«ДАКЪИКЪЭ ЗАКЪУИ ГУР МЫПСЭХУ…»

ЕтIощIанэ лIэщIыгъуэм къриубыдэу адыгэ усэм зэхъуэкIыныгъэ ин къехъулIащ. Илъэс щэ бжыгъэкIэ жьэрыIуатэу къэгъуэгурыкIуа адыгэбзэм пIалъэ кIэщIым къриубыдэу тхыгъэ игъуэтри, а тхыгъэм зиубгъуа нэужь зэрыцIыхубэу тхэф-еджэфу къыщIидзыжащ. ИкIи абы кърикIуащ жьабзэм и гуэгъуу тхыбзэ-литературэбзэр къэунэхунри, усыгъэр а литературэбзэм и хабзэм техьэнри.

Дэхуэхыпэну зыхуэфащэ дыдэхэм ди тхьэм дахибжауэ къыщIэкIынутэкъыми, литературэр зэпэщыным и нэхъ гуащIэгъуэ лъэхъэнэм - 1920 гъэхэм къыщегъэжьауэ лIэщIыгъуэм икухэм фIэкIыху - абы дэ къыдитащ а къалэн иныр екIуу зыгъэзэщIэфын усакIуэ пажэ гуп псо, ЩоджэнцIыкIу Алийрэ КIыщокъуэ Алимрэ хуэдэхэр я гъуазэу. Дауи, япэ итахэр зыпэрыувар IэнатIэ гугъу дыдэт. Ауэ абыхэм хаша лъагъуэр адэкIэ гъуэгу гъэхъун хуейщ, икIи, жыпIэнурамэ, а IэнатIэр куэдкIэ нэхъ тыншкъым, гъуни иIэкъым, лъэпкъымрэ и бзэмрэ псэуху, усыгъэми зихъуэжурэ гъащIэм дэбэкъуэнущи. Дэмыбакъуэрэ, зимыужьрэ - литературэми, лъэпкъыбзэми, езы лъэпкъ дыдэми я Iуэхур мыщIагъуэу аращ. ЩIагъуэу щытын щхьэкIэ япэ итахэм яхуэфэщэжын щIэблэ узыншэ къащIэмытаджэу хъунукъым.
Дэтхэнэ зыри тхэф-еджэф щыхъум деж тхэныр зи IуэхущIафэхэри нэхъыбэу къоунэху, абыхэм ящыщ зыкъомми усэ зэхалъхьэну тогушхуэ, тегушхуахэм ящыщ гуэрхэми ар мыIейуэ къайхъулIэнкIэ мэхъу. АрщхьэкIэ абыхэм ящыщу лъэпкъ литературэм и тхыдэм лъэбакъуэщIэ езыгъэчыфын хуэдэ усакIуэ нэгъэсауэ къахэкIыр шыбзэ зыбжанэм икIа закъуэтIакъуэщ. Мис а закъуэтIакъуэхэм ящыщ зыщ Уэрэзей Афлик Пщымахуэ и къуэр. Абы и адыгэбзэ дахэр, и усэхэм ящIэлъ гупсысэ телъыджэхэр, образ гъэщIэгъуэнхэр адыгэ усыгъэм и дахапIэхэм ящыщу япэ дыдэ бгъэлъэгъуэн сатырым хэбгъэувэмэ, ущыуэнукъым.
Ар 1947 гъэм Къулъкъужын Ипщэ къуажэм къыщалъхуащ. Курыт еджапIэр къызэриухыу дзэм къулыкъу ищIэну яшэри, илъэсищкIэ абы щыIауэ къыщигъэзэжым КъБКъУ-м и адыгэбзэ къудамэм щеджэну щIэтIысхьащ, иужькIэ Москва дэт Литературэ институтым зригъэдзыжри, ар нэхъыфIу еджахэм ящыщу къиухащ. И хэкум къигъэзэжа нэужь, Афлик «Адыгэ псалъэ» (нэхъапэм и цIэу щытар «Ленин гъуэгущ») газетым, «Iуащхьэмахуэ», «Нур» журналхэм щылэжьащ икIи сыт хуэдэ IэнатIэ пэрымытами, IэкIуэлъакIуэу игъэзащIэу кърихьэкIащ, ауэ усэ тхыным япэ зы Iуэхуи иригъэщакъым.
УсакIуэм и зэфIэкIыр и Iэдакъэ къыщIэкIахэм я бжыгъэ къудейкIэ къапщытэу щытамэ, щыIэнут Уэрэзейр хьэгъунэ къыдэзымыгъэплъын Iэджи, абыхэм яхэтщ илъэс-илъэситI нэхъ зэхуакушхуэ ямыIэу зы тхылъ къыдэзыгъэкI, илъэс зыбгъупщIым къриубыдэу том Iув зытIущу усыгъэ зэхуэхьэсахэр зыгъэхьэзыр. Уэрэзейр усэкIэ утыку къыщихьа махуэм щегъэжьауэ дунейм ехыжыху - илъэс плIыщIым щIигъум къриубыдэу - абы итхауэ къэнар тхылъ пIащIэ цIыкIу зытхух къудейм изщ. Абы щыгъуэми, дэтхэнэ и зы тхылъри усэщIэ зэфэзэщу щытакъым, атIэ, усакIуэ куэдым зэрахабзэу, езым нэхъ игу зыхуэзэгъахэмрэ, тхылъеджэхэм ягу ирихьауэ щIэупщIэ нэхъ зиIэхэмрэ тIэурэ щэрэ къытригъэзэжу щытащ икIи апхуэдэ усэхэр мащIэкъым. Ар къэплъытэмэ, абы и Iэужьу къызэринэкIар я бжыгъэкIэ куэд дыдэ хъуркъым, уеблэмэ мащIэщ. Ауэ усэми усакIуэми я пщIэр къызэрылъытапхъэр бжыгъэракъым, мыбдежым щэм нэхърэ щэ и уасэу зыр нэхъ щылъапIэщ. Уи псэр зымыхьэхуну, укъеджамэ, гулъытэншэу къэбгъэнэну, езы авторым и псэм щыщ хъуахуэ зыхимылъхьауэ усэ закъуи иIэкъым Уэрэзейм. Пэжщ, абы и Iэдакъэ къыщIэкIа псори зэхуэдэу шедевр защIэкъым, нэхъ къехъулIарэ нэхъ къемыхъулIарэ зимыIэ автор дэнэ къипхын. ИтIанэми, Афлик и тхылъым и дэтхэнэ напэкIуэцIми уи нэ къыфIэнэн, узыхьэхун гуэр къызэрибгъуэтэнум шэч хэлъкъым. Япэ дыдэ утыку кърихьа усэхэм щегъэжьауэ абы къыкъуэщат усакIуэ къызэрымыкIуэм и талантыр. Абы и зы щыхьэтщ автор зи къежьэгъуэ гупым 1974 гъэм къызэдыдагъэкIа «Япэ псалъэ» тхылъ цIыкIум ит мы усэр (ар инкъыми, зэрыщыту къэтхьми хъуну къытфIощI):
Мазэр щымщ,
Тегъэхуауэ тхьэкIумэр,
Уэрэ сэрэ жытIэнум къыпоплъэ.
Жыгхэр щымщ,
Къагъэшауэ къудамэр,
Уэрэ сэрэ ди нэгум къыщIоплъэ.
Щымщ гъэгъахэр,
Къуршыжьхэри щымщ.
Сэ бжесIэнут зыгуэр куэд щIауэ,
Ауэ сэри сыщымщ,
Сыщымщ,
Уи дахагъым бзэншэ сищIауэ.

Мы усэм щынэрылъагъущ зи щIалэгъуэ авторым Iурылъ адыгэбзэ дахэри, а бзэм и Iэмалхэр игъэIурыщIэурэ теплъэгъуэ телъыджэ нэгум къызэрищIигъэхьэфри. Дунейр къызэрыунэхурэ инуи цIыкIууи цIыху Iэджэ тетащ. Ауэ зэпсэгъуитI зэхуэзам я зэхуаку къыдэхъуэ хъуаскIэм езы дунейм и къэкIуэнухэр апхуэдизкIэ куэду елъытащи, абы нэхърэ нэхъ лъапIэ зыри щыIэу къыщIэкIынукъым, жыуегъэIэ. Ар усакIуэм псэм дыхьэу къиIуэтащ «щым» псалъэ закъуэр зи курых сатыр зыбжанэмкIэ: цIыхуракъым мазэм дэплъейр, икIи аракъым жыгхэм я инагъыр зыгъэщIагъуэр, гъэгъа дахэхэмрэ къурш уардэхэмрэ фIэтелъыджэу еплъыр. А езыхэр - мазэри, жыгхэри, гъэгъа телъыджэхэри, къурш дыдэхэри - псори зэпщIэкIауэ зыхуэплъэр ныбжьыщIитIым я Iуэхумрэ а тIум къапэщылъ гъащIэмрэщ. Аращ дунейм и дахагъри, и IэфIагъри зэлъытар, аращ уафэгум ит мазэ щIыIэрэ псэншэм псэ къыхэзылъхьэу и «тхьэкIумэр тегъэхуауэ» зыщIэзыгъэдэIур, Iэджи зылъэгъуа жыгыжьхэр, «къагъэшауэ къудамэр», ипэкIэ къэхъунум пэзыгъаплъэр, езы къуршыжьхэу илъэс мелуанырыбжэхэм зезыгъэущэхур. Псалъэхэр мащIэми, я купщIэкIи щызщ, я теплъэкIи дахэщ.
«Щым» псалъэр мы усэм гъуэщауэ къыхэбжьэхъуакъым. Уэрэзейм и усыгъэм пIэщIэнымрэ макъым зегъэIэтынымрэ зэи и хьэлкъым. Ар кIэлъыпIащIэркъым къимыгъазэу лъэта зэманым икIи абы зыдригъэкIун щхьэкIэ псалъэ жьгъырухэр къигъэсэбэпыркъым. Хэхауэ уси иIэщ абы, «Щымыгъэ» фIищауэ.
«Щым дахэм и макъыр лъахъшэщ,
Щым дахэм и щIыхьыр инщ», -

жеIэ усакIуэм, щымурэ, ауэ и гуащIэр зыхуэдэр зыхыумыщIэнкIэ Iэмал имыIэурэ зызыгъазэ езы дунеижьым и щэхур абы къыхуиIуэтам хуэдэу. НэгъуэщI зы усэми аргуэру а темэм къыщытрегъазэри, мыпхуэдэу етх:
Хуэму къотэдж пшэкIэплъыр,
Дыгъэ къыщIэкIыр хуэмщ,
Щыму къотIэпI жыг гулъыр,
Гурылъ нэхъ къабзэр щымщ.

Пэж дыдэу, Уэрэзей Афлик и Iэужьхэм ухэплъэжмэ, хэзыIэтыкI нагъыщэр зыпыбгъэувэн псалъэхэм ящыщ къигъэсэбэпауэ зэзэмызэххэ мыхъумэ урихьэлIэркъым.
Ар езы усакIуэми и хьэл-щэн дахэм ещхьыжщ: Афлик зэи щытакъым утыкуакIуэу, хуэмышыIэрэ япэ илъадэу, езым зыкъыхигъэщын щхьэкIэ, и макъым зригъэIэту. Адыгэхэм зэрыжаIэу, ар цIыху зэпIэзэрытти, и акъылыр тIысагъэххэу къалъхуам хуэдэт, губжьын, кIиин-гуоун и хьэлтэкъым, цIыкIуфэкIукIи и пIэ къыпхуишынутэкъым. Ауэ зэувэлIа Iуэхур кIэрыупцIэ-тецIэлэжу къигъэнэнкIэ Iэмал иIэтэкъым, езым игу хуэмызэгъауэ, зэрыхуей дыдэм темыIэбауэ къигъанэртэкъым. Дэтхэнэ къызэрыгуэкI Iуэхуми апхуэдэу бгъэдыхьэ лIы щыпкъэр усэми зэрыхущытыр, дауи, апхуэдэ дыдэут: хуэмыпIащIэу, темэ къыхихамрэ абы трижыIыхьыну зыхуеймрэ зыр зым хуэфэщэж мыхъуауэ утыкум къримыхьэу, кърихьа хъуар гуми псэми лъэIэсу, сыт и лъэныкъуэкIи узэщIа хъуауэ - мис апхуэдэщ мы усакIуэм и Iэдакъэ къыщIэкIауэ къэнахэм я нэхъыбапIэр.
Усыгъэр езыр апхуэдэ IэнатIэщи, япэ итахэм ящыщ Iэджэм къамыгъэунэхуа темэщIэ къызэIузых миным зы нэхърэ нэхъыбэ яхэткъым. Мыбдежым гъэщIэгъуэн хъур узытеусыхьым и закъуэкъым, атIэ темэм хуэдэ дыдэу, цIыхубэр ихьэхункIэ мэхъу уи усэм и дахагъми, псалъэхэм я шэрыуагъми, гупсысэу хэплъхьэм и кууагъми. Iэзагъыр къызэрынахуэхэм ящыщщ уи япэкIэ нэгъуэщI куэдыр зытеусыхьа темэм адрейхэм яхужымыIа, хьэмэрэ жамыIэу къэна гуэр уи псалъэр зэхэзыхым гукъинэ щыхъун хуэдэу пхужыIэмэ. Псалъэм папщIэ, и жылэжьым, къыщыхъуа щIыпIэм, адэжь хэкум теусыхьыныр усакIуэхэм я нэхъыбитIым я творчествэм къыхэбгъуэтэн темэщ. ИкIи гугъущ, адыгэ поэзием ухэплъэмэ, КIыщокъуэ Алим Щхьэлыкъуэ зэрыхуэусам, хьэмэрэ Тхьэгъэзит Зубер Тэрч и Iуфэ Iусхэм псалъэ гуапэу къахуигъуэтам, Нало Заур Урыхужь хужиIахэм яужькIэ уэ уи жылэ укъызыдэкIам щIэщыгъуэу зыгуэр къыхуэбгъуэтыну. Ауэ мис Уэрэзейм «Къулъкъужын» зыфIища и усэр: абы къеджа нэужь, а къуажэр зи дежкIэ хьэрэкъуакIэми фIэтелъыджэ хъунщ, и псэм щыщу гум къинэнщ. Зэрихабзэщи, усакIуэм мыбдежми къыщигъэсэбэпыркъым ямылейуэ хэIэтыкIа псалъэхэр; эпитет, метафорэ, гиперболэ ехьэжьахэри плъагъуркъым. Уеблэмэ си къуажэр фIыщэу солъагъу, жиIэу авторым тхьэ щиIуэжыркъым. Ауэ езы псалъэхэм я зэгъэкIукIэ дахэм, макъхэр пшынэбзэм хуэдэу зэрызэпэджэжым, анапест пщалъэм гущэ щIаупскIэм и ритмыр уигу къигъэкIыжу, гъащIэ дызыхэтым и проблемэ жьгъейхэм укъызэрыхишым - а псоми зэгъусэу тхылъеджэр ехьэхури, усэр псэм негъэс, гукъинэ ещI.
Къызитыжыркъым си гум псэхупIэ,
НакIуэ, жеIэр, нэкIуэж Къулъкъужын… -

мы псалъэхэм ямылейуэ зыри хэлъ хуэдэкъым. АрщхьэкIэ усыгъэм ущихьэхунум деж узэрызыщIишэр псалъэ хэIэтыкIа цIуугъэнэхэракъым, псэм дыхьэращ. ЖиIэну зыхуейхэр усыгъэм и хабзэ дахэм игъэзэгъэжауэ мы усэм хэплъэгъуэным щхьэкIэ авторым къуажэм кIуэжыныр пелъыт и сабиигъуэм къигъэзэжыным. Iуэху мыхьэнэншэ Iэджэм хэту щхьэлажьэм ихь иджырей цIыху къызэрыгуэкIым, гъащIэ хьэлъэм иригъэшам и дежкIэ хъуэпсэгъуэтэкъэ гукъеуэр зищIысыр щимыщIэу, гъащIэр зыкIи къыщытемыхьэлъэу щыта сабиигъуэм, пщIыхьэпIэу нэхъ мыхъуми, зэ къыщыхутэжыныр. Махуэм щIалэ цIыкIу джэгум хэту, гъунэгъу жыг хадэм щытеуи къэхъуу, пщыхьэщхьэ хъуамэ - жьы къабзэр щызепщэ кхъужьей щIагъым, хьэмэрэ Iуащхьэжь лъапэм деж лIыжь жьакIэ тхьэмпэхухэм къаIуэтэж лIыхъужь хъыбархэм едаIуэу, нанэ и таурыхъ дахэхэм щIэжеикIрэ ин хъуауэ езыхэми батэ ягъэш хуэдэу епщIыхьыжыну - абы нэхъ насыпышхуэ сыт щыIэ! Зэ еплъыгъуэкIэ къызэрыгуэкIыу къыпфIэщIын псалъэхэр усакIуэм и IэзагъкIэ уэрэдым и нэхъ дахэм хуэдэ мэхъу.
Уэрэзейм и усыгъэхэм нэхъ ядэплъагъухэм ящыщщ, макъамэ зыщIэлъ уэрэдым хуэдэу, псалъэхэр зэгъэкIуауэ зэрыщытыр. Абы нэмыщIу, мы усакIуэм сыт хуэдэ темэ къыхимыхами, ар къыббгъэделъхьэф гъащIэми пыIумыхауэ, икIи уимыхьэхункIэ Iэмал имыIэу романтикэ мотивхэри хэухуэнэжауэ. Апхуэдэщ «Анэшхуэм и таурыхъхэр», «Бэтокъуэ», «Ди мэзым и жэщыр», «Адыгэ уэрэдыжьхэр», нэгъуэщI куэдри... А псоми я цIэхэр къэтхьыну дыхуежьэмэ, усэу Уэрэзей Афлик итхар къедбжэкIын хуей хъунущ. Ауэ щапхъэ къэпхьын щыхъукIэ, узыблэмыкIынщ езы авторым фIэщыгъэ къызыхухимыха мы псалъэхэмкIэ къыхидзэ усэр:
КъухьэпIэм и пшэплъым щыхишурэ гъуэгу,
Шы гуартэр пщыхьэщхьэм нэщхъейуэ мэджэгу,
Гу узыр кIэлъыплъурэ дыгъэр мэтIыс,
КъэтIыс, шынэхъыщIэ, зэ мэуэ къэтIыс.

Мы теплъэгъуэр нэбэнэушэ нэкъыфIэщIым хуэдэщ, пэж дыдэу къэхъумрэ пщIыхьэпIэмрэ зэхэшыпсыхьыжауэ. Абы кIэлъыплъым и нэгум нэхугъэ гуэри щIэлъщ, игури зыгуэрым кърегъэузыкI, езы псалъэхэр къызыбгъэдэкIри ешауэ къыщIэкIынущи, и гъусэ «шынэхъыщIэри» езыри псэм и псэхупIэ гуэр мэлъыхъуэ. Зи шы гуартэри сытми къыбгурыIуащэркъым, къурш джабэм ныбжь тридзэу арами, пэж дыдэу шы гуартэ дыдэми зэхэгъэкIыгъуафIэкъым. Пэжу щытми, ар къыздикIари дэнэ, щIэнэщхъейри сыт? ИтIанэ, «нэщхъейуэ мэджэгу»: а псалъитIыр зэрызэбгъэзэгъынур дауэ - джэгуу щытмэ, ар нэщхъейкъым, ауэ нэщхъеймэ, ар джэгунукъым! Апхуэдизым и зы жэуапи щыIэкъым, щыIапэми, авторым зыри къыджиIэркъым. ЩIэмыхъумэщауэ къыкъуэщыр сыт жыпIэмэ, «къухьэпIэ» псалъэмрэ дыгъэр зэрытIысымрэщ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, а тIуми щIагъыбзэ палъэу ящIэлъщ акъыл къудейкIэ къыпхуэмыпщытэн гупсысэ гуэр, гъащIэм и щэхущ зыхужыпIэну. Абы ущегупсысым деж, зэрыхабзэщи, гурыфIыр, нэшхуэгушхуагъэр йокIуэт. Ар нэхъри наIуэ къещI гуартэм ехьэлIа «нэщхъейуэ» псалъэм. ИтIанэми, мыр гъыбзэкъым, зытеухуари нэщхъеягъуэ гукъутэкъым: гуартэм и гъуэгуу ныбжьыр зытридзэр пшэплъ дахэщ икIи абы усэм хэлъ псалъэхэм нэхугъэ ящIелъхьэри, гу узыр гугъэкIэ щIеIэтэ. Амфибрахий лъэмбищым еплIанэр нэмыгъэсауэ, макъзешэ хэIэтыкIар зи кIэух усэм гурылъ нэхухэри гуныкъуэгъуэхэри зэхэшыпсыхьыжауэ, езы уафэм кIэрыщIа хъыринэм хуэдэу, ныбжьри, къуршхэри, джабэр зи джэгупIэ шы гуартэри зэдыщIеупскIэ - цIыхугури иримыуду, псэ зыIуту мы дунейм тету зыри имыгъэпIейтейуэ, гъащIэм и хьэлъэмрэ и IэфIымрэ зэпимыгуэшу. Дэтхэнэ едзыгъуэми къыщытригъэзэжурэ хэлъщ «шы гуартэр», «дыгъэр», «шынэхъыщIэр», «тIысын» глаголым и плъыфэхэр. АбыкIэ образ курыхыу усэм хэтхэр нэхъри нэхъ куууэ ди псэм нэхъ хегъэтIысхьэ. Езы шы гуартэр ныбжьым хуэдэщи, пкъыгъуэ хэха иIэу къыхэщыркъыми, романтикэ пшэплъым и гъуэзым къызэдихьри ди дунейм къытрихьауэ къыпфIощI. А гъуэзыр уIэбэу къызэрыпхуэмыубыдынум хуэдэу, мы усэм щIэлъ гупсысэри къэубыдыгъуейщ. ИпэжыпIэкIэ жыпIэмэ, усэм Iэмал имыIэу щIэлъын хуейуэ къэувыркъым зы жыпхъэ гуэрым игъэзэгъа идее гуэр - ар языныкъуэхэм деж псэм щыщIэр къызэрыраш Iэмалщ, аращ гусэ усыгъэ, лирикэ жыхуаIэжыр.
Апхуэдэщ мы зи гугъу тщIыри: макъ зэпэджэжхэмрэ уэрэдыпкъым хуэдэу зыхэпщIэ ритмымрэ псэр дахьэхыу, образ хъуэпсэгъуэхэр уи нэгум, пшэ гуэрэну, щIэкIыу, гупсысэгъуэ нэхухэм дыгъэ бзий дахэр къыпхыплърэ къурш джабэр къызэщIигъаблэу, мис мыращ сызыхьэхуар, зыхужыпIэныр къыхэмыщхьэхукIми, усэм хэухуэна зы IэфIыгъэ гуэрым уи гур иубыдарэ уимыутIыпщу. Ар нэщыпхъуэм хуэдэ гъэпцIагъэу щытамэ, узэриубыдам хуэдэу псынщIэу уи гум ихужынурэ лъэужьыншэу бзэхыжынут. Ауэ мы усэр иджыри зэ сыкъеджэжащэрэт жыпIэу узыщIэхъуэпсхэм ящыщщ. Къытебгъэзэжми пIэщIэужагъуэркъым, бужэгъуным и пIэкIэ, япэм гу зылъумытэу къэна хьэлэмэт гуэр хыболъагъуэ, ещанэ-еплIанэу укъеджэжми, щIэщыгъуэр икIыркъым, нэхъри нэхъ куууэ къыппкърыхьэ мыхъумэ. Аращ поэзие нэсым IэфIагъыу щIэлъыр щызыхэпщIэм деж къэхъур. Апхуэдэр сыусакIуэщ жызыIэ дэтхэнэми къехъулIэркъым, ауэ псэм дыхьэу, тхылъеджэм IукIэ зэрихьэну фIэкъабылу зы усэ закъуэ нэхъ мыхъуми къызэхъулIар хэту щытми, абы хуэфащэщ хьэрфышхуэкIэ хэгъэщхьэхукIауэ УсакIуэ хужыпIэныр. Уэрэзейм и Iэужьу адыгэ поэзием и губгъуэм къыщигъэнащ ар щIыжыпIэн усыгъэ куэд.
ЩыIэщ усакIуэ, зы темэ хэха гуэрым дихьэхрэ ар усыгъэ пщалъэм игъэзэгъэныр нэхъ къехъулIэу. Апхуэдэм и творчествэм утепсэлъыхьынри нэхъ тыншщ: абы нэхъыфIу къехъулIэм нэхъ тегъащIэ, нэгъуэщI темэхэм ящыщ зыгуэрхэр къыбгъурыгъэувэжи - зи гугъу пщIы авторым и шыфэлIыфэр зыхуэдэр къэпхутауэ лъытэ. Ауэ Уэрэзей Афлик хьэлэмэту хэлъам щыщщ, сыт хуэдэ Iуэхугъуэм темыусыхьми, псэщIэ зэрыхилъхьэр, япэм уэ къыпфIэмыIуэхуу, гулъытэншэу къэбгъэна куэдыр, умыгъэщIэгъуэнкIэ Iэмал имыIэу, зэрыуигъэлъагъур. Темэу щытынкIэ мэхъу дунейр къызэригъэщIрэ уэрэдрэ усыгъэкIэ ягъэлъапIэ лъагъуныгъэри, адэжь лъахэри, пейзажри, щIыуэпсым и къэхъугъэхэри, гулъытэ гуэри зыхуэмыфэщэххэу къытфIэщI псэущхьэ гуэрри. Абыхэм ящыщ дэтхэнэри дэ ди дежкIэ ауэ сытми къызэрыгуэкIщ, ауэ усакIуэм и псалъэкIэ а мыхьэнэншэу къытщыхъуу щытар ди псэм и хъуахуэ мэхъу - усэм мис апхуэдэ лъэкIыныгъэ хэлъщ!
… Дэ тщыщ дэтхэнэми хьэ хьэулей екIуэлIапIэншэ илъэгъуауэ къыщIэкIынущ. Абы дыхуэзамэ, дымылъагъу хуэдэ зыдощI, зыкIи ди Iуэху хэмылъу къыдолъытэ, ди щIыб худогъазэ, ди нэр худоуфIыцIри, апхуэдэр щымыIэу къыщIидзыну догугъэ. Ауэ усакIуэм и еплъыкIэр нэгъуэщIщ:
Ныжэбэ жэщым
Хьэр мэпщIэу гуузу.
Ныжэбэ жэщым
Мазэм хьэр йокъугъ…

Псэлъафэу «мазэм екъугъ хуэдэ» хужаIэмэ, хьэр делагъэ гуэрым дихьэхауэ къыдогъэкI. Ауэ мыбдежым ар псэлъафэкъым, атIэ усыгъэм хэт образщ: мазэ узылъэмыIэсыным, мазэ щIыIэм уджэкIэ узэрызэхимыхынум хуэдэу, уи гурыгъур зэрызыхимыщIэнум хуэдэу, мы щIылъэм тет цIыхури тхьэмыщкIэм и гуныкъуэгъуэхэм хуэдэгу-хуэнэфщ:
Уэрамым дэтщ, мэжалIэрэ кIэзызу,
Мы дуней псом
ЩимыIэу зы бжэкъуагъ.

Мы сатырхэм нэкIэ урижэм къыщымынэу, къыппкърыхьэмэ, хьэ хьэулейм нэгъуэщIу уеплъынущ. Дауи уемыплъынрэ, мыпхуэдэ псалъэхэр зыхэпщIэмэ:
Мэкъугъыр хьэр,
и къугъыр гъыбзэ хьэлъэу,
Гъуэгуншэ гъуэгуу
уэгум икIуэдащ...
... Хьэ хьэулейщ ар,
Зыми къамыдэжу.
Хьэ хьэулейщ ар,
Къытехьащи лей...

Псэ зыIут дэтхэнэми гулъытэ зэрыхуэщIыпхъэр дощIэ, дыпсалъэмэ, жьэкIэ жыдоIэ, арщхьэкIэ зыми имыдэжу уэрамым къыдэна псэущхьэ хейм и къугъ макъыр абы щхьэкIэ увыIэркъым. Ар апхуэдизу гущIыхьэщи.
Дэ тхуэдэ цIыху къызэрыгуэкIым «къэхъуакъым зыри», - жиIэнщ, и шхыIэн хуабэр зытрипIэжынщи жеижынщ. Ауэ усакIуэр лей зытехьэ псоми я уэчылщ, абы и гур хэт щхьэкIи узыну къигъэщIащ. Хэт и мыгъуагъэри абыи и мыгъуагъэщ, хэт и гурыгъузми ар дэхыщIэну апхуэдэ къалэн Тхьэм абы къыхуигъэфэщащ. Езыри блэкIынукъым, дэри IэфIу дигъэжеинукъым, «зым и псэ тхьэджэм адрейр хуэмыдэгуу» мы дунейр зэтес мыхъуауэ.
А темэм усакIуэшхуэ Iэджэу тетхыхьахэм ящыщщ Кавказри Урысей псори зэрыгушхуэхэу Гамзатов Расул, Кулиев Къайсын, КIыщокъуэ Алим сымэ хуэдэхэр. Абыхэм я ужькIэ мы темэм щIэщыгъуэу зыгуэр хэплъхьэфыныр езыр лIыгъэщ. Уэрэзейми езым и Iыхьэ хилъхьауэ жыпIэ хъунущ мы мотивыр цIыхум зыхригъэщIэным. Хьэм и образыр къигъэсэбэпу, усакIуэм нэгъуэщIхэри къыдиIуэкIыу жыпIэ хъунущ мыбдежым: мы псэ зыпыту къигъэщIахэм ящыщу бзэ зыIурилъхьэжу зэхэщIыкI зыхуигъэфэщар цIыхум и закъуэщ, жыдоIэри дэ зыдогъэпагэ. Ауэ а зи бзэ мыпсалъэ къомым я щхьэ дыщIищIам имыщхьэусыгъуэу пIэрэ а псори зэрыхъумкIэ дэ жэуап тхьыжын зэрыхуейр? Пэжщ, абыхэм я къалэным дыкъыдэхуэу дэ тыншыгъуэшхуэ дымыгъуэтыжынкIэ мэхъу. АтIэ дэ дытыншын, дытхъэн къудейм дыкъыхуигъэщIа? Адрей псэущхьэхэри хъунщ, ауэ дэ тхуэдэ цIыхуу, ауэ дэхуэхауэ, ишхынрэ зы хуабапIэрэ зимыIэу дапщэм демыплъыххэу зыбледгъэхрэ! Хьэмэрэ деплъми, дымыукIытэу дыблэкIрэ! Мис а псоми урегъэгупсыс мы усэ закъуэм, усэ гущIыхьэм, псэм и бампIэр къэзыIуатэм. Езым игури апхуэдэ гурыгъузхэм яIыгъщи, арауэ къыщIэкIынщ усакIуэм щIыжиIэр мыпхуэдэу:
Схуэгъэхъукъым жэщ,
Схуэгъэщкъым нэху,
Дакъикъэ закъуи
Гур мыпсэху.

Усыгъэр къызэрыунэхурэ мыкIуэщIыжхэм ящыщщ бзылъхугъэр гъэлъэпIэныр, абы и дахагъым хуэусэныр. А темэм зезымыпщыта куэд щыIэу къыщIэкIынкъым усэ зэхэлъхьэным тегушхуахэм ящыщу. Ауэ зым иусыр езым и Iум  икIыу жыжьэ нэсыркъым, адрейм и псалъэр зэхэзыхам ящыщ куэдым я гум къонэж, языныкъуэхэм деж илъэс пщIы бжыгъэкIи, щэ бжыгъэкIи ящымыгъупщэжу цIыху цIыкIум яIурылъщ. Сэ тхьэлъанэ схуэщIынкъым, Уэрэзей Афлик и лъагъуныгъэ усэхэр зэи мыкIуэдыжыну дунейпсо гупсэ усыгъэм и сантIыкъым илъыну. Ауэ адыгэбзэкIэ тхауэ щыIэ усэ нэхъыфIхэр къыхэпщыпыкIын хъумэ, псалъэм щхьэкIэ мыпхуэдэм ублэкI хъуну си гугъэкъым:
Дыгъуэпшыхь сэ слъэгъуати зы пщащэ...
ЩытеувэкIэ, щIылъэр Iущащэу,
Тхьэмпэ гъуэжьхэр гуфIэжу Iущащэу,
Дыгъуэпшыхь сэ слъэгъуати зы пщащэ!

Мы усэр зэрыщыту сатыр плIырыплIурэ едзыгъуиплI хъууэ арщ, абыхэм ящыщу сатырийр зым и къытегъэзэжым еубыд: «Дыгъуэпшыхь сэ слъэгъуати зы пщащэ». Абыи псалъэ хэIэтыкIа хэлъкъым, прозэ къызэрыгуэкIым хуэдэщ. АрщхьэкIэ а зыри зыхэмылъ хуэдэ псалъэхэм нэри пэри яхьэху. ИкIи а сатырым дапщэрэ къытримыгъэзэжми, и мыхьэнэм хэхъуэ фIэкIа хэщIыркъым. Нэхъри нэхъ куууэ зыхыбощIэ:
Дыгъуэпшыхь сэ слъэгъуати зы пщащэ...
КъысхуэгуфIэщ, сигъэщIри гурыщIэ,
КIуэдыжащ, бзэхыжащ гъуэбжэгъуэщу.
Дыгъуэпшыхь сэ слъэгъуати зы пщащэ!

УсакIуэм къытхуиIуатэркъым а пщащэм и теплъэри, и IуэхущIафэри, ар щилъэгъуа щIыпIэри. Ар миным ящыщ зыщ, арщхьэкIэ мин бжыгъэми зыри яхэткъым дахагъэ гуэркIэ къыхэмыщу, мы дунейр зыгуэркIэ хуэмыгъэдахэу - уэ къэплъагъун хуейуэ аращ. КъыхэплъагъукIын хуейщ мы зэрызехьэм, нэ дахэрэ гурылъ къабзэкIэ. ИтIанэ дунейм и IэфIри псэкIэ зыхэпщIэнущ, дуней зэхэзэрыхьам зы тэлайкIэ укъыхэкIуэтынурэ, дахагъэмрэ къабзагъэмрэ я лъахэм уитынущ.
Дунейпсо усыгъэм псалъэрыIэзагъым и зы пщалъэ нэрылъагъу щыхъуащ европей классикэ усэ гъэпсыкIэм къупхъэу щыува пкъыгъуэхэм уи тхыгъэр дагъуэншэу ибгъэтIысхьэфыныр. Апхуэдэ пкъыгъуэ нэхъ гугъу дыдэу Iэзагъым гъэунэхупIэ хуэхъухэм ящыщщ сонетыр. Абы и щапхъэ телъыджэ я Iэдакъэ къыщIэкIащ Шекспир, Петраркэ, Микеланджело сымэ, нэхъ иужьыжкIэ абы тын лъапIэ хуащIащ Буало, Бодлер, Гейне, урысхэм ящыщу Пушкиным, Блок, Брюсовым, нэгъуэщI куэдми. А пкъыгъуэр усакIуэхэм я дежкIэ Iэзагъым и гъэунэхупIэ хъуащ - сонетыр къохъулIэмэ, усакIуэ нэгъэса ухъуауэ уалъытэу. Дауи, ар зымытхыр хуэмыхуу жытIэу аракъым, итIанэми, къызэхъулIэм фIыщIэр и Iэрылъхьэщ. Сонетым нэхърэ нэхъ гугъужщ сонет Iэрамэ жыхуаIэр. Ар сонет пшыкIутхуу зэхэухуэнащ, пщыкIуплIыр зым икIрэ къыкIэлъыкIуэм къыщытезыгъэзэж сатырхэмкIэ зэпхауэ, яужь дыдэр япэрейхэм ящыщ сатыр зырызыххэу зэпыгъэувэжауэ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, апхуэдэр хуэфэщэн Iэзагъи, гукъыдэжи, гуащIэшхуи пхэмылъу къохъулIэнукъым.
Сабий къэпсэлъагъащIэм и бзэр псынщIэрыпсалъэкIэ ягъэтэрэз хабзэщ. АбыкIэ а цIыкIум и бзэр адыгэ псэлъэкIэм хуэкъута мэхъу. АрдыдэмкIэ ягъэунэху тэмэму псэлъэфымрэ зи бзэгупэр фIыуэ мыкIэрахъуэмрэ. Абы ещхьу, ди усакIуэ нэхъыфI дыдэу къэтлъытэнухэм ящыщ зыбжанэм я Iэзагъыр сонетрэ сонет IэрамэкIэ ягъэунэхужащ. Уэрэзейри ящыщщ тегушхуэу а лъагъуэм тезыубыдэу щхьэдэхыпIэ лъагэм щхьэпрыбэкъукIыфахэм: абы сонет щхьэхуэу иIэхэм нэмыщI, сонет Iэрамэу тIу итхащ, дэтхэнэри лъэпкъ усыгъэм и ехъулIэныгъэхэм ящыщу къэплъытэну!
ХХ лIэщIыгъуэм дэ къытхуигъэфэща адыгэ усакIуэу тхылъ къэзыщтэ дэтхэнэми и псэм нэхъ дыхьэхэм, анэдэлъхубзэм и дахапIэр къэзыгъазэхэм, лъэпкъым и гурыгъу-гурыщIэхэри щхьэ закъуэм и хъуэпсапIэхэри нэхъ гупсэхугъуэрэ Iэзагъышхуэ хэлъу къэзыIуэтахэм, и анэбзэр хэпщIыкIыу зыгъэбэтахэм ящыщ зыщ Уэрэзейр. Дэ абы и Iэдакъэ къыщIэкIа тхылъ зыбжанэм ярыт усэхэм яхэтлъагъуэркъым щхьэхуэу къапщтэурэ утетхыхьыну зыхуэмыфащэ, набдзэгубдзаплъэу уеплъмэ, уи гум ехуэбылIэн гупсысэ, бгъэщIэгъуэн зэгъэпщэныгъэ хьэлэмэт, хьэмэрэ удэзыхьэх макъ зэпэджэж дахэ зыхыумыгъуэтэн. Афлик и усыгъэ тематикэр куэд мэхъу, ауэ, сытым зыхуимыгъэзами, дэтхэнэ зы Iуэхугъуэми щIэщыгъуэ гуэр къыхигъуэтащ.
Уэрэзейр ди литературэм лъэужьыфI къыщызына, ар ипэкIэ зыгъэкIуэта, езыгъэфIэкIуа усакIуэ нэхъ инхэм ящыщ зыщ. Езым зы усэ гуэрым зэрыщыжиIащи, «И пшыналъэ егъэIуж дэтхэнэ зыми». Ауэ зыгуэрым и пшыналъэр зыфIэхьэлэмэтыр езым и закъуэщи, кIуэдыжыгъуафIэ дыдэщ, адрейм и Iэужьыр лъэпкъым и набдзэщи, авторыр илъэс щэ бжыгъэ ипэкIэ узджынтами, и псалъэр псэууэ дунейм тетщ, иджыри апхуэдизкIэ тетынущ. ЩIыр иджыри Iэджэрэ кIэрэхъуэнущ, зэманыр кIуэнущ, Iэджэхэми я тхыгъэ абы и пшагъуэм хилъэфэжынущ. Ауэ лъэпкъыр узыншэу дунейм тетыху, анэдэлъхубзэр зекIуэху, ди усакIуэ нэхъыфIхэм я псалъэр гъуазэу щытынумэ, Уэрэзей Афлик и цIэр куэдрэ иджыри фIыкIэ къраIуэнущ, и творчествэри иджыри куэдрэ къапщытэнущ.
Ди гуапэми, ди жагъуэми, ар нобэкIэ ящыщкъым литературэхутэ еджагъэшхуэхэмрэ критикхэмрэ зи творчествэм хуэфэщэн гулъытэ хуащIахэм, цIэ лъапIэхэмрэ саугъэт лъапIэхэмрэ къызрагъэлъэлъэхыжахэм. Езы Афлики утыкуакIуэу, зи макъым лъагэу зезыгъэIэту щытахэм ящыщакъым. Ар цIыху сабыру, къыхуагъэфащэр и Iыхьэу щытащ, и щхьэм хуэмыфащэ щIэбэнрэ абыкIэ и щхьэр игъэпудыжу зэи зыми илъэгъуакъым. И гугъу умыщIмэ, игъащIэкIэ уи Iуэху зэрихуэнутэкъым, сэ сынэхъыфIщ жиIэу дэуэнутэкъым, зигъэлъэгъуэн къудей щхьэкIи утыкум илъэдэнутэкъым, абы и пIэкIэ щхьэегъэзыпIэ гуэр къигъуэту тхэуэ щысым нэхъ къищтэнут.
АрщхьэкIэ, факъырэ жьакIуэм хьэжыгъэ куэд хех жыхуаIэращ, мы дунеягъэкIэ сыт щыгъуи нэхъ гулъытэшхуэ зылъысыр нэхъыбэрэ нэм къыщIэуэхэращ. Арати, Уэрэзейр, кърикIуапхъэ щIыхьым пэмыплъэу псэ хьэлэлкIэ и IэнатIэм пэрыт Iэджэми яхуэдэу, талантрэ лэжьыгъэкIэ хуэфащэ пщIэр имылъэгъуауэ и дуней Iыхьэр иухри, и щIы Iыхьэр игъуэтыжащ. И псэущхьэ къылъымысар и лIаищхьэкIэ иIуэтэжыным щхьэкIэ абы и къалэмыпэм къыщIэкIахэм лъэпкъымрэ литературэмрэ я дежкIэ мыхьэнэуэ яIэр гъэнэхуауэ къэпщытэныр лъэпкъ литературэр къэзыхутэхэм я къалэн лъапIэщ.
НобэкIэ абы дызэрыхунэмысар зи лэжьэжыр дэращ, ауэ шэч къытесхьэркъым, ди анэдэлъхубзэр зекIуэу щыIэ закъуэмэ, а ди зэхуэдэ щыуагъэр ди яужь итхэм зэрызэрагъэзэхуэжынум - купщIэфI зыхэлъ статьяхэмкIэ, диссертацэхэмкIэ, къэхутэныгъэ тхылъхэмкIэ, адыгэ лъэпкъым и усакIуэм хуищIыж лъагъуныгъэмкIэ. Езы Уэрэзейм и усэхэм ящыщ зым зэрыфIищащи, «Умынэщхъей!», иджыри дунейр Iэджэрэ кIэрэхъуэнущ, ар кIэрахъуэмэ, цIыхупсэр усыгъэ хуэныкъуэнущ. Апхуэдэу щыхъукIэ, Уэрэзей Афлик и цIэр зэманым хэкIуэдэжынукъым.

ГЪУТ Iэдэм, филологие щIэныгъэхэм я доктор.
Поделиться:

Читать также:

25.03.2024 - 15:30 Си жэнэт
21.03.2024 - 11:30 Ахъмэт и фо изщ