«Илъэсым и проректор» адыгэ бзылъхугъэ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щIэ­ныгъэ-къэхутэныгъэ лэ­жьыгъэмкIэ и проректорым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Хьэ­шыр Светланэ Урысейм и профессор зэхуэс лъагэм и «ЩIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэ­жьыгъэмкIэ илъэсым и проректор нэхъыфI дыдэ» лъэпкъпсо саугъэтыр иджы­благъэ къыхуигъэфэщащ.

«Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэ» унэтIыныгъэмкIэ зи лэ­жьы­гъэрэ зи зэфIэкIрэ къы­щы­хэща ди лъэпкъэгъу бзылъхугъэр щIэныгъэ дунейм фIыуэ къыщащIэ, и къэхутэныгъэхэми ди къэралым и мызакъуэу, щIыпIэ жыжьэ куэдми щIэуп­щIэ щаIэщ. «Урысейм и профессор зэхуэс лъагэ» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэр ди къэралым хыхьэ хэ­гъэгу 41-м щылажьэ еджапIэ нэхъыщ­хьэхэмрэ щIэныгъэ центрхэмрэ щылажьэ профессор 500-м я жэрдэмкIэ 2017 гъэм къызэрагъэпэщауэ щытащ. НобэкIэ абы хэтщ Урысейм и щIыналъэ 80-м щы­лажьэ университетрэ щIэныгъэ институти 170-м я про­фессор мини 5-м щIигъу. «ЩIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэ­жьыгъэмкIэ илъэсым и про­ректор нэхъыфI дыдэ» фIыщIэгуапэ саугъэтыр къы­хэзылъхьар Урысейм и про­фессор зэхуэс лъагэм и хасащхьэрщ, еджапIэ нэхъыщ­хьэхэмрэ щIэныгъэ центрхэмрэ я къэху­тэ­ныгъэ зэфIэкIыр ­къэ­Iэты­ным, щIэныгъэ-техникэ зыу­жьыныгъэм хуэгъэпса ­проектхэм зегъэужьыным хуэунэтIащ.
Химие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, Къэбэрдей-Балъкъэрым щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, ­КъБР-м ЩIэныгъэмрэ техникэмкIэ и Къэрал саугъэтым и лауреат Хьэшыр Светланэ КъБКъУ-м щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэ­жьы­гъэмкIэ и проректор къу­лыкъум илъэсищым щIигъуауэ пэрытщ. Абы и жьауэм щIэту университетым къыщызэрагъэпэщащ зи хуэдэ щымыIэ ­полимер къабзэхэмрэ аддит технологиехэмкIэ центр.
Хьэшыр Светланэ и къэ­хутэныгъэхэр ди къэралми хамэ хэгъэгухэми къыщыдэкI щIэ­­ныгъэ журнал 300-м щIи­гъум къытехуащ, дунейпсо щIэнIуатэ пщIы бжыгъэхэм ­хэ­IущIыIу щыхъуащ.
Полимер къызэрыкIуэхэмрэ полимер пкъыгъуэ зэхэлъхэмкIэ Хьэшырым иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм Урысей Федерацэм и патент 60 яIэщ.
Хьэшыр Светланэ и унафэм щIэту цIыху 15-м я кандидат лэ­жьыгъэхэр ягъэхьэзырри пхагъэкIащ. Светланэ «Молекулэ пкъыгъуэ хьэлъэхэр» 02.00.06 унэтIыныгъэмкIэ кандидат икIи доктор лэжьыгъэхэр щыпхагъэкI КъБКъУ-м и диссертацэ советым и унафэщIщ, «Урысейм и щIэныгъэлI ныбжьы­щIэхэр» къэралпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэм и къуэдзэщ, а зэгухьэныгъэм ди щIыналъэм щиIэ къудамэм и унафэщIщ.
Хьэшырыр КъБР-м и Правительствэм деж щыIэ, ЩIэныгъэлI ныбжьыщIэхэмрэ IэщIагъэлIхэмрэ я советым и пашэу 2008 гъэм щегъэжьауэ 2018 гъэ пщIондэ щытащ, 2010 - 2013 гъэ­хэм УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым и щIэныгъэ-чэнджэща­кIуэ советым хэтащ, 2004 гъэм щегъэжьауэ 2018 гъэ пщIондэ КъБКъУ-м и ЩIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм я советым и уна­фэр зэрихьащ.
2019 гъэм Хьэшыр Светланэ КъБКъУ-м щIэныгъэ-къэху­тэ­ныгъэ лэжьыгъэмкIэ и проректорым и къалэныр и пщэ ­къыдалъхьащ. Абы лъандэрэ университетым и щIэныгъэ ­зэ­фIэкIхэм хохъуэ, къэхутэ­н­ы­гъэхэр нэхъ лъэщ хъууэ йокIуэкI.
Хьэшырыр проректор IэнатIэм зэрыпэрыувэрэ университетым и лэжьакIуэхэм традзэ къэхутэныгъэхэм я бжыгъэр зы­рэ  ныкъуэкIэ нэхъыбэ ­хъуащ, щIэныгъэ лэжьыгъэу екIуэкIым я куэдагъэр мелуан 400-м ­щIегъу, патенти 180-рэ зыIэ­рагъэ­хьащ. А псом, зэрыгурыIуэгъуэщи, университетым и цIэр жыжьэ егъэIу, зыхыхьэ щIэ­ныгъэ хэдэрыхэплъэхэм къы­щы­хегъэжаныкI, ирагъэкIуэкI къэпщытэныгъэхэм къыщыхегъэщ.
Ди университетыр зыхэт дунейпсо гъэлъэгъуэныгъэхэм я бжыгъэми хэхъуащ, фIыщIэ ­саугъэтибгъуи къыщыхуа­гъэ­фэщащ. Апхуэдэу КъБКъУ-м и къэхутакIуэ ныбжьыщIэхэм кандидат икIи доктор диссертацэхэм елэжьын, ахэр пхагъэ­кIын папщIэ тезыгъэгушхуэ Iэмалхэр нэхъыбэ хъуащ. ­КъБКъУ-м щIэныгъэ-къэ­ху­тэ­ныгъэ лэжьыгъэу иригъэкIуэ­кIым пыщIа техникэ лъабжьэр зэрыщыту къэщIэрэщIэжащ, сом мелуани 100-м щIигъу и ­уасэ IэмэпсымэхэмкIэ къызэгъэпэща хъуащ.
Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетымрэ Пётр Еза­- нэм и цIэр зэрихьэу Санкт-Петербург дэт къэрал политехникэ уни­верситетымрэ зэгъусэу 2019 гъэм «Iуащхьэмахуэ» зыфIаща Инжиниринг центрыр къызэрагъэпэщащ. Илъэсищым къриу­быдэу центрым хузэфIэкIащ полимер пкъыгъуэщIэхэмрэ аддит технологиехэмрэ епха къэхутэныгъэ проектищым елэжьын. Зыужьыныгъэ зы­гъуэ­тыну къэхутэныгъэхэмкIэ Фондымрэ «2014 - 2020 гъэхэм щIэныгъэмрэ технологиемрэ заужьыным, унэтIыныгъэ щхьэ­хуэ­хэмкIэ къэхутэныгъэхэр егъэ­кIуэкIыным теухуауэ» къэ­рал программэмрэ япкъ иткIэ зэлэжьа а проектхэр хуэдэ лэжьыгъэхэм я нэхъыфIу къалъытауэ щытащ.
КъБКъУ-р 2021 гъэм «ГъащIэм теухуа щIэныгъэ» («Life Sciences») унэтIыныгъэмкIэ япэ дыдэ дерс рейтингхэм, «ТулатТех» дунейпсо щIэныгъэ-егъэджэныгъэ центрым иригъэкIуэкI лэжьыгъэхэм, «Производствэм щызекIуэ иджырей технологиещIэхэр» щIэныгъэ-технологие жэрдэмщIакIуэхэм я гупым хыхьащ, «Водород ­технологием и Iэхэлъахэхэр» дунейпсо консорциумым и ­щIэ­нIуатэм хэтащ.
«Мыпхуэдиз ехъулIэныгъэ диIэну къыщIэкIынтэкъым, университетым и унафэщI Алътуд Юрэ щIэныгъэм хуищI гулъытэр мыхъуамэ, техникэ унэ­тIыныгъэхэм заужьыным къару ирихьэлIэу щымытамэ», - жеIэ Хьэшыр Светланэ.
Урысейм и профессор зэ­хуэс лъагэм «ЩIэныгъэ-къэхутэ­ныгъэ лэжьыгъэмкIэ илъэсым и проректор нэхъыфI дыдэ» ­саугъэтым епха зэIущIэр ма-     з­аем и 8-м ирагъэкIуэкIынущ, Урысей щIэныгъэм и махуэм ирихьэлIэу. «ЩIэныгъэхутэ: дыгъуасэ, нобэ, пщэдей» зэ­хуэ­сышхуэм хыхьэу екIуэкIыну гуфIэгъуэ зэIущIэр мазаем и 2-м Урысейм егъэджэныгъэмкIэ и академием и унэм щызэхэтынущ.
Хьэшыр Светланэ къыхуащIа гулъытэр хуэфащэщ. И гуащIэ емыблэжу щIэныгъэм хьэлэлу хуэлажьэ, щIэблэм жану ядэ­лажьэ, зи зэхэщIыкIымрэ зэ­фIэ­кIымрэ жылагъуэмрэ пщэдейрей махуэмрэ яхуэзыгъэ­лажьэ адыгэ бзылъхугъэм и Iуэхур нэхъри ефIэкIуэну, и цIэр нэхъ жыжьэж Iуну ди гуа­пэщ.

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: