Инал

«Тхьэр акъылрэ IущыгъэкIэ зыхуэупса пщышхуэт Инал. Абы и унафэ ткIийм щIэхуэри, адыгэхэм зэныкъуэкъуныр зыханащ.

ЦIыхубэм дзыхь кърагъэза нэужь, Инал и мурадхэм яужь ихьащ: зэбийхэр зэригъэкIуэжын хузэфIэкIащ, и унафэм цIыхур къригъэувэлIащ. Псом япэрауэ, пщы жыIэмыдаIуэхэм я лъэр иубыдащ Инал: лей зезыхьэхэм тезыр ятрилъхьащ, и унафэм къемыувэлIахэр иукIащ, жыIэдаIуэхэр зришалIэри, и блыгу щIигъэуващ. Ар зигу темыхуа пщыхэр бгым ихьэжащ, бгым къикIыурэ абыхэм я лъэпкъэгъухэр яхъунщIэу, бэлыхь хадзэу къаублащ. Ахэр зэтриукIэн мурад ищIащ Инал: и дзэр иришажьэри, я ужь иуващ ик1и пщы тIощIрэ пщIырэ гъэр къищIащ, пщIыр иукIри, адрейхэм тхьэ яригъэIуащ…

Абы тетурэ, Уэздемыр зи дзэпщ хыIуфэрысхэр Инал къыпэуващ, ауэ езы Инал дзэм зэрапашэр щызэхахым, икIуэтыжащ. Абыхэм я ужьыр ихуурэ, Уэздемыр и дзэр зэтрикъутащ Инал. Уэздемыр а зауэм хэкIуэдащ.

Зэрызахуэм, лIыгъэ зэрыхэлъым, зэрыIущым щхьэкIэ Инал дзыхь ирагъэзащ адыгэхэм, фIыуэ ялъагъу, пщIэ хуащI хъуащ. Лей зезыхьахэр лъэныкъуэ иригъэзащ Инал, и унафэ Iущхэм мамырыгъэ къралъхьащ хэкум, хеящIэ плIыщI хихри, цIыхум я унафэр абыхэм я IэмыщIэ ирилъхьащ. Инал щэджащэкIэ, тхьэмадэ IущкIэ еджэ хъуащ. И хэкум фIыгъуэ зэрыхуилэжьын фIэкIа, и щхьэ Iуэху зэрихуакъым абы. Аращ щIыжаIар: «Ди тхьэ, Инал и махуэ къыдэт», - жаIэу. А псалъэр цIыхум ноби ящыгъупщакъым.

Хы Iуфэм Iусхэр игъэсабырауэ, Инал Бзыб деж щылIащ. И хьэдэр а псым и Iуфэм щыщIалъхьащ, абдеж Инал-къубэкIэ (Инал и кхъащхьэ) йоджэ иджыри къэс.

Фызищ иIащ Инал. Абыхэм къуитху къыхуалъхуащ: и япэ фызым – Жанхъуэт; етIуанэм – Минболэтрэ Беслъэнрэ; ещанэм – Унармэсрэ Хъымыщрэ. Адыгэхэм зэрахабзэу, ахэр атэлыкъхэм япIащ.

Инал лIа нэужь абы и къуэхэм я унафэм едэIуэн ядакъым адыгэхэм: Инал и акъылымрэ и Iущагъымрэ хуэдэ зиIа яхэтакъым абыхэм, ар дэнэ къэна, езыхэр зэщыхьэжащ, зэныкъуэкъуу хуежьэри, бий зэхуэхъуащ – лъэпкъри хэкури насыпыншагъэм хуашащ. ЗэгурымыIуэж щыхъум, Инал и къуэхэр зэбгрыкIащ: хэт ХэгъакIэм (Шапсыгъым) къинащ, хэт КIэмыргуейм кIуащ, адрейхэр Къэбэрдейм къинащ.

Инал и къуэхэм къатехъукIауэ залъытэжырт къэбэрдеипщхэми, кIэмыргуеипщхэми, беслъэнеипщхэми.

P.S. Тхыдэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, Инал Мысырым щыпащтыхьащ (мамлюк дзэпщ цIэрыIуэщ), абы къикIыжа нэужь, адыгэ лъэпкъхэр зэгуигъэхьэн, къэралыгъуэ иухуэн хузэфIэкIащ. Нэгумэ Шорэ зэритхымкIэ, Инал щылIар 1427 гъэрщ. Я дзэпщышхуэм Инал НэхукIэ еджэу щытащ адыгэхэр.

Поделиться:

Читать также: