Зыгъэсэныгъэхэр текIуэныгъэкIэ къызэIуах

Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым щекIуэкI зэхьэзэхьэзэхуэр гъатхэпэ пщIондэ зэпагъэуащ. А зэманым къриубыдэу командэхэм зыгъэсэныгъэхэр ирагъэкIуэкI, футболистыщIэхэмкIэ загъэлъэщ, мазэ дэкIмэ щIэзыдзэжыну зэпеуэм зыхуагъэхьэзыр.

Мы махуэхэм зи чэзу зыгъэсэныгъэхэр ЕсэнтIыгу къалэм щрегъэкIуэкI «Спартак-Налшыкым». ЩIымахуэ зыгъэхьэзырыгъуэ Iыхьэм хиубыдэу налшыкдэсхэм япэ зэныбжьэгъугъэ зэIущIэр драгъэкIуэкIащ Ставрополь крайм футболымкIэ и чемпионатым 2021 гъэм ещанэу пашэныгъэр къыщызыхьа Невинномысск къалэм и «Ставрополь-АгроСоюз»-м. Хабзэ хъуауэ, зыгъэсэныгъэ къэс зэныбжьэгъугъэ зэIущIэ зыдрагъэкIуэкI командэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и футболистхэр 1:0-у ефIэкIащ.

ЗэпэщIэтыныгъэм и 35-нэ дакъикъэр екIуэкIыу къыхэжаныкIащ, невинномысскдэсхэм я штрафнойм щихьэм топыр къызыIэрыхьа, ЛIуп Ислъам. Абы къыпежьа гъуащхьэтетым ди щIалэм топыр Iэзэу щхьэпридзри «Спартак-Налшыкым» текIуэныгъэр къыхуихьащ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и футбол командэм и зыгъэсэныгъэм адэкIёи пещэ, япэ ехъулIэныгъэм гукъыдэж къритауэ.

ЖЫЛАСЭ Замир.
Поделиться: