ЩІапхъэм и щапхъэ

Псэмахуэрэ Нэхунэрэ зэрышагъащІэт. НысащІэмрэ щауэщІэмрэ я унэм нэху къыщекІа япэ жэщым и пщэдджыжьым япэрей пщэдджыжьышхэ щызэдащІынут.
Щауэр жьыуэ къэушати, еплъмэ, щхьэгъусэр тхъэжу мэжей. Къимыгъэушыну хуэсакъыпэурэ къэтэджри, нысащІэм пщэдджыжьышхэ хуигъэхьэзырыну иужь ихьащ.
Япэрауэ, хадэм и щІыпІэ нэхъ дахапІэм Іэнэ зэгъэпэща дахэ щиухуащ. Мэ ІэфІ къызыпих гъагъэ хъуэпсэгъуэ дахащэхэм хэту иухуа Іэнэм къытригъэуващ унэм щІэлъу хъуар: кхъуей, щІакхъуэ, фо, тхъу, шатэ, джэдыкІэт, нащэ…
Гъагъэ зэмыфэгъу зэмылІэужьыгъуэ Іэрамэ дахэ Іэнэкум къригъэувэри, и щхьэгъусэр хуэсакъыпэурэ, едэхащІэурэ къигъэушащ.
Щхьэгъусэм зэригъэпэщар зымыщІэ нысащІэм, зитхьэщІщ-зихуапэри, къыщIэкIащ. Хадэм щихьэм илъагъур имыгъэщІагъуэу хъунт!? ИгъэщІэгъуащ икІи гуфІэщауэ, жиІэн имыщІэжу къэнащ. «Сыту фІыт мы щІалэр щхьэгъусэу къызэрыхэсхар!.. Сыту сынасыпыфІэ!», - жиІащ игукІэ.
Псэмахуэ Нэхунэ Iэнэм пэригъэтIысхьащ, езыри и пІэм тІысыжа нэужь, нысащІэм шеибжьэ щыхуригъахъуэм: «ДяпэкІэ ди пщэдджыжьышхэхэр мис мыпхуэдэущ зэрыбгъэхьэзырынур, си псэ, уи Іэзагъэ къызэрыбгъэлъэгъуэнур уэ уи Іуэхужщ, ауэ пщэдджыжьышхэфІ здэдмыщІу хъунукъым. Пщэдей щыщІэдзауэ ар уи къалэнщи, зэи зыщомыгъэгъупщэ!» жриІэну зыщыхуигъэхьэзырым Нэхунэ къэпсэлъащ:
- Къысхуэгъэгъу, си псэ, сэрат мыхэр зыщІэн хуеяр ауэ сыхэжаери, си япэ уищауэ аращ. Сыту уцІыху дыщэ, сыту уцІыху гуапэ!.. Сэри сыту сынасыпыфІэ!.. Быдэу укъызогъэгугъэ узэрызгъэгуфІэн, узэрызгъэнэжэгужэн Iуэху фІэкІа зезмыхуэну, слъэкІ къэзмыгъэнэну...
Псэмахуэ сыт жиІэжынт!?
- Ягъэ кІынкъым, си дахэ, апхуэди къохъу. Сэри узгъэгуфІэн, узгъэтхъэн щхьэкІэ слъэкІ къызэрызмыгъэнэнур уи фІэщ щІы.

Хъуажь Фахъри.
Поделиться: