Унэишэ

Хабзэ

Мыр адыгэ хьэгъуэлIыгъуэм и пкъыгъуэ нэхъыщхьэ, нэхъ дахэ дыдэхэм ящыщ зыщ. КърихьэлIэхэр хьэгъуэлIыгъуэр зейм я Iыхьлыхэмрэ я благъэхэмрэщ, а унагъуэм и ныбжьэгъуфI, я кIуэгъужэгъухэрщ.

НысащIэр тешэм, тешэрыпIэм щыIамэ, унэишэр абы къыщрашыжым и деж занщIэу ящIырт. Ауэ ар зыщIыпIи ирамыхьэлIамэ, щауэм и адэ-анэм я унэм занщIэу къашамэ, унэишэр щекIуэкIыр, зэрыхабзэти, зы тхьэмахуэ е тхьэмахуитI хуэдиз нэхъ дэмыкIыут. А зэманым къриубыдэу унагъуэм, Iыхьлыхэм хьэгъуэлIыгъуэм зыхуагъэхьэзырырт: зыхуей, зыхуэфI, фадэ, пIастэ. А зэманым нысащIэри Iуэхуншэу щыстэкъым. Гъунэгъухэм, хьэблэм дэсхэм ягъэунэхурт, мастэрэ Iуданэрэ ищIэрэ, Iэпэщабэ, гулъытэ хэлъ? Ауэ мыбы щыгъуэ апхуэдэ гулъытэхэр ягъэнэIуащэртэкъым, Iуэхум къыдэкIуэу, Iуданэрэ мастэрэ зэфIрагъащIэ хуэдэурэ, сабий гуэрым и щIыIур ирырагъэдэжыну нысащIэм и деж щIагъэхьэу арат.

НысащIэр яхуапэ, бын узыншэ зыпIа фыз угъурлитIым абы и Iэблэхэр яубыдри, щхьэтепхъуэ телъу, щIалэгъуалэм уэредадэ жаIэу ар и лэгъунэм къыщIашри, фызхэр зыщIэс унэм яшэ. Япэм Iэмал зимыIэ хабзэт нысащIэм фоч щхьэпрыгъэукIыныр, зыщIашэ унэм и уэнжакъыр нэщанэ уапIэ ящIыныр – бзаджэнаджэр ягъащтэрт.

Пшынэ еуэу, Iэгуауэм щIэту, уэредадэ жаIэу нысащIэр зы унэм къыщIаша нэужь пщIантIэм и деж щызэтрагъэувыIэрти, абы джэгу мащIэ хузэхаублэрт, итIанэ уэредадэм щIадзэжырти, адрей унэм (пэшым) яшэрт. Абы щIашэн ипэкIэ къепхъыхыу дэ, IэфIыкIэ, ахъшэ жьгъей, хугу кърапхъыхырти, ар сабийхэм къащыпырт. Унэ ирашэри, абы и Iэблэр зыIыгъхэри бжэщхьэIум теувэ хъунутэкъым, абы лъакъуэ ижькIэ ебэкъуэн хуейт.

БжэщхьэIум ебэкъуа нысащIэр ныш яукIам и фэ цIынэм Iэмал имыIэу теувэрт. Фэр зэрагъэтIылъ хабзэр цыр къыдэгъэзеяуэщ: фэм цыуэ тетым хуэдиз насып нысащIэм мы унэ зыщIыхьэм щIигъуэтэн хуэдэу. АдэкIэ нысащIэр хьэблэ, благъэ фызхэр зыщIэсым щIашэ. НысащIэм и щхьэтепхъуэр фызхэм ящыщ гуэрым еIэтри, мыдрейхэр зырызыххэу бгъэдыхьэурэ абы йоплъ, йохъуэхъу, IэплIэ ирашэкI. Ауэ езы нысащIэм зигъэхъейркъым, IэплIэ къыхуэзыщIхэм я Iэхэри иубыдыркъым. Абыхэм я Iэр иубыдмэ, щхьэзыфIэфI, тэмакъкIэщI хъуну, унагъуэр и унафэ щIигъэувэным хущIэкъуну жаIэрт.

Пасэм щыгъуэ мыбы щIэс бзылъхугъэхэм унэ ирашэ нысащIэм и гуащэр яхэту щытакъым. Ахэр щызэтехьэри щызэпсалъэри мыбы щыгъуэтэкъым. Абы щхьэкIэ гуащэм щхьэхуэу техьэпщIи псэлъапщIи ищIын хуейт, унэишэ цIыкIум ирихьэлIэу. Ауэ иджы мыдрей фызхэми ещхьу, гуащэри и нысэм бгъэдохьэри IэплIэ ирешэкI. Апхуэдэм деж гуащэр бгырыпх гуэркIэ нысэм ирапх. Ахэр зэкIэратIэтыкIыжын щхьэкIэ, гуащэм и малъхъэ, и къуэ, ипхъу, и нысэ нэхъыжь хуэдэхэм къащэхужын хуейщ. Ахъшэр гуащэм и жып иралъхьэ. Хабзэ зэрыхъуащи, абы иужькIэ гъэфIэжу Iэнэ щхьэхуэ къиухуэн хуейщ.

Фызхэм нысащIэм фIэхъус-сэламыр ирахын зэфIэкIа нэужь (языныкъуэ жылэхэм япэ ирагъэщ), IурыцIэлъыр ящIырт. Мыбы щыгъуи нысащIэ цIыкIур хуэсакъын хуейт форэ-тхъурэ зэхэлъым зэремыбзеиным. Абы ебзей нысащIэм хуагугъэрт ар нэплъыс-нэIусу, ныбаблэу, ныбэхуэфIу щытыну. IурыцIэлъ зэрылъ шейщIэтыр фызым бжэщхьэIум и деж къыщежьэ щIалэгъуалэм къаритырти, абы щхьэкIэ зэныкъуэкъуу, зэIэпщакIуэу ирахьэжьэрт, илъыр яшхамэ, хьэкъущыкъур традзэрти якъутэжырт.

А псор екIуэкIыхукIэ, щIалэгъуалэм щIыбым джэгушхуэ щащIырт, щауэм и шыпхъу унэ ихьахэр, а лъэпкъым япхъу къэкIуэжауэ хьэгъуэлIыгъуэм хэтхэр къагъафэрэ пхъужьыбжьэ къыIахыу. А бжьэр яхуапэуи щытащ, цIыхухъухэм къагъэсэбэпын хьэпшып цIыкIуфэкIухэр кIэращIэу.

А щIыкIэм тету IурыцIэлъри, пхъужьыбжьэ къыхэхынри зэфIэкIамэ, нысащIэр аргуэру уэредадэр жаIэу, пшынэ еуэу, Iэгур трагъэщащэу и лэгъунэм яшэжырт.

 

МАФIЭДЗ Сэрэбий.
Поделиться: