Насыпыр зыгуэшхэр

Сабийм и гъащIэм егъэджакIуэм щиIэ мыхьэнэр къыпхуэмылъытэным хуэдизу инщ. ЩIэныгъэ зэрыбгъэдилъхьэм и мызакъуэу, егъэджакIуэм и гъэсэным хьэл-щэн дахэ зыхилъхьэным йолIалIэ, и дуней еплъыкIэм, гупсысэм зрегъэужь, гъащIэм лъагъуэ пэж щытригъэувэным хущIокъу. ЕгъэджакIуэ нэсырщ апхуэдэу щытыфыр - и къару, зэман емыблэжу сабийхэм яхэтыр, зи лэжьыгъэр и щхьэ Iуэхум япэ изыгъэщыфыр. Апхуэдэ егъэджакIуэхэм ящыщщ Шэрэдж куейм хыхьэ Аушыджэр къуажэм дэт курыт школым илъэс 30-м щ1игъуауэ адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэдж Шэшэн (Урыс) Людмилэ.

ЕгъэджакIуэм Iэзагъышхуэ бгъэдэлъу и дерсхэр зэхегъэувэ, шэщIауэ къегъэсэбэп классщIыб егъэджэныгъэри гупжьей лэжьэкIэри, IэкIуэлъакIуэу зэхеухуанэ ныбжьыщIэм щхьэхуэу дэлэжьэнри, класспсо Iуэхухэри. Апхуэдэ Iуэху къызэгъэпэщыкIэ тэмэмым ехъулIэныгъэ пыухыкIахэр къыпэмыкIуэнкIэ Iэмал иIэкъым. Людмилэ иригъаджэ ныбжьыщIэхэм щIэныгъэ куу ябгъэдэлъщ, ахэр сыт щыгъуи жыджэру хэтщ школым, куейм, республикэм щекIуэкI зэхьэзэхуэхэм, олимпиадэхэм. Ахэр къыхэжанык1ащ Къэбэрдей-Балъкъэр телевиденэм иригъэкIуэкIыу щыта «Акъыл жан» зэпеуэм. Абы и гъэсэнхэм яхэтщ я егъэджакIуэм и IэщIагъэр къыхэзыхахэри.

- ЕгъэджакIуэм и зэфIэкIыр къызэрупщытэ хъуну Iэмалхэм ящыщу нэхъыщхьэу къызолъытэ абы и гъэсэнхэм яIэ зэфIэкIыр, ныбжьыщIэхэмрэ езымрэ я зэхущытыкIэр, иригъэдж предметым сабийхэр зэрыхущытыр. АбыхэмкIэ ехъулIэныгъэшхуэ иIэщ Людмилэ. Абы и гъэсэнхэм адыгэбзэм хуаIэ лъагъуныгъэм, яхэлъ гъэсэныгъэ дахэм къыбжеIэ я егъэджакIуэр зыхуэдэр. Апхуэдэу ар наIуэ къащI школ унафэщIхэм, егъэджэныгъэмкIэ куей къудамэм зэман-зэманкIэрэ ирагъэкIуэкI къэпщытэныгъэхэм къарикIуэхэми: Шэшэным и еджакIуэхэм адыгэбзэмкIэ щIэныгъэфI ябгъэдэлъщ, я гупсысэхэр тэмэму, зэгъэкIуауэ абы къраIуэтэф, - Людмилэ и лэжьыгъэм тепсэлъыхьу жеIэ Аушыджэр школым адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэджхэм я методикэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Тату Маринэ. - Иджыблагъэ ди жылэм щыIащ Адыгейм къикIа хьэщIэ гуп. Хэкупсэ щIалэ Чермет Мухьдин ныбжьыщIэ 36-рэ и гъусэу Аушыджэр тхьэмахуэкIэ щыхьэщIащ. Адыгэу щыIэм я Хэкужь Къэбэрдей щIыналъэм щызекIуэ, нэхъыжьхэм щахъума лъэпкъ хабзэхэм, ди къуажэдэсхэм я псэукIэ-щыIэкIэм, гупсысэхэм, щэнхабзэм нэхъ гъунэгъуу зыщагъэгъуэзэну, езыхэм я лэжьыгъэм ахэр лъабжьэ хуащIын мурад зиIэхэм еш имыщIэу ядэлэжьащ Шэшэныр. Абыхэм яригъэлъэгъуащ ди анэдэлъхубзэм, лъэпкъ хабзэм щIэблэм хуащI пщIэр, гулъытэр. ЕмыкIу къыумыхьу ахэр утыку къипхьэфын папщIэ, зэфIэкIышхуэ уиIэн хуейщ. АтIэ а псор къыкъуэкIащ Людмилэ икIи Iуэхур екIуу зэфIихащ.

Апхуэдэ и зэфIэкIхэмкIэ егъэджакIуэр ядогуашэ и лэжьэгъухэми нэгъуэщI куейхэм я школхэм адыгэбзэр щезыгъэджхэми. Людмилэ илъэси 10-м щIигъуауэ и унафэщIщ Шэрэдж куейм адыгэбзэр щезыгъэджхэм я зэгухьэныгъэм. Апхуэдэу ар хэтщ еджакIуэ нэхъыфIхэм я лэжьыгъэхэр къэзыпщытэ республикэпсо комиссэм, «Си бзэ - си псэ, си дуней» щIыналъэпсо фестивалым и къызэгъэпэщакIуэ гупым.

- Си лэжьыгъэм нэхъыщхьэ дыдэу къыщыслъытэр щIэблэр хэкупсэу, я анэдэлъхубзэм, хабзэм пщIэ хуащIу гъэсэнырщ, псэ къабзэу Тхьэм къигъэщI ныбжьыщIэхэр дуней еплъыкIэ, цIыху хэтыкIэ тэмэм яIэу балигъ гъащIэм хэзгъэхьэнырщ. Iэмал имыIэу щыткъым ахэр псори адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэ мыхъуну - псом ящхьэр зыхэтым фIыкIэ къахэщу, къызыхэкIа лъэпкъым и хабзэр, бзэр, щэнхабзэр яхъумэу, ирагъэфIакIуэу псэунырщ, - жеIэ Шэшэн Людмилэ. - «Сабийр зыгъасэхэр фысакъ, Фэращ насыпыр зыгуэшыр. Ар губгъуэ нэщIым ивмыпхъэ! МыхъумыщIэр дзыгъуэу мэбагъуэ, Абы зекIуапIэ евмыт», - жиIэгъащ адыгэ уэрэдус цIэрыIуэ ХьэхъупащIэ Амырхъан. А псалъэ Iущхэр, мыхьэнэшхуэ зыщIэлъхэр, ди къыхуеджэныгъэущ куейм адыгэбзэр щезыгъэджхэр ди лэжьыгъэм дызэрыпэрытыр.

КЪАРДЭН Маритэ.
Поделиться: