Мылыр быдэкъым

Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм     и лэжьакIуэхэм щыплъыращ Налшык и «Трек» гуэлым. Ар тещIыхьащ цIыхухэм я шынагъуэнгшагъэр къызэгъэпэщыным. Гуэлым псыр ижыпакъым, щтыуэ щIидзащ, щIыпIэ-щIыпIэхэм мылым и Iувагъыр см. 1,5-рэ хъууэ аращи, утехьэнкIэ Iэмл иIэкъым. Абы къыхэкIыу щIыпIэм щагъэуващ цIыхухэр мылым техьэну хуит зэрамыщIыр зытетха пхъэбгъ. КъинэмыщIауэ, паркым къыщызыкIухьхэм епсэлъащ шынагъуэ къыздикIынкIэ хъунум теухуауэ, ахэм теухуа тхыгъэ кIэщIи иратащ..
МЧС-м фигу къегъэкIыж! ЦIыхум дежкIэ шынагъуэншэр см. 10-м нэхъ мащIэ мыхъу зи Iувагъ мылырщ. Лъэсу узэпрыкIынумэ, къезэгъыу къалъытэр см. 15 н нэхъыбэ зи Iувагъ мылырщ, гупу къыщажыхьынумэ см. 25 Iувагъым нэхъ мащIэр къезэгъкъым. Зыщыгъэгъупщэн хуейкъым мылым и Iувагъыр дэнэ дежи зэрыщызэхуэмыдэр.
Шынагъуэщ уэс зытелъ мылыр (мыл хъуа къудейм теса уэсым, а мылым и Iувагъым хэхъуэныр егъэхуэм).
Мылыр быдэмэ къызэрыпщIэнур: узыпхыплъыфу къащхъуэ е удзыфэ мылыр быдэщ, мылыр хужьмэ, абы и быдагъыр хуэди 2-кIэ нэхъ мащIэщ. Сырыхуфэ е гъуэжьыфэ мылыр узытемыгушхуэнщ. Апхуэдэ мылыр къэмычэу кIуэцIрыхунущ.
ДэIэпыкъуэгъу фимыIэу фыкъызэрымыкIыфын фихуамэ, къевджэ жып телефонымкIэ «101»-м фыпсалъи, - къет Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм.

Дыгулыбгъу Жантинэ.
Поделиться: