Ди щIыналъэм итхьэкъуа тхакIуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым зэгуэр щыхьэщIа дэтхэнэми ар гуапэу игу къонэж икIи щIыналъэм къызэригъэзэжыным хущIокъу. Апхуэдэу ди щIыпIэ дахэм итхьэкъуахэм ящыщщ тхакIуэ, зэдзэкIакIуэ, публицист Пряжников Александр Владимир и къуэр. Ар иджы щIэх-щIэхыурэ къокIуэ ди республикэм, езым зэрыжиIэмкIи, гукIи псэкIи зыщегъэпсэху Налшык къалэ.

- Сэ сызэрыцIыкIурэ зыгуэрхэр сотх, ауэ сщIэм и мыхьэнэр къызгурыIуэжу усэ зэхэслъхьэн щыщIэздзар илъэс I6-м ситущ. Абы щхьэусыгъуэ хуэхъуар мыпхуэдэ зы Iуэхугъуэщ жысIэу зыри къысхуэгъэлъэгъуэнукъым, япэ дыдэу къалэмыр къыщыстар сщIэжыркъыми. СщIэжыр сытым дежи зыгуэр стхыуэ зэрыщытарщ, - жеIэ Александр. - Уи щхьэм щызеуэ гупсысэр тхылъымпIэ напэм щынэпхьэсым зыхэпщIэ гурыщIэр къыпхуэмыIуэтэнщ. Тхэным и гугъу щащIкIэ занщIэу сигу къокIыж Ахматовэ Аннэ и псалъэхэр. «Усэ птхыну тынш?» - упщIэмкIэ абы зыщыхуагъэзам: «Зыгуэрым къыбжиIэр птхыжыным сыт гугъуу хэлъыр», - жиIауэ щытащ. Сытым дежи зыгуэр зэхыбох, ар уи щхьэм илъыхукIэ абы гупсэхугъуэ къуиткъым. Мис ар тхылъымпIэ напэм нэпхьэса иужь гупсысэм уеутIыпщ. Пэжщ, си щIалэгъуэм нэхъ къыстехьэлъэу щытащ, итIанэ сесэжащ.

- Усэм къищынэмыщIауэ, адрей уи лэжьыгъэхэм я гугъу пщIымэ…

- Сэ прозэми си къарум сыщеплъыжащ, публицистикэ тхыгъэ куэди сиIэщ. Зэгуэр театр Iуэхухэм сыдихьэхыу щытащ. Илъэси 4-кIэ сыщылэжьащ «Южный театральный вестник» журналым. Къэбэрдей-Балъкъэр, Шэшэн, Къалмыкъ, нэгъуэщI республикэхэми я лъэпкъ театрхэм ятеухуауэ журналым и къыдэкIыгъуэ щхьэхуэхэр згъэхьэзыращ. Абы зэмануи къарууи куэд тезгъэкIуэдэн хуей хъурти, литературэр Iэпэдэгъэл щысфIэхъум а Iуэхур къэзгъэнащ.

- ЗэдзэкIын Iуэхури фIы дыдэу къохъулIэ. НэгъуэщI лъэпкъхэм щыщ тхакIуэхэм, усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр дэгъуэу урысыбзэкIэ зыбодзэкI икIи уи фIыгъэкIэ абыхэм цIыху нэхъыбэ щыгъуазэ мэхъу. А Iуэхум зеппщытыным сыт щхьэусыгъуэ хуэхъуар?

- ЗэдзэкIын Iуэхум политехническэ институтым сыщыдихьэхауэ щытащ. Абы щыгъуэм инджылызыбзэр нэхъ куууэ зджат, си диплом лэжьыгъэр зэрыпхызгъэкIын хуейр а бзэрати. Мис абы щыгъуэм Бернс Роберт итха «В горах мое сердце» усэ цIэрыIуэр зэздзэкIащ. Ар къызэрызэхъулIар сигу ирихьыжащ икIи хуэм-хуэмурэ абы сыдихьэхащ. Апхуэдэу щIэздзэри, инджылыз усыгъэм щыщу куэд зэздзэкIащ. ИтIанэ урысыбзэкIэ тхахэр инджылызыбзэм изгъэзэгъэнуи сыхэтащ. Ауэ утыку къисхьакъым, абыхэмкIэ си зэфIэкIыр згъэунэхуу арат, жыпIэнурамэ, си зэш тезгъэурт. ЗэдзэкIын Iуэхум нэхъ куууэ сыщыхыхьар фи республикэм сыщыIа иужьщ. Япэ дыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым сыкъэкIуащ 2006 гъэм. МафIэгукIэ сыкъакIуэу арати, вокзалым къыщыспежьащ тхакIуэ, усакIуэ цIэрыIуэ Жэлэтеж Сэлэдин. Абы щыгъуэм Сэлэдин сигъэлъэгъуащ Шэджэм псыкъелъэхэр, адыгэ хьэщIагъэ къызихащ. Фи щIыналъэм сыкъэкIуэн ипэкIэ сэ сыщыгъуэзакъым щIыпIэм и тхыдэм. 1863 гъэм адыгэм и щхьэм кърикIуа мыгъуагъэшхуэм зыри хэсщIыкIыртэкъым. Абы и хъыбарым сыкъригъэдэIуащ Жылэтежым. ИужькIэ къысхуихьащ абы теухуауэ итха «ИстамбылакIуэ» поэмэр. ЗэздзэкIын щIэздзэри, сыдихьэхауэ ар и кIэм нэзгъэсащ.

- Ди республикэм и тхакIуэхэм, усакIуэхэм ящыщу хэт сымэ я тхыгъэхэм уелэжьа?

- Нэхъыбэу зэздзэкIар Жылэтеж Сэлэдин и IэдакъэщIэкIхэрщ. Тхьэгъэзит Зубер и юбилейм ирихьэлIэу абы Джырандокъуэ Михаил хуигъэпса «Тэрч и псы Iубыгъуэ!» балладэр зэздзэкIащ. «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и лъэIукIэ зэздзэкIащ «Си илъэсищэ» усэр. Къыхэзгъэщыну сыхуейт ар икъукIэ купщIэшхуэ зыхэлъ тхыгъэу зэрыщытыр. Балъкъэрхэм я гугъу пщIымэ, иджыпсту солэжь си ныбжьэгъуфI Додуев Аскэр и усэхэм. Иужьрейуэ зэздзэкIащ Чех Сватоплук и «Шэрджэс» поэмэр. Ар «Литературная Кабардино-Балкария» журналым къытрадзащ.

- Литературэм и къэкIуэнур сыт хуэдэу уэ зэрыплъагъур?

- Техникэ и лъэныкъуэкIэ гъащIэм зэрызиужьым куэд егъэгужьей. Псом хуэмыдэу, литературэр абы дэкIуэдыну къащохъу. ГъащIэм къыщыхъу зыужьыныгъэм упэщIэмыувэу узэрыдэгъуэгурыкIуэным иужь уитын хуейуэ аращ. Псалъэм папщIэ, япэм шым тесу къакIухьу щытамэ, хуэм-хуэмурэ машинэм итIысхьащ. Нобэ псоми компьютер, интернет яIэщ, иджы арыншэу гъащIэр уи нэгу къыпхуэщIэгъэхьэркъым. Хъыбарыр зэрызэIэпах Iэмалхэм захъуэжащ. Сэ сызэреплъымкIэ, абы шынагъуэ хэлъкъым. Ди лIэщIыгъуэм техникэм зэрызиужьар цIыхум къыгурыIуэн хуейуэ аращ. Ар гъащIэм и хабзэщ, тхыдэм уриплъэжмэ, абы и щапхъэ гъунэжу хэтщ. Зы щIэ гуэр ди гъащIэм къыхохьэри, абы ифIри и Iейри зыхуэдэм философхэр топсэлъыхь. Иджыпстуи аращ, компьютерым, интернетым я мыхьэнэр къыдгурыIуэу, ар дифI хэлъу къэдгъэсэбэпын хуейуэ аращ. ГъащIэм къыщыхъу зыужьыныгъэм пэщIэувэ лъэпкъыр хэкIуэдэжынущ. Мис аращ нэхъыщхьэу цIыхум къыгурыIуапхъэр. Уи хабзэр, щэнхабзэр уэ езым Iэпэдэгъэлэл умыщIмэ, ар сыт хуэдэ зэхъуэкIыныгъэми дэкIуэдынукъым.

- Къэбэрдей-Балъкъэрыр Кавказым и налкъуту къалъытэ. Уэ дауэ къыпщыхъурэ ди республикэр?

- Япэу сыкъыщыкIуам щегъэжьауэ фи республикэр фIыуэ слъэгъуащ. Уеблэмэ иджы ар сэри си щIыналъэу къызолъытэ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ сэ мыбы гупсэхугъуэ щызогъуэт, щIэх-щIэхыури къытызогъазэ. Фи хьэуам хуэдэ щыIэкъым, фи цIыхухэр гуапэщ, фи щIакхъуэр, фи псыр псом нэхърэ нэхъ IэфIу къысщохъу. Сэ езым апхуэдэу куууэ щIыналъэм сезыпхыр къысхуэщIэркъым, бгырыс къуэпс си лIакъуэм хэту щызгъуэтакъым. Абы и лъэныкъуэкIэ Светлов Михаил и тхыгъэм «Сыт щIалэр Испанием щIыхуэзэшыр?» жыхуиIэм срещхьщ.

Епсэлъар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэ.
Поделиться: