Къэралым и командэ къыхэхахэм зыщагъэхьэзырыну

Псы есыпIэ бассейн зыхэт физкультурэ-узыншагъэр щрагъэфIакIуэ комплекс щаухуэну я мурадщ Къэбэрдей-Балъкъэрым хыхьэ Iуащхьэмахуэ куейм.

КъБР-м спортымкIэ и министр Хьэсанэ Ислъам зэрыжиIамкIэ, Урысей Федерацэм щынэхъ лъагэ дыдэ щIыпIэм - Тырныауз щаухуэну комплексым зыщагъэсэну Iэмал ягъуэтынущ спорт лIэужьыгъуэ куэдымкIэ зызыгъэхьэзыр къэралым и командэ къыхэхам хэт спортсменхэм.

Тырныауз къалэр тенджызым и щхьэкIэ метр 1300-кIэ щхьэщокI икIи Урысейм бгылъэм щыщыIэ нэхъ къалэ лъагэу ябж. Абы щыщыIэ щIыуэпс-климатыр спортсменхэм я зыгъэсэныгъэхэм дежкIэ фIы дыдэу къалъытэ.

«Бахъсэн» физкультурэ-узыншагъэр щрагъэфIакIуэ комплексыщIэр Iуащхьэмахуэ куейм хыхьэ Тырныауз къалэм щыухуэныр хохьэ КъБР-м и Правительствэм къищта «Къэбэрдей-Балъкъэрым физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ зыщегъэужьын» къэрал программэр щIыналъэм щыгъэзэщIэным. Ухуэныгъэм къызэщIеубыдэ спорт утыкушхуэхэр. Абы хэтынущ джэгукIэ спорт лIэужьыгъуэхэр щекIуэкIыну тщIыпIэр, атлетикэ хьэлъэмкIэ пэшыр, тренажёр зэмылIэужьыгъуэхэр зыщIэтыр, метр 50 зи кIыхьагъ есыпIэ зиIэ бассейныр. А проектыр гъэзэщIэным Iэмал къитынущ бгылъэ щIыпIэхэм зыщызыгъасэ къэралым и командэ къыхэхам папщIэ республикэмспорт базэ щаIэныр», - жиIащ Хьэсанэм.

Министрым и псалъэхэм къызэрыхэщамкIэ, муниципальнэ районхэм я щIыпIэ администрацэхэм къагъэхьа тхыгъэхэм япкъ иткIэ ухуэныгъэм и программэм хагъыхьэ спорт инфраструктурэм и нэгъуэщI объектхэри, туристхэм я деж щIэупщIэ щиIэ щIыналъэхэри къызэщIиубыдэу. «Ухуэныгъэхэр зэфIэкIа иужь объектхэр муниципалитехэм иратыжынурэ, туристхэр абы ирагъэшэлIэным ехьэлIа унафэхэр езыхэм тращIыхьыжынущ. Ухуэныгъэхэм щыщIадзэну лъэхъэнэр зэлъытар федеральнэ, республикэ бюджетхэм мылъку къызэраутIыпщырщ», - дыщIигъужащ спорт IуэхущIапIэм и унафэщIым.

КЪЭХЪУН Бэч.
Поделиться:

Читать также: