«Мэкъумэшбанкым» и интернет платформэхэр йофIакIуэ

«Урысейм и Мэкъумэшбанкым» КъБР-м щиIэ и къудамэм къызэщIикъуэжащ 2021 гъэм «Своё Родное» «Своё Фермерство» бжыгъэ сервисхэм я лэжьыгъэм кърикIуахэр. Апхуэдэу, илъэс блэкIам КъБР-м щыщ мэкъумэш IуэхущIапIэ 42-м езыхэм къыщIагъэкIхэр къыщыгъэлъэгъуа «Своё Родное» маркетплейсым къыщызэIуахащ, 49-м «Своё Фермерство» экосистемэм зыщрагъэтхащ.

«Своё Родное» - ар «Урысейм и Мэкъумэшбанкым» и проект гъэщIэгъуэнщ. Абы и фIыгъэкIэ фермерхэм Iэмал ягъуэтащ къыщIагъэкI продукцэм и щэныр бжыгъэр зи лъабжьэ Iэмалхэм хуагъэкIуэну. Маркетплейсым зыщрагъэтхынымрэ абы мэкъумэшыщIэхэм электрон тыкуэн къыщызэIуахынымрэ пщIэншэщ. Щэн-къэщэхун Iуэхухэр зыщэмрэ къэзыщэхумрэ занщIэу здрагъэкIуэкI икIи абы къыпэкIуэ хэхъуэм пщIэ щхьэщатыкIыркъым. Фермерхэм я IэдакъэщIэкIхэр лIэужьыгъуэ 20-м къыщагъэлъэгъуэфынущ - шэмрэ лымрэ къыщыщIэдзауэ IэфIыкIэмрэ щIакхъуэмрэ щиухыжу. Апхуэдэу КъБР-м щыщ мэкъумэш къыщIэзыгъэкIхэм я гъэшыр «Урысейм и Мэкъумэшбанкым» и маркетплейсым щрагъэкIыфынущ. Къэбгъэлъагъуэмэ, Хьэгъэс Р. и мэкъумэш-фермер хозяйствэм интернет напэкIуэцIым щыщахуэхэм къахуегъэлъагъуэ уасэ тэмэм зиIэ шэмрэ гъэшхэкIымрэ. Псалъэм папщIэ, а фермерым и деж кхъуейлъалъэр зи уасэр соми 120-рэщ. ЩIыналъэм щылажьэ IуэхущIапIэхэм маркетплейсыр къагъэсэбэпыныр – мыхьэнэшхуэ зиIэ лъэбакъуэщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, нэхъапэм абыхэм езым яй интернет-тыкун яIакъым, абы къыхэкIкIэ рынокышхуэм ихьэфыртэкъым.

 Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ фермерхэм «Урысейм и Мэкъумэшбанкым» и нэгъуэщI интернет программэри жыджэру къагъэсэбэп - ар «Своё Фермерство» экосистемрэщ. Мыбы зы щIыпIэм щызэхуэхьэсащ техникэр, продукцэмрэ къагъэсэбэп материалхэмрэ, къищынэмыщIауэ, абы къыщыгъэлъэгъуащ фермерхэм махуэ къэс ягъэзащIэ лэжьыгъэхэр нэхъ тынш щащIу я къарур бизнесыр къэIэтыным зэрыхуаутIыпщын Iэмалхэр. Интернет напэкIуэцIым зыкъыщызыгъэлъэгъуа «Дзэлыкъуэ кIэртIоф» ООО-м мэкъумэшыщIэхэм ярещэ кIэртIоф жылэ хэхахэр. «Своё Фермерство» экосистемэм зыщегъэтхынри абы зэгурыIуэныгъэ щызэщIылIэнхэри пщIэншэщ. ЩэхуакIуэхэр къешэлIэныр Банкым ипщэ делъхьэж.

«Урысейм и Мэкъумэшбанкым» и бжыгъэ платформэхэм я зэфIэкIхэр пандемием хиубыда, бизнесыр онлайн щIыкIэм щыхуэкIуа лъэхъэнэм щылажьэ мэкъумэш къыщIэзыгъэкIхэм я дежкIэ зи чэзущ.

2021 гъэм къриубыдэу «Урысейм и Мэкъумэшбанкым» и «Своё Фермерство» платформэр къэзыгъэсэпэбхэм я бжыгъэр цIыху 1 мелуаным щIигъуащ. Абы зыщрагъэтхащ мэкъумэшыщIэ мини 9-м щIигъум я хьэпшып, ерыскъыхэкI зэмылIэужьыгъуэ 1 мелуаным щIигъу.

МЭЗКУУ Къан.
Поделиться: