Зи щхьэм пщIэ хуэзыщIыж лъэпкъ

* * *

Адыгэхэр лъэпкъ нэхъыжь ды­дэхэм ящыщщ. Абыхэм я тхыдэр апхуэдизкIэ жы­жьэ зоIэ­бэ­кIыжри, Китайм, Мысы­рым, Къэ­жэрым я гугъу у­­мыщIмэ, адыгэхэм я блэ­кIам елъытауэ, дэтхэнэ зы ­хэкуми зи гугъу ящIхэр ды­гъуасэрей хъыбарщ.
Адыгэхэр нэгъуэщI телъыджэ гуэркIи псоми къа­хощ: ахэр зэ­рыпхъуакIуэм и унафэ зэи щIэта­къым. ИкIуэтащ, къуакIэбгы­кIэхэм зыщагъэпщкIуащ, къа­руу­ш­хуэкIэ ираудыхащ, ауэ къатегуп­лIахэм я хабзэхэм фIэ­лIыкIа ­мыхъумэ, зызыхуа­гъэщхъа ­къару щыIэкъым. Дызэрыт лъэхъэ­нэ­ми ахэр, я хабзэ зэрахьэжу, я нэхъыжьхэм я унафэ щIэту мэпсэу. Мы лъэпкъыр гъэщIэ­гъуэн зыщI Iуэхущ мыри: щIы хъурейм тет ­дэтхэнэ ­лъэп­къ­ри и тхыдэ жы­жьэм зэбгъэп­лъэ­кIыжмэ, адыгэхэм я закъуэщ щхьэхуиту зэрыщытам щыхьэт техъуэфу ­къахэкIынур.
БжыгъэкIэ куэд мыхъухэми, я щIыналъэм ап­хуэдизкIэ куп­щIэшхуэ ехъумэри, пасэрей цивилизацэхэм а лъэпкъыр фIы дыдэу щацIыху. Адыгэхэм я гугъу ящI ­Геродот, Флакк, Помпоний, Страбон, Плутарх сымэ хуэдэ тха­кIуэ щэджащэ­хэм.
Илъэс минитIрэ щищым щIи­гъуауэ дунейм нэхъ­ лъэрызехьэу тета тепщэхэм щахъумэфа хуи­ты­ныгъэм и лIыхъужь пшыналъэщ абы­хэм я IуэрыIуатэр, тау­рыхъхэр, хъыбары­ж­ь­­­­х­эр.

«Глиссон и cурэт журнал».
Лондон. 1854 гъэ

* * *

Шэрджэсхэр къуданщ, зэ­кIужщ, бгы псыгъуэщ. Я лъыр ­къабзэщ, нэ фIыцIэхэщ, наб­дзэ къурашэхэщ, псом хуэмыдэжу цIыхубзхэр; адыгэ пщащэхэр я дахагъкIэ къахощ дуней псом цIыхубзу тету хъуам.
Абыхэм (кърым тэтэрхэм) Шэр­джэсым иракуркъым, а хэкум исхэр зэрылIыхъужь защIэм щыгъуазэщи.
Адыгэхэр ирогушхуэ лъы ­къабзэ зэращIэтым, тыркухэм абыхэм пщIэ лей хуащI, шууей лъэпкъ ­пагэщ зэреджэр.
Абыхэм яшхэр дахэ дыдэщ, жанщ, пIащэщ, пIащэми, Iэпкълъэпкъ зэкIужщ, езы шэрджэсхэми хуэдэу… ЦIыху нэжэгужэщ адыгэхэр, къы­щыфэм деж лъапэкIэ хатIэ-хасэ - ар гугъущ, дауи, ауэ дахагъэщ.

АСКОЛИ  Эмиддио.
(Италие). 1634 гъэ

* * *

Хабзэрэ фащэкIэ адыгэ лъэпкъ псоми щапхъэ зытрахыр къэбэрдейхэрщ - Сунжэ къы­щы­щIэдзауэ тенджыз Iуфэм нэс.

ПОПКО  Николай,
урыс щIэныгъэлI

* * *

Шэрджэсхэм я лъахэр телъы­джэщ, пхъэщхьэмыщхьэ жыг­хэр щыкуэдыкIейщ, япсхэр ­къабзабзэщ, мэзыр я гъу­нэжщ. Хьэ­уар абы щыкъабзэ дыдэщ, ­зэгъщ. Шэрджэсхэр зэрылъэпкъ дахэр зи фIыщIэр арауэ солъытэ. Лъахэ дэ­гъуэ дыдэ зэрисымрэ гъэсэныгъэ тэмэм зэрахэлъымрэ лъабжьэ хуэхъуащ адыгэ лъэпкъым и ­дахагъэм.

Ферран,
франджы дохутыр.
1702 гъэ

* * *

Дунейм тет нэхъ лъэпкъ хахуэ дыдэхэм ящыщщ шэрджэсхэр.

КАНИТЦ  Феликс,
Австрием щыщ этнограф

* * *

Къэбэрдейхэм, шапсыгъ­хэм, Псыжь адрыщI ис адрей ­адыгэ лъэпкъхэм я шуудзэм ­ебгъапщэ хъун зыщIыпIи щыслъэ­гъуакъым.

ТОРНАУ  Федор,
урыс тIасхъэщIэх

* * *

Сыт хуэдиз къытхуищIа дэ фэрэкIыр япэ дыдэ зыхэзылъхьа шэрджэс бзылъхугъэм! Сыт хуэдиз сабий ажалым къела абы и фIыгъэкIэ! ЦIыхум апхуэдэ Iуэхутхьэбзэ хуэзыщIэфа къэхъуакъым, аращ абы фIыщIэ щIыхуэфащэр.

* * *

Адыгэр цIыху хахуэщ, щхьэмыгъазэщ, ауэ къанлыкъым икIи гущIэгъуншэкъым: ирамыху­лIауэ лъы игъэжэ­нукъым, ирахулIэрэ зэуэн хуей хъумэ, зыпикIуэтын щыIэкъым.

ЛАПИНСКИЙ  Теофил,
Польшэм щыщ щIэныгъэлI, зауэлI.
1857 гъэ

* * *

Тэтэрхэмрэ нэгъуейхэм­рэ къа­щыхьэ зэпытщи, шэрджэс­хэр зауэм хуэхьэзырщ сыт щыгъуи, абыхэм нэхъ шууей а лъэ­ны­къуэмкIэ ­щыбгъуэтынукъым. ШабзэкIэ мэзауэ ахэр, сэшхуэри ягъэIэрыхуэ… Шабзэмрэ сэ­шхуэм­рэ нэмыщI, бийм щебгъэ­рыкIуэкIэ, абыхэм бжырэ мывопцIэрэ къагъэсэбэп. Мэз щIагъым щызэрихьэлIэмэ, зы адыгэм бий тIощI хигъэщIэнущ.

ЛУККА  Джиовани,
итальян монах. 1634 гъэ

* * *

А лъэпкъ хахуэм къэралы­гъуэ лъэщ иухуэфынут, зи акъыл зэтемыхуэ пщыхэм я IэмыщIэ имылъатэмэ. ЛIыфIыгъуэ зэримыгъахуэурэ, зэныкъуэкъу зэ­пытщ ахэр, ди насыпщи, абы и фIыгъэкIэ нэхъ шынагъуэншэ мэхъу а лъэпкъ хахуэр.

ПАЛЛАС  Петр-Симон,
нэмыцэ академик. 1794 гъэ

* * *

Лъэпкъ дахэщ шэрджэс­хэр, цIыху екIухэщ. Я цIыхухъу­хэр Iэчлъэчщ, къуэгъущ, къамылыфэщ, гуапэхэщ, я щхьэм пщIэ хуэзыщIыж защIэщ, уардэхэщ, плIабгъуэхэщ, бгы псы­гъуэхэщ.

КЛАПРОТ  Генрих-Юлиус,
нэмыцэ академик-ориенталист.
1808 гъэ

* * *

Адыгэм и фащэ дахэр Шэрджэсым и гъунапкъэхэм щхьэ­дэхри, жыжьэ нэсащ. Адыгэхэр сыткIи къахэщырт я гъунэгъу лъэпкъхэм - я фащэкIи, я хабзэхэмкIи, я псэукIэкIи. Адыгэ фащэр Кавказ Ищхъэрэми къыщызэтенакъым, Кавказ щIыбми нэсащ… Къэзакъхэми щапхъэ яхуэхъуащ шэрджэсхэм я фащэр, я Iэщэр, я шы тесыкIэр, абыхэм ядэплъей зэпытащ.

СТУДЕНЕЦКАЯ  Еленэ.

* * *

Зауэм щыIухьэкIэ, шэрджэсым и Iэщэ-фащэ нэхъыфI дыдэмкIэ зызэщIеузадэ. И Iэщэрэ и фащэкIэ ар лъэпкъ куэдым къахощ, Азием дэнэ къэна, Европэми щыслъэгъуа­къым шэрджэсым и Iэщэмрэ и фащэмрэ нэхъ дахэрэ нэхъ Iэрыхуэрэ.

ХЪАН-ДЖЭРИЙ  СулътIан,
адыгэ этнограф.
1838 гъэ

Поделиться: