ГущIэгъумрэ цIыхугъэмрэ унэ яухуэф

Иджыблагъэ зи унэр мафIэм иса Гъуэгуно­къуэхэ я унагъуэм ахъшэкIэ ядэIэпыкъуащ ­КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбеки. Абы жиIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым ис лъэпкъхэр гузэвэгъуэ хэхуам зыщIагъакъуэу ижь-ижьыж лъандэрэ къызэрекIуэкIыр. Псыгуэнсу къуа­жэм дэс Гъуэгунокъуэхэ зыпэщIэхуа гугъуе-хьыр къызэранэкIын папщIэ къуажэдэсхэр зэрадэIэпыкъур, республикэм исхэри лъэныкъуэкIэ къызэрымынар жиIащ КIуэкIуэм. Хэгъэгу унафэщIым къихигъэщащ къуажэдэсхэр зэ­хыхьауэ яухуэ унэщIэм щхьэкIэ КъБР-м и Правительствэм и гъэтIылъыгъэ фондым щыщ сом мин 500 зэрыратыр.

Гъуэгунокъуэхэ я унэр цIыхубэм я нэIэ щIэту яухуэ жыпIэмэ, ущыуэнукъым. Псыгуэнсу къуажэм Инстаграмым щиIэ напэкIуэцIым ма­хуэ къэс къралъхьэ ар здынагъэсамрэ цIыхухэм ахъшэу къратымрэ.
Гъуэгунокъуэ Рудик къытепсыха гуауэр хьэлъэми, ар щызыгъэпсынщIэ цIыху гумащIэхэр ­куэду къыкъуэуващ. Абы и къуэ нэхъыжьыр илъэсрэ ныкъуэрэ ипэ машинэ зэжьэхэуэм хэкIуэдащ, и ныбжьыр илъэс 21-рэ фIэкIа ­мыхъуу. А гуауэр зыхуэмыгъэва анэм лышх­ ­узыфэр къеуалIэри,  илIыкIащ. Иджыпсту Рудик и къуэ нэхъыщIэм и гъусэу псэууэ арати, унэм мафIэ къыщIэнэри, исащ. Мылъкуи, унэлъащIи, нэгъуэщI зыри ­къахуэнакъым уна­гъуэм.
Къуажэм зы цIыхуи къыдэнакъым а гуауэр зыхэ­зымыщIа. ЗанщIэу гуп зэрыгъэхъури, ахъ­шэ зэхалъхьэу щIадзащ, интернетым къихута хъыбарым республикэм щыщ цIыхубзхэри сомкIэ хэуващ. Правительствэм хухиха ахъшэм нэмыщI, цIыхубэм картэм ирагъэхь ахъшэр сом мин 700-м щIигъуащ, псэуалъапхъэхэмкIэ зыщIагъакъуэ, гуапэ лейращи, щIыхьэху ­ящIауэ къуажэдэсым зэблэкIыу унэр зэтралъхьэ. ТехникэкIи къарукIи пщIэншэу Iуэху-тхьэбзэ зыщIэхэр куэд мэхъури, щIымахуэ щIыIэм емылъытауэ, блынхэр псынщIэу драгъэкIуей. ЦIыхугъэ щIыжаIэжыр мыпхуэдэ гулъытэр арагъэнщ.
НэщIэпыджэ Замирэ.

Поделиться: