УвыпIэр зэлъытар дыщэ медалхэм я бжыгъэрщ

Пекин мы махуэхэм щекIуэкI XXIV ЩIымахуэ Олимп джэгухэм и иужьрей махуитIым медалым щIэбэнхэм я зэпеуэм зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр щигъуэтащ. Урысей Федерацэм и спортсменхэр еянэ увыпIэм нэс къекIуэтэхащ, бэрэжьейм зы медали къавзэрыщыхуэмыхьам къыхэкIыу.

Урысей Федерацэм и Олимп комитетым и атлетхэм зы дыжьын медалрэ домбеякъыу 3-рэ гъубжым къахуихьащ. СлаломышхуэмкIэ зэпеуэм ещанэ щыхъуащ 2012 гъэм къыщыщIэдзауэ Урысей Федерацэм и цIэкIэ утыку къихьэ США-м къыщалъхуа Уайлд Вик. 2012 гъэм ди къэралым и паспортыр къызрата спортсменыр 2014 гъэм тIэунейрэ Олимп чемпион хъуащ (зэи къэмыхъуауэ зы Олимпиадэм дыщэ медалитI къыщызыхьа, Урысей Федерацэм щыщу япэ дыдэу Олимп Джэгухэм пашэныгъэр щызыубыда сноубордистщ). 
Мы махуэхэм ди спортсменхэм медаль щызыIэрагъэхьащ Урысей Федерацэм зэи Олимп джэгухэм ехъулIэныгъэ щимыIа спорт лIэужьыгъэухэмкIэ. 
Илъэс 22-рэ зи ныбжь лыжник Терентьев Александр япэ олимп медалыр къыщихьащ зэрыхуейм хуэдэу къызэдэжэхэм я зэпеуэм. Абы япэ къищащ Норвегиемрэ Италиемрэ я спортсменхэр. 
Ди къэралым и тхыдэм къыщымыхъуауэ Iэжьэ спорт лIэужьыгъуэмкIэ япэ олимп медалыр къыхуихьащ Ивановэ Татьянэ. ЦIыхубзхэр Iэжьэм телъу къызэдэжэнымкIэ зэхьэзэхуэм ди спортсменым домбеякъ медалыр щызыIэригъэхьащ. А зэпеуэм пашэныгъэр щызыубыда нэмыцэ спортсмен Гайзенбергер Натали тхуэнейрэ олимп чемпион хъуащ. ЕтIуанэ увыпIэр къэзыхьари Германием щыщ Беррайтер Аннэщ. 
ЛыжэкIэ трамплиным къелъэнымкIэ зэхьэзэхуэм куэд щымыгугъауэ Урысей Федерацэм дыжьын медаль къыщихьащ. Абы куэдкIэ сэбэп къыхуэхъуащ Германием, Норвегием, Австрием, Японием я спортсменхэр хабзэр къызэпаудауэ къалъытэри зэпеуэм хагъэкIын хуейщ хъуащ. Ди къэралым медалхэр къыхуахьащ Садреев Данил, Климов Евгений, Махиня Ирмэ, Аввакумова Иринэ. 
ЩIымахуэ Олимп джэгухэм и еплIанэ махуэм екIуэкIа зэпеуэхэм ди къэралым япэ увыпIэ къызэрыщимыхьам къищынэмыщIауэ ди спортсменхэр нэхъри игъэнэщхъеящ фигурнэу къэжыхьынымкIэ Урысей Федерацэм къихьа дыщэ медалхэр кърамытыным теухуа хъыбархэр къызэраIэтам. Щхьэусыгъуэ хуащIар ди атлетхэм ящыщ зым допинг зрихьэлIауэ къызэрыщIагъэщарщ. 
 

 

Жыласэ Замир.
Поделиться: