩIэпхъуэжакIэм…
 - Пу, нэмыси асыли зимыIэ, гушыIэкIи зымыщIэ, уэри уэ!.. Апхуэдэ емыкIу зыщIэхэм ящыщ нысэу къызэрытхуумышар…
- Уэлэхьи, икIи сымыгушыIэ, икIи щIэпхъуэжам, – щIалэм нэщхъеифэ дыдэ щызытригъауэм, Мысхьуд фIырыфIкIэ къыпхуикIуэтынухэм ящыщтэкъыми:
- Уэлэхьир Алыхьым и цIэщ, ар цIыху зэрымыхъунур си псэм ищIэртэм. А бзаджэнаджэр фхэкIыжу унэм исхэм фи лъакъуэм банэр зэрыхэхужам щхьэкIэ зы хъуэхъу псалъэ жызмыIауэ… Дэнэ щыIэ си ныбжьэгъужьу уи адэжьыр? – жиIэу Мысхьуд нэкIуэпакIуэу унэм щыхуэкIуэм, БжыхьыщIэхэ я къуэм къыгурыIуащ Мысхьуд и хъуэхъур мис иджы кIэншэ дыдэ зэрыхъуар…

ЩIакъуэ Мыхьэмэт.
Поделиться:

Читать также:

25.03.2024 - 15:30 Си жэнэт
21.03.2024 - 11:30 Ахъмэт и фо изщ