МурадыфIхэр яIэу

Къэбэрдей-Балъкъэрыр хабжащ ди къэралым и щIы­налъэхэм ящыщу псэупIэ нэхъыбэ щаухуэхэм.

Урысей Федерацэр зэрыщыту къэтщтэнщи, цIыхухэр зыщIэтIысхьэжыфын унэщIэу къыщыунэхухэм я бжыгъэм е    нэгъуэщIу жытIэмэ, псэупIэщIэм и метр зэбгъузэнатIэу къы­щащэхуфынум иужьрей илъэситхум къриубыдэу проценти 10-кIэ щыхэхъуащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым ар процент 20-м щыщIигъуащ.
ПсэупIэщIэу къыщыунэхум я бжыгъэр процент 20-м щыщхьэдэхащ Смоленск, Саратов, Челябинск, Псков, Курган областхэм, республикэхэу Мордовиемрэ Марий Элымрэ.
IэщIагъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, зи гугъу тщIы щIыналъэ­хэм апхуэдэ ехъулIэныгъэ яIэ щIэхъуар хьэрычэт мащIэмрэ курытымрэ защIэгъэкъуэнымкIэ къэрал программэхэр зэрыщагъэзащIэрщ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым ухуэныгъэщIэхэм къыщыхэхъуэ­нымкIэ  щхьэпэщ хьэблэщIэхэр къы­щыунэхухэм гъуэгухэр щегъэфIэкIуэным хуэгъэзауэ 2021 гъэм яубзыхуа лэжьыгъэр зэрыщыкIуатэр.

 

ЛУЦЭ СулътIан.
Поделиться: