НыбжьэгъуфI, тхылъыфI, напэ къабзэ

Твен Марк (и цIэ дыдэр Клеменс Сэмюэл Лэнгхорнщ) америкэ тхакIуэ цIэрыIуэщ. Ар 1835 гъэм Миссури штатым хыхьэ Флоридэ къалэм къыщалъхуащ. И сабиигъуэр Миссури псым и Iуфэм Iус Ханнибал къалэ цIыкIум щигъэкIуащ. И адэр дунейм ехыжа нэужь, школым къыщIэкIри, а щIыпIэм къыщыдэкI газетым Iэрытххэр тридзэу лэжьэн щыщIидзащ.

Илъэс 18 - 22-рэ ныбжьым щитым къэралым къыщикIухьащ, иужькIэ Миссисипи псым тет кхъухьхэм ящыщ зым лоцману щылэжьащ. I86I гъэм Твен Марк къэралым и КъухьэпIэм лэжьакIуэ макIуэ. А лъэхъэнэм абы и Iэзагъыр здынэсыр игъэунэхуну Iэмал иIащ, Вирджини-Сити къалэ цIыкIум къыщыдэкI газетым репортеру уври. Абы Марк къытрыригъэдзащ гушыIэ хъыбар зыбжанэрэ рассказхэмрэ. 1865 гъэм Европэмрэ Палестинэмрэ зыщиплъыхьыну кхъухькIэ ежьащ. Абы щыгъуэми гъуэгум щилъагъу гъэщIэгъуэнхэм ятеухуа репортажхэр газетым къригъэхьырт. Твен а зэманым цIэрыIуэ зэрыхъуар 1865 гъэм итха, IуэрыIуатэ лъабжьэ зиIэ «Знаменитая скачущая лягушка из Калавераса» рассказырщ.

Франджым, Италием, Алыджым, Тыркум, Кърымым щыIа нэужь, США-м игъэзэжащ. 1869 гъэм абы къыдигъэкIащ «Простаки за границей» зыфIища, очеркхэр щызэхуэхьэса тхылъыр. 1872 гъэм «Закаленные» тхылъыр къыдэкIащ. Илъэсищ дэкIа нэужь дунейм къытохьэ и рассказ нэхъыфIхэр щызэхуэхьэса тхылъ - «Старые и новые очерки», абы иужькIи нэхъыбэжым къацIыху мэхъу. А лъэхъэнэм тхыгъэ гъэщIэгъуэн куэд и Iэдакъэ къыщIэкIащ тхакIуэм.

1890 гъэхэм я пэщIэдзэм Твен Марк и Iуэхур гугъу хъуащ. И тхылъ тедзапIэр фейдэншэ хъуа нэужь, нэхъ хэкъузауэ лэжьэным зритащ икIи лекцэ къеджэу илъэс псокIэ дунейр къызэхикIухьащ. Абы удынышхуэу къытехуащ и быниплIым ящыщу щыр, и щхьэгъусэ Оливие дунейм зэрехыжар. Твен абыхэм я ужькIэ къигъэщIэжа илъэсхэм итхахэр дэрэжэгъуэ къозымыт защIэщ. Езыр Коннектикут штатым щыщ Реддинг къалэм 1910 гъэм щылIащ.

Твен Марк и псалъэ шэрыуэхэм ящыщщ мыхэр:

  •  Зыбжанэрэ псалъэ гуапэ къызжаIат си теплъэм, губзыгъагъым теухуауэ. ИкIи сытым дежи ар мащIэу къысщыхъуащ, нэхъыбэ жаIэми хъуну къэслъытэрти.
  •  Гуныкъуэгъуэ къыдэзытыр зыгуэр зэрыдмыщIэракъым, атIэ фIы дыдэу тщIэуэ къытщыхъужу дызэрыщыуэращ.
  • Дыгубзыгъащэу зыкъытщымыхъужу, акъыл дызэрыщыщIэр ди фIэщ дывгъэгъэхъут - сыту Iуэху куэд нэхъ тыншу зэфIэкIыну итIанэ.
  • ЩIыхьым къыуит гухэхъуэм гъунэ иIэкъым, ар бгъэпщкIуфу зебгъэсэн хуей къудейуэ аращ.
  • Зи гупсысэм лъабжьэ иIэ критик лъэщ хъур цIыхубэращ.
  • Ущыкъуаншэм деж къыпкъуэтырщ ныбжьэгъу пэжыр, ущызахуэм деж псори уи ныбжьэгъущ.
  • Ущыуэну узэрыхуитращ уи къэухьым зиужьынымкIэ Iэмал нэхъыфIыр.
  • ЩIэх-щIэхыурэ къохъу и гъащIэм и кIуэцIкIэ зэи пцIы зымыупса цIыхум пцIымрэ пэжымрэ зэхигъэкIыну иужь щихьэ.
  • Дэтхэнэ цIыхуми и гъащIэм къриубыдэу насыпыр зэ закъуэ и бжэм къытоуIуэ, ауэ куэдрэ къохъу ар гъунэгъу пэшым щIэсми, а макъыр щызэхимых.
  • НыбжьэгъуфI, тхылъыфI, напэ къабзэ – мис ар гъащIэ дахэщ.
  • ГъащIэм къыщыхъуа пэжыр зи лъабжьэ гушыIэращ куэдрэ жаIэжыр.
  • Уэрамым дэт хьэ хьэулейр зэ IэфIу бгъашхэмэ, зэи къодзэкъэнукъым. АбыкIэ хьэмрэ цIыхумрэ зэщхьэщокI.
  • Уи биймрэ уи ныбжьэгъумрэ зэгъусэу уигу щрауд щыIэщ. Уи бийм къыпхужиIэ псалъэ гуауэхэр уи ныбжьэгъум къыщыбжиIэжым деж аращ къэхъур.
  • Зыгуэр умыщIэну псалъэ быдэ щыптым деж абы и ужь уихьэныр уи хъуэпсапIэ нэхъыщхьэу укъонэ.
НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.
Поделиться:

Читать также:

25.03.2024 - 15:30 Си жэнэт
21.03.2024 - 11:30 Ахъмэт и фо изщ