Гъуэгум куэд ущыхуозэ

Зы шыдыгу кIуэрт, бгъуфIэрэ лъагэу дэщIеяуэ мэкъу илъу. ЩIымахуэ Iусу и Iэщым иригъэшхыну зыщыгугъыр ишэжырт лIыжьым. Теплъхьэр зи хьэлъэ пэху цIыкIури екъурт хьэлэлу, жагъын лъэпкъ хэмылъу. Дадэр и шыдым и къарум къигъэгугъэрти, шыдыгур хьэлъэ къищIат. Шыдыгур макIуэ лIыжьым IумпIэр иIыгъыу. Сэтейуэ кIуэ гъуэгум зыщIыпIэ деж «зыщриупсейрт» джабэ дэкIыгъуэм. Мо дэгъэзеигъуэм зэ сыдэкIамэ, сынэсыжа пэлъытэт, жыхуиIэу лIыжьыр ипэкIэ маплъэ. Хуэмурэ и гъуэгуанэм хегъэщI. Ауэрэ нос гъуэгур задэ щыхъу щIыпIэм. КIэрохьэ джабэм...

Шыдым къехьэлъэкI хъуащ дэкIыгъуэм мэкъугур. Иджыри къэс иIа псынщIагъым кIэрыхуурэ, лъэмыкIыжыххэ хъури къэувыIащ. ЛIыжьыр, и макъыр Iэтауэ, щIэгубжьащ шыдым. Iэпслъэпсыр зэпичрэ, жыпIэну пэху цIыкIур и фIэщу еIащ. ХуещIаIакъым. ЛIыжьыр гум икIэмкIэ екIуэкIри, мэкъум хэIуа гуахъуэр къыхихауэ, абыкIэ зыпэщIигъакъуэурэ докъу. Сыт яхуэщIэнт лIыжьымрэ шыдыжьымрэ?

ЛIыжьым гузавэ къищтащ. Мэгувэ. Мэкъур зэщхьэщихыу IыхьитIу дишынущи, апщIондэху жэщ хъунущ. Мес дыгъэр къухьэпIэм нэсащ. Мэкъур къыщрилъхьэм иригъэлеят. И Iуэхур нэхъ псынщIэу зэфIигъэкIын и гугъащ. И зэманыр зригъэзахуэрт. УпIащIэмэ - уогувэ, жыхуаIэрати, еплъ къыщыщIам.

ЛIыжьыр щытщ, ищIэнур имыщIэу зеплъыхьри. Iэмал гуэри къыхуэгъуэтыркъым.

Гупсысэу здэщытым, къыздикIыжа лъэныкъуэмкIэ плъэри, зы зэман къилъэгъуащ гъуэгу закъуэм тету къакIуэ цIыхухъур. «Ыхьы-ы-ы, - гуфIащ дадэр, - мо къакIуэр хэтми къыздэIэпыкъунщ, гъуэгум сыкъытринэнкъым. Си насыпым къихьащ».

ЩIалэ Iэчлъэчышхуэ къакIуэрт здэпIащи, щIэгузави щымыIэ хуэдэ, иIыгъ башышхуэр игъэкIэрахъуэрэ ириджэгу щIыкIэу. «КъыздэмыIэпыкъуу блэкIынкъым», - жыхуиIэу, лIыжьыр абы пэплъэу иувыкIащ гуахъуэр щIэгъэкъуауэ. Абы и гур къызэрыгъуэтыжат, дэIэпыкъуэгъу къызихьэлIащ, гъуэгум сыкъытринэу блэкIынкъым, жиIэри.

ЛIыжьыр плъэуэ здэщытым, аргуэру елъагъу лъэсырыкIуэм иужь иту къакIуэ шу закъуэр. «А си насып зэуэ къихьыжам еплъ! - гуфIащ шыдыгум бгъэдэтыр. - ТIур дыпэмылъэщмэ, щым зыгуэр етщIэнкъэ?».

Лъэсыр къэсри къэувыIауэ лIыжьым къоупщI:

- Удимышу ара, дадэ, уи шыд цIыкIум?

- Уэлэхьи, арам, щIалэфI! УкъыздэIэпыкъуамэ…

- Аракъэ хабзэр?! Губгъуэм укъиднэу дауэ дыблэкIын? Умыгузавэ, иджыпсту дызэдеIэнщи, уи шыд цIыкIур пэкIэ щIедгъахуэу дэдгъэкIынщ, - мэгушыIэ щIалэр.

КъакIуэ шури къэблэгъат, ауэ ар къэсыху пэрытакъым мо тIур хьэлъэм и къыдэшыным. Шыдым хуримыкъур зы лIыфI къарути, лIитIыр къызэдеIэри, мэкъур къыдашащ бгым. Абы ирихьэлIэу шури къакIэлъысащ.

Шуейр епсыхри, лIыжьым и Iэр гуапэу иубыдащ сэлам ирихыу.

- Уэлэхьи, тхьэмадэ, уи гур хьэлъэIуэ къэпщIатэм. Ауэ Тхьэр къыбдэIэпыкъури, мы щIалэфIыр къыуихьэлIат.

Нэхъ щIалэIуэми и Iэр хуишийри, лIы зэгъэпэща фафIэр щIэупщIащ илъэгъуам иригуфIэрэ, зэрыарэзыр и нэгум къищу:

- Хэт урищIалэ уэ зи гъащIэр кIыхь хъуныр?

ЩIалэм жеIэ зыщыщыр.

- СоцIыху уи адэри, зэгуэр срихьэлIауэ щытауэ. Жылэ псо зэдаIуэм хуэдэщ, лIы Iущщ. Бын гъэсэкIи ещIэ. Уи хъер тхьэм иригъэлъагъу.

- Жьыщхьэ махуэ ухъу, - жиIэу щэхуу къыжьэдэкIа мыхъумэ, щIалэм нэгъуэщI жиIакъым.

Шу мыцIыхум илъэгъуар и гуапэ хъуауэ ежьэжащ, мобыхэм я Iуэху дахэ хъуну къехъуэхъури. ЛIыжьыр и унэ къэблэгъэжат, адэкIэ щIэгузэвэн щыIэжтэкъыми, хуит ищIыжа щIалэри ежьэжащ и башыр и Iэдэжу.

ЕтIуанэ махуэм лIыжьыр а гъуэгу дыдэм кърикIуэжырт. Аргуэру къишэрт мэкъу шыдыгу. Иджыри хьэлъэIуэ къищIат. Къэсыжащ а дэкIыгъуэ дыдэм. Шыдым къыдишакъым аргуэру хьэлъэр. МэлъэпIастхъэ лъэкI къигъанэркъым. ЛIыжьыр шыдым текIиери хъуакъым, къыдеIэри хъуакъым. Iуэхум зыри къыщимыкIым, гъуэгурыкIуэ гуэр къызихьэлIамэ аратэкъэ, жыхуиIэу увыжауэ щытщ.

ПIалъэ гуэр дэкIауэ, дыгъуасэ хуэдэу, щIалэ гуэр гъуэгум кърокIуэ и Iэр щIиупскIэу. ЛIыжьыр гуфIащ, къыздэIэпыкъунущ, жиIэри. КъакIуэр къэмысыпэу… гъуэгум дидзыхри, блэкIащ, лIыжьымрэ шыдымрэ имылъагъу зищIу.

ЩыблэкIым дадэр къэгузавэри кIэлъыджащ:

- Ееей, щIалэ махуэ хъун, Алыхьым хьэтыр иIэмэ, къэувыIи….

ЩIалэр кIуэрт къемыплъэкIыу. ЛIыжьыр имылъэгъуауэ, хьэмэрэ зэрыкIэлъыджэр зыхимыхауэ аратэкъым абы.

Сыту пIэрэт зытеухуар а щIалэм и гупсысэр абы щыгъуэ? Хабзэр игу къэмыкIыххэрэт е лIыжьыр зыгуэркIэ игъэкъуаншэрэт? СыткIэ пщIэн? ГъащIэм ущыхуозэ узэгупсысын куэд.

НЭХУЩ Хьэжпагуэ.
Поделиться: