Хьэлэ хьэлъэт

Илъэси 101-кIэ екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэм и зы Iыхьэщ пащтыхь къэралыгъуэм адыгэ щIыналъэхэр зэкъуичын щыщIидза лъэхъэнэр. Абы и пэщIэдзэр Урысеймрэ Тыркумрэ Кучук-Кайнарджий мамыр зэгурыIуэныгъэр щызэращIылIа 1774 гъэрщ.

Абдежым къыщегъэжьауэ, Псыжь (Кубань) и ижьырабгъу лъэныкъуэр Урысейм, адрыщIымкIэ щыIэ щIы Iыхьэхэр (КIахэ Адыгэр, Абазэр, Убыхыр), хы ФIыцIэм нэсыху, Тыркум IэщIэлъыну зэхуагуэшауэ щытащ а къэралитIым, езы адыгэхэм ахэр абыкIэ хуит ямыщIа пэтми. Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, пащтыхь администрацэм Къэбэрдейм лэжьэн щыщыщIидзар 1825 гъэрщ. А лъэхъэнэм абы и хэщIапIэр здэщыIар Константиногорскэ быдапIэрщ (иджырей Горячеводск пэмыжыжьэу).

ХVIII лIэщIыгъуэм и кIэхэм Мэшыкъуэ Iуащхьэм и Iэхэлъахэм, иджы «Кавминводы» жыхуаIэм, иса адыгэ-абазэ къуажэхэр щIэгъэхуэбжьауэ кърагъэIэпхъукIыу хуежьащ. 1816 гъэм и закъуэ къэтщтэнщи, мы щIыпIэм, япэщIыкIэ Текели, иужькIэ Ермолов генералхэм я унафэкIэ щрагъэкIуэкIа теуэхэм къарикIуэу, къуажэ 18 зэуэ кърагъэIэпхъукIащ. Абыхэм ящыщу иныкъуэр Балъкъ псыхъуэ дагъэтIысхьащ, мыдрейхэм Псыжь и ижьырабгъу лъэныкъуэр хуагъэлъэгъуащ.

1828 гъэм

Бгырысхэм закъыпигъэщхьэхукIыу, урыс пащтыхьыдзэм къригъэувэкIа Кавказ линэм и тепщэу 1828 - 1829 гъэхэм щытар генерал Эммануэль Георгийщ. Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, 1828 гъэм Тыркумрэ Урысеймрэ аргуэру зэпэщIэуващ икIи зауэм зэрыхэшащ. А Iуэхугъуэм аргуэрыжьу хьэзаб тIуащIэм хидзащ Псыхуабэ пэмыжыжьэу къэбэрдеищIым щыпсэуа адыгэхэмрэ абазэхэмрэ, «шэми сес, шхуми сес» зэрыжаIэу, зи лъэныкъуэ хъунур ямыщIэу утыку къызэринам къыхэкIыу. Абыхэм Псыжь адрыщIкIэ къыщыхута я лъэпкъэгъухэми пыщIэныгъэ хуаIэн хуейт, Къэбэрдейм и тепщэу къэува урысхэми зыдрамыгъэкIуу хъуртэкъым.

Къэдгъэлъагъуэмэ, а зэманырщ Къэбэрдейм къинауэ щыта адыгэхэмрэ абазэхэмрэ ящыщу Псыжь адрыщIкIэ щыIэ я лъэпкъэгъухэм я деж нэхъыбэ дыдэ щыIэпхъуар.

Урыс-Тырку зауэм зэрыщIидзэу, генерал Эммануэль Псыжь адрыщIкIэ щыпсэу бгырысхэм ярищIылIащ зи гущIэгъуншагъэкIэ зихуэдэ уигъэлъыхъуэн лъыкIпсыкI теуэхэр. Iэтащхьэм и унафэр зыгъэзащIэ пащтыхьыдзэр ебгъэрыкIуащ абы ипэкIэ Урысейм мамырыгъэкIэ къеувэлIауэ щыта жылэхэми, алъандэрэ урысхэм я Iуэху зыхалъхьэ мыхъуу къекIуэкIа адыгэ-абазэ лIакъуэхэми.

КъэралыгъуэжьитIым я зэпэщIэувэныгъэм щыщIидзэжа илъэсырщ Тебэрды, Уарп, Лабэ псыхъуэхэм дэса къуажэхэм хьэщхьэрыIуэ теуэхэр щращIылIар.

ГущIэгъуншэ теуэхэм я Iэужьу

КъызэрекIуэкIар аращи, полковник Канивальский Михаил и IэмыщIэ иралъхьа дзэр 1828 гъэм фокIадэм и 10-м пшапэ зэхэуэгъуэм иришажьэри, Тебэрды псыхъуэм дэс абазэ жылэшхуитIым я деж нэхущым нэсахэщ. Хур Iузыхыжыну губгъуэм дэкIа бгырысхэм зэуэзэпсэу яхэлъадэри, къапэувахэм ящыщ куэд яукIащ, гъавэу зыщыгугъ тIэкIури Iисраф зэтращIащ.

А зэхэуэ гуащIэм абазэ къуажитIым я тепщэхэу Ло Нэгъуейрэ Биберд Хьэтэжьыкъуэрэ хэтати, «япэр, бгырыс тIощI дэщIыгъуу, яукIащ, етIуанэр уIэгъэ хьэлъэ ящIащ», - итщ «Кавказский сборник» журналым и 15-нэ тедзэгъуэу XIX лIэщIыгъуэм икухэм къыдэкIам зи тхыгъэ къытехуа дзэлIым и IэдакъэщIэкIым.

«Мы зекIуэ цIыкIум нэгъуэщI зы ехъулIэныгъи къытхудэкIуащ, - щитхыжыгъащ Потто Василий «Кавказская война» и тхылъышхуэм. - Ар, дэ, урысхэм, иджыри къыздэсым здынэсыгъуейуэ къэтлъытэу щыта Къэрэшейм гъуэгу нэхъ кIэщI дыдэ къызэрыхуэдгъуэтарщ. ИкIи ар мазэ нэхъ дэмыкIыу генерал Эммануэль къигъэсэбэпащ, къэрэшейхэр къигъэсабырын мурадыр иIэу, и дзэхэр щришажьэм».

Iуащхьэмахуэ лъапэ пэгъунэгъубзэу Псыжь и псыщхьэхэм дэса къэрэшейхэм я бжыгъэр 1828 гъэм зэрыхъуу щытар, а лъэхъэнэм къызэрабжамкIэ, цIыху мини 8-м нызэрыхьэсщ. Эммануэль къилъытэрт, Европэм щынэхъ ин дыдэ бгым и лъабжьэм урысыдзэр щIишэмэ, адыгэбзэм ирипсалъэ бгырысхэр нэхъ тыншу зэщхьэщичыфыну. Апхуэдэуи хъуащ: къэбэрдейхэмрэ кIахэ адыгэхэмрэ а гъэм къыщыщIэдзауэ тхыдэм и кIыхьагъкIэ зэи къахудэмычыжа «хьэлэ» я зэхуаку къыдэхутащ.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: