Дунейм щыхъыбархэр

Нобэ

1815 гъэм Швейцарием дунейм щыяпэу лэжьэн щыщIидзащ кхъуей щащI заводым.

1826 гъэм Грибоедов Александр Грозный быдапIэм щаубыдат, зыкъэзыIэта декабристхэм япыщIауэ щытауэ шэч хуащIри.

1920 гъэм Урысейм къыщызэрагъэпэщащ хъугъуэфIыгъуэхэм я хъумапIэ.

1930 гъэм Вьетнамым и Коммунист партыр къызэрагъэпэщащ.

1945 гъэм Польшэм хыхьэ Одеррэ Вислэрэ псыхэм деж щекIуэкIа зауэшхуэр иухащ.

1957 гъэм франджы химик Хои Нгуен Бу хэIущIыIу ищIащ тутын Iугъуэм лышхыр къэзыгъэхъей пкъыгъуэ къызэрыхигъуэтам теухуа хъыбарыр.

1958 гъэм Гаагэ (Нидерландхэм) Iэ щытрадзащ Бенилюкс экономикэ зэгухьэныгъэ къызэрызэрагъэпэщым теухуа зэгурыIуэныгъэм.

1966 гъэм «Мазэ-9» совет станцыр дунейм щыяпэу Мазэм щетIысэхащ. Ар ягъэлъэтат 1966 гъэм щIышылэм и 3I-м. Аращ Мазэм и щхьэфэм япэу сурэт тезыхыу ЩIым къезыгъэхьауэ щытари.

1972 гъэм Саппорэ (Японие) къыщызэIуахащ ХI щIымахуэ Олимп джэгухэр. Зэпеуэхэр екIуэкIащ мазаем и 3 – 13-хэм.

1920 гъэм РСФСР-м къыщызэрагъэпэщащ хъугъуэфIыгъуэхэм я къэрал хъумапIэ.

1924 гъэм «Къэбэрдей Плъыжь» газетым и цIэр «Къэрэхьэлъкъ» жиIэу зэрахъуэкIащ.

1925 гъэм СССР-м радиом псэлъэн щыщIидзащ.

2006 гъэм тенджыз Плъыжьым щыщIилъэфащ Мысырым и «Ас-Салям-98» брамыр. Абы иса цIыху 1372-м щыщу къелар 376-рэ къудейрт.

1931 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэу щыта, КъБР-м и цIыхубэ артист Къуныжь Хьэждал.

1941 гъэм къалъхуащ сценарийхэр зытхыу щыта, драматург, РСФСР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, СССР-м и Къэрал саугъэтыр зрата Володарский Эдуард.

1942 гъэм къалъхуащ совет дзэ къулыкъущIэ, СССР-м зыхъумэжыныгъэмкIэ и иужьрей министру щыта, авиацэм и маршал Шапошников Евгений.

1973 гъэм къалъхуащ урысей актёр, теленэтынхэр езыгъэкIуэкI, Къандур Мухьэдин триха «Шэшэным щафIэкIуэдар» фильмым щыджэгуа Чернышов Андрей.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 8 - I0, жэщым I градус щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Гъусэ бзаджэм мысэ уещI.

 

 

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

18.04.2024 - 16:13 НОБЭ
17.04.2024 - 11:43 НОБЭ
16.04.2024 - 11:18 Псалъэжьхэр