Тхыгъэр зыгъэбей сурэтхэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ сурэтыщI, лъэпкъ гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ хэлъхьэныгъэ хуэзыщIа цIыху гуащIафIэ Жылэ Анатолэ «Адыгэ псалъэм» ди хьэщIэщ.

АдыгэбзэкIэ дунейм къытехьа тхылъ куэд дыдэ Жылэм и сурэтхэмкIэ гъэбеящ. Тхылъхэм сурэт яхуищIын щыщIидзамкIэ къедгъэжьащ ди зэпсалъэр.                                                            

- Дэтхэнэ IэщIагъэми хуэдэу, сурэтыщIхэм я IэнатIэри зэмылIэужьыгъуэу зэтопщIыкI. Сэ сурэт щIыным и лIэужьыгъуэ псоми си зэфIэкI сыщеплъащ. Ауэ нэхъыбэу сызыхуэIэижьу цIыхухэм къалъытэр, сэ езыми къызэрысщыхъумкIэ, «станковая живопись»-кIэ зэджэращ. Ари лIэужьыгъуэ зыбжанэу зэтIопщIыкIыж. «Нур», «Нюр» сабий журналхэм къыдэкIын щыщIадзагъащIэхэм сфIэгъэщIэгъуэну илъэс зыбжанэкIэ садэлэжьащ. ИужькIэ Нало Заур зэхуихьэсу къыдигъэкIауэ щыта «Сказки народов мира» тхылъитIым елэжьахэм сахэтащ. Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и дзыхь къызигъэзри, абы къыдигъэкIыну мурад ищIа «Уафэгъуагъуэ макъ» романым (зытхар Лохвицкий Михаилщ) сурэт хуэсщIыну къызэлъэIуат. Сурэтхэр тхылъым кIуэн ипэ, газетым и къыдэкIыгъуэхэм къытрадзэ пычыгъуэм хэтын хуейти, псынщIэу сымылажьэу хъуртэкъым. Зы сурэтым сэ махуэ зыщыплI тезгъэкIуадэмэ, газетыр махуэ къэс къыдэкIырти, абы зытезухуэн хуей хъуащ. Тхылъыр щагъэхьэзырым иджыри сурэт зыбжанэ гъусэ хуэсщIыжри, дунейм къытехьауэ щытащ. ЖысIэну сыхуейщ а тхылъым сэ къызэрыгуэкIыу сызэрыбгъэдэмыхьар. Абы и купщIэм ар къыпхуидэнуи къыщIэкIынтэкъым. АпхуэдизкIэ сигурэ си псэрэ хыхьэу селэжьати, илъэс зыбжанэ ипэ Налшык къыщысхузэрагъэпэщауэ щыта гъэлъэгъуэныгъэм хэзгъэхьат ахэр.

Сэ куэд щIауэ сфIэгъэщIэгъуэнт XX лIэщIыгъуэр цIыхум игу зэрыриубыдам, абы и къэхъугъэ нэхъыщхьэхэр литературэм, гъуазджэм къызэрыхэщыжыр. Пасэ зэманым къэхъуа Iуэхугъуэхэм я IэфIыр къэуат щIэлъу ди деж къэзыхьэсыр литературэмрэ гъуазджэмрэщ. ЯтIагъуэм къыхащIыкIа пасэрей хьэпшып цIыкIум куэдкIэ нэхъыбэ къыбжиIэфынущ, псалъэ гъущэхэм нэхърэ. А щхьэусыгъуэм къыхэкIыу литературэм сыхэIэбэри, къагъэщI дунейкIэ сэ нэхъ спэгъунэгъу, сфIэгъэщIэгъэун Гарсие Маркес Габриэль, Айтматов Чингиз, Искандер Фазиль, Бещтокъуэ Хьэбас сымэ я тхыгъэ нэхъыфIхэм селэжьат. Хуабжьу сфIэгъэщIэгъуэнщ литературэр, нэгъуэщIуи художникым и Iуэхур хъунукъым, дунейпсо гъуазджэм, литературэм фIыуэ хэпщIыкIын хуейщ. Уи къэухьым зебгъэужьыху уи IэрыкIхэр нэхъыфI, ящIэлъ гупсысэр нэхъ куу хъуну аращ. Егугъу къудеймэ, техникэм псори пхуегъэсэнущ, ауэ гупсысэ щIэлъу теплъэгъуэ пщIыным куэд дыдэ хуейщ.

- «Тхьэм лъыхъуэурэ» тхылъым хуэпщIа сурэтхэр хуабжьу сигу ирихьащ. Ахэр романым щыщ теплъэгъуэ къудейкъым, атIэ гупсысэ куу, щIагъыбзэ зыщIэлъщ. Абыхэм узэрелэжьам, сурэтхэм ящIэлъ философием узэрыхуэкIуам я гугъу уэзгъэщIынут.

- ХьэфIыцIэ Мухьэмэд къэпсалъэри Лохвицкэм и тхылъ етIуанэ къыдигъэкIыну зэригъэхьэзырыр, иджырейм и сурэтхэри сэ сигъэщIыну зэримурадыр къызиIуэтылIат. «Тхьэм лъыхъуэурэ» романыр къысIэрыхьа иужькIэ, мазэкIэ седжащ, сымыпIащIэу, зытепсэлъыхь Iуэхугъуэхэм си нэгу къыщIагъэхьэ теплъэгъуэхэр къыхэстхыкIыу, абы щIэлъ философием сегупсысу. Къызэрыхэбгъэщащи, мы сурэтхэр тхылъым и иллюстрацэ къудейкъым. Сэ сызыхуеяр тхылъыр зытеухуар щIэзыгъэхуабжьэ гупсысэ ящIэслъхьэнырщ. Псалъэм папщIэ, тхыгъэм Уэзырмэс джэгуакIуэу къыхощ, ар абрэдж щIалэ хуозэри, зэпэщIоувэ. Абрэджым Iэщэ къыщрихкIэ, Уэзырмэс абы псалъэ пегъэув. Абы сыщелэжьым сигу къэкIыжат Иисусрэ Понтий Пилатрэ щызэхуэзар. Ар къытещу Ге Николай ищIауэ «Что есть истина?» сурэт бэлыхь щыIэщ. Мис ахэр гъуазэ схуэхъуащ. А зэпэщIэуваитIым я хъуреягъым къэуц хужь щабэ кърехьэх, ар Уэзырмэс и къабзагъэм, и щабагъэм и щыхьэтщ.

Мыри жыIапхъэу къызолъытэ. «Уафэгъуагъуэ макъым» хэт лIыхъужьхэу Уэзырмэсрэ Чэбэхъанрэ я къуажэр мафIэм иса и ужькIэ абы къыдокI, ауэ «Тхьэм лъыхъуэурэ» къагъэзэжауэ романым дыщрохьэлIэ. Абыхэм къыздагъэзэжа адыгэ щIыгур апхуэдизкIэ нэщI хъуащи, езыхэм къагъэIу макъым къищынэмыщIа, нэгъуэщI макъ зэхамыхыу илъэс бжыгъэкIэ мэпсэу. Апхуэдэ дыдэу «Уафэгъуагъуэ макъ» романми сигу имыкIыж теплъэгъуэ хэтщ. Урыс офицерыр зы лIыжь гуэрым деж щыхьэщIэрти, лIыжьым щIалэр и ужь иригъэувэри зыщIыпIэ ишащ. ДаIуэмэ, урысым щэIу макъ зэхихыу къыщыхъуащ. Iуащхьэ цIыкIум зэрыщхьэдэхыу, абы илъэгъуащ джэбын хужьым езыхэм зыкIуэцIагъэджэрэзэжауэ тафэм хуэфIу телъ цIыху гупыр. ЩIэзылъхьэжын ямыгъуэтынкIэ шынэу арат апхуэдэу щIащIар. Къуаргъ нэпсейхэр абыхэм еуIуу я гущIыIум ист. Офицерым зыхуэмыIыгъыу къыIукIыжат. ЗанщIэу абы и сурэтри си нэгу къыщIыхьат, апхуэдизкIэ образ лъэщ хъуати.

- Сэ сызэрыщыгъуазэмкIэ, «Тхьэм лъыхъуэурэ» романым сурэт 16 хуэпщIащ. Псори зэхэту сыт хуэдиз зэман абыхэм текIуэдар?

- Псоми илъэс ныкъуэм нэблагъэкIэ селэжьащ. ЗэрыжысIащи, зы сурэтым махуэ зыщыплI токIуадэ, абы къищынэмыщIауэ, зы сурэтым и гупсысэр ппкърымыкIыжауэ адрейм уетIысылIэ хъунукъым. Зы гупсысэр уогъэтIылъри, адрейр къыбощтэ. Гупсысэ зырыз яIэ щхьэкIэ ахэр налъэ гуэрхэмкIэ зэпхауэ щытыпхъэщ.

- Уи лэжьыгъэм сытым утригъэгушхуэрэ, къару къуитрэ?

- Сэ сымылэжьэну къару зыхуэзгъуэтыжкъым. Лэжьыгъэм, гуащIэдэкIым я IэфIыр зэ нэгъэсауэ зыхэзыщIам къикIуэт иIэнукъым. Сэ сызытепсэлъыхьыр сомракъым. Мылъкум уегупсысу сурэт щIыным уетIысылIэ хъуххэнукъым, ар къызэромыхъулIэнур хьэкъщи. Къару куэд пIех творчествэм, ауэ къуитыр тIукIэ нэхъыбэжщ.

Епсэлъар ЩОМАХУЭ Залинэщ.
Поделиться: