Анэм и лъагъуныгъэ

Зэгуэр анэм зэхихащ абы хэт нэхъыфIу илъагъуми и пхъуитIым зэхагъэкIыну хэту зэдауэу. Анэм зыри яжримыIэу, шэху уэздыгъэ пигъэнащ. ХъыджэбзитIыр къреджэри ярегъэлъагъу:

- Мыр шэху уэздыгъэр сэра хуэдэщ. Мыбы къыпиху мафIэр си лъагъуныгъэрщ.

ИтIанэ аргуэру зы шэху уэздыгъэ къищтэри, япэрейм и мафIэмкIэ пегъанэ.

- Мыр си япэ бын хуэдэщ. Абы япэу естащ си мафIэр - лъагъуныгъэр. Ауэ…япэ уэздыгъэмкIэ адрейр пызгъэна щхьэкIэ абы и мафIэр нэхъ мащIэ хъуа? Хьэуэ.

Апхуэдэурэ анэм пигъэнащ бын дапщэ иIэми, абыхэм япэбж шэху уэздыгъэ. Япэрей уэздыгъэм и мафIэр зэрыину, зэрыхуабэу къэнэжырт.

Поделиться:

Читать также: