ДэлъапсэщIэкI

Узым зэрызыщахъумэ Iэмалу, IэзэкIэ лIэужьыгъуэу щыIащ дэлъапсэщIэкIыр. Жыгым (дэшхуейм) пщIэ хуэщIыным, мэгъум зэфIэкI ин иIэу я фIэщ хъууэ зэрыщытам къыхэкIащ.

ДэлъапсэщIэкIыр гъатхэпэм ящIт. А зэманыр уз къэхъеигъуэу къалъытэрти, узым япэ зрагъэщу ящIу арагъэнт. Абы нэмыщIу, пIалъэ хэха имыIэу, уз шынагъуэ гуэр къежьами ящIт.

ДэлъапсэщIэкIыр хэку, жылэ къэс зэращIыр зэщхьэщыкIырт. Гъатхэ къэс зыбжанэрэ зыщI щыIэт. Мазэ псокIэ бэрэжьей махуэ къэс гунэщIу жыгым щIэкIыуи щытащ.

Жылэм пэмыжыжьэу дэшхуей ин къагъуэтт, и лъабжьэр инрэ фIыуэ зидзауэ. Жыг лъабжьэр щIатIыкIырт, цIыху ипщыфыну. Зэрыжылэу щIэпщт жыг лъабжьэм, псом хуэмыдэу сабийхэр щIагъэкIырт.

Уз зиIэр игъэхъужрэ узыншагъэри къихъумэу къафIэщIт. Узыр жыг лъабжьэм иубыдрэ мащэм къинэу жаIэрт. Жылэ псо мыхъуу, цIыхум и закъуи щIэкIыу къэхъурт: псалъэм папщIэ, анэм сабий сымаджэ иIыгъыу щIэкIырт. Адрей тхьэлъэIухэм ещхьу, дэлъапсэщIэкIми тыхь щащIт, шхын къыщаIэтырт.

Шхыныр унагъуэм къина бзылъхугъэхэми лъагъэIэст, тхьэлъэIур тхьэм ищтэн папщIэ.

ДэлъапсэщIэкIыр 1920 гъэхэми мыкIуэдауэ Шапсыгъым щащIу щытащ. Апхуэдэу Тхьагъапщ къуажэм дэлъапсэщIэкIыр гъатхэм щэ щIыгъуэ щащIырт: гъатхэ сэгъуэм ипэкIэ, гъатхэ сэгъуэм, сэн яуха нэужь. Еуэ къэси щIыпIэ щхьэхуэм щащIт. Дей лъабжьэр щIатIыкIырт. Абдеж щызэхуэсырт жылэм цIыхухъуу дэсыр, абы нэхъ пыIудзауэ фызхэмрэ сабийхэмрэ зэхуэст. Шхын кърахьэлIэт, тыхь ящIыну мэл, бжэн сытхэр кърашалIэт. ПщIэ зиIэ нэхъыжь гуэрым Тхьэм зыхуигъазэрти, лъаIуэрт жылэр узыншэну, цIыху яхэмыщIу, зыхуэныкъуэншэу псэуну. Абы иужькIэ Iэщыр яукIырт. Лыр вэуэ шха нэужь, дэлъапсэм щIэкIхэт.

Япэ щIыкIэ цIыхухъухэр шхэти щIэкIт, абы яужькIэ фызхэмрэ сабийхэмрэ шхэти жыг лъабжьэм щIэкIт. Жылэр дэлъапсэм щIэкIа нэужь, жыг лъабжьэр щIатхъуэжт.

Iэзэгъуэм и зэфIэкIыр нэхъ ин хъун папщIэ, абы тыхьри дыщIагъурт; тхьэлъэIур тхьэм нэхъ ищтэн папщIэ, шхыныр псоми лъагъэIэст; а гугъэ дыдэр яIэщ щыщIэпщ махуэр бэрэжьейм щытрагъахуэкIи, жыгым гунэщIу щыщIэкIкIи.

Абы къинэмыщIу, уз зэрыцIалэ Iейхэр (емынэ, тэло сытхэр) къыщежьэкIэ, псы Iуфэм деж щIыр щIатIыкIырт, абы и лъэгур къратIыкIыжырти, гуарцэ мафIэ иращIэрт. Мащэм и щхьэр чийкIэ ягъэбыдэжырти Iугъуэр щIагъэууэ цIыхухэр, Iэщыр абы щIагъэпщырт (мыбы папщIэ къэбэрдейхэм щIэпщ жаIэ).

ДэлъапсэщIэкIыр цIыхур щIэрыщIэу («къабзэу», «уз кIэрымылъу») дунейм «къытегъэхьэжыным», «къалъхужыным» хуэгъэпса дауэдапщэщ.

Поделиться: