Мыхъуми, сыгъэух

ГушыIэ

Тегушхуэныгъэ зэрахэмылъым къыхэкIыу, щIэмыхьэфу зэхэт и ныбжьэгъу гупыр зэлъыIуигъэкIуэтри, Iэсхьэд экзамен щат пэшым щIыхьащ, и унэжь щIэбэкъуэж бысымым ещхьу гушхуауэ.
- Добрэ утрэ, Мыхьмуд Назирович! - хэIэтыкIауэ Iэсхьэд жеIэ, джэшыдз фызыжьым къигъэхьэзыра куэзырым ещхьу, икъухьауэ стIолым телъ билетхэм теIэбэурэ. - ДымытIысу жэуап етт хъуну къытлъыса билетым ит упщIэхэм?
- ПщIэмэ, хъунщи, тIыгъуэжынмэ, уэлэхьи.
- Цырыцу зэпкърызмыудмэ, си гитарэжьыр згъэпцIащ!.. Iыхьы-Iыхьы!..
И портфель укъуеяр имыхъуэжауэ (тхылъ къэщэхуным къыдэхуэу, ахъшэ тIэкIу худэдзыхыртэкъым) институтым зэрыщылажьэ илъэс щэщIым къриубыдэу Мыхьмуд студент Iэджэ илъэгъуат, абыхэм я жэуапхэм едэIуат, езыхэри къедэIуэжат, щригъаджэ е экзамен къащыIих зэманхэм къриубыдэу. Я фэкIи я щIэныгъэкIи зэмыщхь а студентхэм яхэтт хуэмыху, щхьэхынэ, хьилым щIагъуэ зыбгъэдэмылъ зыкъом. Ауэ, езы Мыхьмуд зэрыжиIэмкIэ, Iэсхьэд хуэдэ былым дыдэ зэи хуэзатэкъым. Зыхуэза гуэр щыIэми, щыгъупщэжат.
- Сыт мыбы есщIэнур? - егъэджакIуэр хэкъузауэ зоупщIыж, Iэсхьэд къригъэкIуэкI мышыу къомым (билетым ит упщIэхэм жыжьэу екIуалIэртэкъым) адэкIэ емыдэIуэжыфу здэщысым. - «Неуд» Iушэ цIыкIу хуэгъэув жыпIа?.. Дауи, мы ахьмакъым абы нэхърэ нэхъыбэ къилэжьыркъым, ауэ… ауэ и адэ къулеижьым и ерыскъы IэфI куэд тшхащ, и сом зыкъоми…
- У меня все! - уардэу Iэсхьэд жиIащ, Мыхьмуд зыхэт гупсысэ хьэлъэхэр зэпиуду.
- Хъунщ, Iэсхьэд, ауэ тIэкIу, услабэщ.
- Ы-ы? УпщIэ лей зытIущ къызэтыт-тIэ иджыри.
- Жэуап къыпхуемытыжмэ-щэ?
- За кого Вы меня принимаете, Мыхьмуд Назирович? Любой вопросыр цырыцу пхузэIызмыхмэ, ди «Мерседесыр» згъэпцIащ!
«Принципиальнэ» жыхуиIэ псалъэр фIы дыдэу илъагъу пэтми, куэдыр зэрыщыгъуазэщи, Мыхьмуд цIыху течыгъуейхэм ящыщтэкъым, шыдым хуэдэу ерыщ екIуэу. Зыбжанэрэ уелъэIуа е тIэкIу епкъузылIа нэужь, ар къыпхуэгъэIурыщIэрт. Студентым и лъэIу тегъэчыныхьыным Мыхьмуд Назирович пэщIэтыфакъым.
- Зы упщIэ уэстынщ-тIэ, апхуэдизу уигурэ уи щхьэрэ щызэтелъкIэ, - жеIэ абы, нэгъуджэ зыIуихар бэлътоку зэхэупIышкIуэжакIэ илъэщIу здэщысым. - Сыт банкыр зищIысыр икIи экономикэм сыт хуэдэ къалэн абы щигъэзащIэр?.. ПщIэрэ?
- Хьи! КIэнишнэ сщIэрэ! Сабий садым щыIэ дэтхэнэ зы цIыкIуми абы и жэуапыр къуитыфынущ, Мыхьмуд Назирович (и бгъэм ину теуIуэурэ), сэ дэнэ къыщына!
- ЖыIэт-тIэ.
- СлIожь, жысIэмэ: банкыр - хьэкъущыкъу лIэужьыгъуэщ. Сыт ущIэдыхьэшхыр, Мыхьмуд Назирович? Уэлэхьи, зыри гъэщIэгъуэну абы хэмыт. Умыдыхьэшх, кхъыIэ, апхуэдизу. Мыхъуми, сыгъэух!..
 

ЛIЫГЪУР Чэрим.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:41 Япон усэ зыбжанэ
18.04.2024 - 10:01 Тхылъ тыкуэным
15.04.2024 - 14:41 Адэм деж письмо
12.04.2024 - 17:57 Сыфхуоупсэ