Псэм къыбгъэдэкI сатырхэр

Мы усэхэр зи къалэмыпэм къыпыкIа Абэнокъуэ (Табыхъу) Ленэ Лэскэн Ипщэ къуажэм къыщалъхуащ. Курыт школыр къиуха нэужь, Налшык дэт технологие техникумым щеджащ икIи ар 1973 гъэм ехъулIэныгъэкIэ къиухащ.
Ленэ Анзорей къуажэм щопсэу, унагъуэ насыпыфIэм я унэгуащэщ. Зэрысабийрэ усэ тхыным дихьэх бзылъхугъэм и къалэмыпэм къыпыкIащ тхыгъэ куэд, апхуэдэу щытми ахэр япэу утыку кърихьэу аращ. «Адыгэ псалъэм» къытехуа мы сатырхэр псыпэ угъурлы хуэхъуну ди гуапэщ.

Си адыгэбзэ
Псэм къиIукI макъамэ дахэу
Сэ къысщохъу ди адыгэбзэр.
КъыщIоIукIыр а макъамэр
Къуршхэм къех ди псыежэххэм.
Iуащхьэмахуэ и къабзагъэр,
Ди мэзыжьхэм я дахагъэр,
Гъатхэу щIылъэр зыдэушыр,
Къуалэбзум уэрэд кърашыр.
А макъ дахэу дунейм тетыр
Къысщохъу Тхьэм зэхуихьэсауэ,
Тхудилъхьэжу дыщэ пхъуантэм,
Бзэуэ дэ къыдитыжауэ.
УщыцIыкIум а макъамэм
Уэ езыр ущIапIыкIамэ,
Анэм и гущэкъу уэрэду,
Мызэ-мытIэу зэхэпхамэ,
Псэм хэпщIауэ укъотэдж,
Бзэуэ щыIэм ар йофIэкI.

Гугъумрэ тыншымрэ
Хъуащ зыкъомкIэ тынш ди гъащIэр
Пхъэхьи псыхьи дымыкIуэж,
Ткъутэжащи ди хьэкужьхэр,
ДиIэхауи дымыщIэж.
Дуней псом дыкърацIыхуу
Хабзэ дахэу дэ диIар
Гугъут зепхьэнуи, хабзэншагъкIэ,
ТIэу демыплъу, зэтхъуэкIащ.
Сытым щыщ адыгэ цIэжьхэр?
Сабийм дауэ уреджэн?
Модэ тыркухэм е хьэрыпхэм
Я цIэ дахэхэр къэтщтэнщ.
Адыгэбзэр-щэ? – Гугъу дыдэщ,
Сабийм и фэм ар дэхуэн?
Едгъэджэнхэщи хамэбзэм,
СыткIи ар нэхъ къащхьэпэнщ.
Псысэхэм, таурыхъхэм деджэу
ЦIыкIухэм дабгъэдэмысыф,
Смартфон я Iэхэм IэщIэлъу
Я щхьэр трагъэужыф.
Дылъэуджыджэрэ делIалIэу
ХьэщIэм дахэмытыжыф,
Ресторанхэм ди гуфIэгъуэр
Тыншу щызэфIыдохыф.
Дэ джэгукIи, гушыIэкIи,
ЗэхэтыкIи димыIэж,
ИугъащIэ ди артистхэм -
Къыдатынкъэ гукъыдэж.
Iэнэм гуп зэдэтIысамэ,
Хэти зэригъэцIыхун?
Ар нэхъ тыншщи – кIыгуугу хуэдэу,
И цIэр щхьэж къриIуэжынщ.
СыткIи тщIынщ ди гъащIэр тынш,
Зэуэ зыдгъэпсэхужынщ,
А тынш къомым кърикIуэнум
«Гугъущи» - демыгупсысын!
Тыншу упсэу зэрыхъунур
Пасэрейхэм ямыщIа,
А тыншыгъуэм и уасэнур
Иджырейхэм къамыпща!

Нэхущ Чэрим
Ди Чэриму ди Нэхущ,
Уи уэрэдым псэр доуш.
Псэм гурыщIэр къыдохъей,
Здрашажьэр «удж хъурей».
ЩIалэ щыпкъэр ди утыкум
ЕкIуу уэ укъызэрихьэу,
ЗанщIэу уощI утыкур бжьыфIэ,
Псори мэхъур нэфIэгуфIэ.
Адыгэбзэм и дахагъэр,
Абы иIэ къулеягъэр,
Уи уэрэдхэмкIэ уоIуатэ,
Ар цIыхубэм яхуохъу батэ.
Ди адыгэм имызакъуэ
Уэ уи щIыхьыр дэзыхьейр -
Уривагъуэщ Кавказ псоми,
УэркIэ пагэщ Къэбэрдейр!

НэхъыжьыфI
Зэхэсхащ зэгуэрым жаIэу
НэхъыжьыфIкIэ лъэпкъыр лъапIэу.
Псалъэ пэжым и щыхьэту,
Къыфхуэсхьынщ мы зыри щапхъэу:
Лъэпкъым и цIэр фIыкIэ Iуамэ,
ФIыщIэ гуэри къытхуащIамэ,
Ар зи фIыщIэр ди нэхъыжьщ,
Уардэшыкъуэу дадэ Iущщ.
УщиякIуи чэнджэщэгъуи,
Жьыми щIэми ар къытхуохъу,
Щхьэх имыIэ, къимыкIуэт,
Жэщи махуи ар богъуэт.
Зы унагъуэ фIы къихъуамэ,
ГуфIэгъуэбжэр зэIуахамэ,
Гурэ псэкIэ ехъуэхъунщ,
УнафэфIхэр яхуищIынщ.
Унэхъыжьми жьы умыхъуу,
УIумахуэу, жьыщхьэ махуэу,
Куэдрэ Тхьэм утхуигъэпсэу
Удидадэщ Табыхъу псом!

Поделиться: