Февралым адыгэхэр мазаекIэ еджэрт

Февралыр пасэрей римлянхэм я илъэсыр зэриух мазэт. Латин «фебруариусым» – «зыщагъэкъэбзэж» жиIэу арат къикIыр. А мазэм тхьэлъэIу, къурмэн римлянхэм ящIырт, я гуэныхьхэр къахуэгъун папщIэ. 
 Февралым адыгэхэр мазаекIэ, мазэ хъуанэкIэ, мазэ ябгэкIэ еджэрт, псоми къикIыр а лъэхъэнэр зэрыябгэрщ. Мазэ-е - мазае. Адыгэбзэм мы псалъэ къэхъукIэм мащIэущ узэрырихьэлIэр. Суффикс – е-м псалъэм отрицательнэ мыхьэнэ ирегъэгъуэт. Щапхъэ: уае «буря, плохая погода» фае «бесцветный, бледный, неяркий». Адыгэбзэм суффикс – е- р щыIэцIэ е-м хуокIуэ. 
Зэдгъэпщэнщ: къэб.: Е пщIауэ фIым ущымыгугъ. «Совершив зло, не жди добра» адыг.: Ер зымлъагъуыгъэм шIуыр ышIэрэп. «Кто не видел зла, тот не знает добра» (посл.) 
 Шапсыгъхэм мазае жаIэ, къэбэрдейхэри адыгейхэри абы къытеувыIащ, ди зэманым къагъэсэбэпри а псалъэращ. 
Сирием, Иорданием, Тыркум щыпсэу адыгэхэм «мэзай» жаIэ. 
Мы мазэм и 25-26-м деж (иджырей ди бжэкIэмкIэ) щIымахуэ шылэр еухри, абы иужькIэ бэдрэжуз «весеннее похолодание» жыхуаIэм щIедзэ. Бэдрэжузыр шылэм ефыгъуэу жиIэу жыхуаIэр мыращ: «Си лъэхъуамбэшхуэр шылэм и лъэхъуамбэ жьакIэр зэрытым итатэмэ, хьэ лъэмакъыр шы лъэмакъыу згъэIунти, шы лъэмакъыр лъэмакъищэу згъэIунт». 
Бэдрэжузым Баллдырэ и борэнкIи йоджэ. Ар щIымахуэм и иужьрей дыдэ махуиплIымрэ гъатхэм и япэрей махуищымрэ къэхъу хабзэ борэнщ. Ар иужьрей бжэкIэмкIэ гъатхэпэм (мартым) и 19-25-щ, жэщибл-махуибл мэхъу. Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, а Баллдырэ и борэныр 1601 гъэм Нэгъуей хэкум икъукIэ гуащIэу къыхуэкIуат. А гъэм гъэмахуэр зэрикIыу, щIыIэ хуэкIуэ щыхъум, щIы щIагъым гъуэ щызиIэу щыпсэу дзыгъуэхэм я псэупIэхэр ябгынащ, нэгъуэщI егъэзыпIэ къызэрагъэпэщащ.
Дуней и пIалъэ зыщIэ, абы и нэщэнэхэм щыгъуазэхэм къагурыIуащ 1602 гъэм и щIымахуэм борэн гуащIэ къызэрыхъунур. МэкъумэшыщIэ махуэгъэпсымкIэ псэухэм щIымахуэм зыхуащIащ. Емыгугъухэм мэкъумылэр къаймэщIэкIащ. Нэгъуейхэр Iэщ куэд зезыхуэ лъэпкъщ. Яшхын зэрамыIэм къыхэкIыу былым куэд щIыIэм игъэкIуэдащ. Уеблэмэ, нэгъуеипщым и мэкъумылэр къемэщIэкIауэ а борэныр къытехъуащ. Пщым хэкур къызэхикIухьащ, мэкъумылэ щэн зиIэ лъыхъуэу. Ауэ мэкъуи, хьэуази, мэш гъущи ищэну зиIэ имыгъуэтауэ екIуэлIэжащ. Къуажэпщым ищIэрт МухьэмэдкIэ зэджэ я къуажэ щIалэр гъэтIылъыгъэкIэ зэрымыбэлэрыгъыр. ИкIи пщым лIыкIуэ абы и деж егъакIуэ. Ауэ лIыкIуэм сыт имыщIами, Мухьэмэд гурыIуакъым мэкъу кърищэну. Жэуапу къритар зыщ: «Ахъши, дыщи, былыми – зыри сыхуейкъым. Мэкъум и уасэр пщым и пхъуращ». Пщыр абыкIэ арэзы хъуакъым. И щхьэр здихьынур зымыщIэ, гупсысэ куум хэхуа адэм абы ипхъу Баллдырэ жриIащ: «Ди адэ, мы Iэщым и бэлыхьымрэ и хьэзабымрэ уэри сэри гъуэгу къыдатынкъым. Сет Мухьэмэд, мэкъур уасэу къеIыхи. Ар егъэшхи уи былымыр гъейм къегъэл». Адэр едэIуащ ипхъу губзыгъэм. Уасэу къыIиха мэкъум къригъэлащ пщым и былымыр. Абы лъандэрэ, нэгъуейхэм жаIэ: «Ади кIуэ, мыди кIуэ, ауэ Баллдырэ и борэным унэм кIуэж».
Мазаер икIамэ, апхуэдэ щIыIэ щыIэжынутэкъым. Къэхъунущ бжэндэхъу уейри, къесынущ ныуэжь уэсри, щыц уэсым зыкъызэщIищIэнри хэлъщ, ауэ ахэр гъатхэ нэщэнэщ. Мазаем ехьэлIауэ ди IуэрыIуатэм псалъэжь, нэщэнэ зыбжанэхэм ущрохьэлIэ: 
ЩIышылэм IэщIэкIар мазаем къещтэж. 
Мазаер уаемэ, щIымахуэр кIэщIынущ. 
Мазаем лъэмыж еухуэри, гъатхэпэм ар екъутэж. 
Мазае уэсым гъатхэмэ къыхех. 
Мазаем махуэм сыхьэтищ къыхегъахъуэ. 
Мазаер уэскIэ, мэлыжьыхьыр псыкIэ къулейхэщ. 
Мазаем гъатхэм и къэкIуэнур елъытащ. 
Мазаем мылым утемыхьэ. 
Мазаер мэлыжьыхьым и адэшхуэщ. 
Мазае хуабэм гъатхэ щIыIэ къешэ. 
Мазаем и иужьрей тхьэмахуэр нэхъ щIыIэхукIэ, гъатхэпэр нэхъ хуэбэнущ.
Мазаем унэ кIапэхэм пищIэ мылхэр кIыхьмэ, щIымахуэр кIыхь хъунущ
Мазаем зиукIыж пэтми, гъатхэр къызэрыблагъэр зыхещIэ. 

 

Поделиться: