Адыгэхэмрэ нартыхумрэ

Нартыхур Америкэ континентым кърашу XV лIэщIыгъуэм и кIэм, XVI  лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм Евразием къахьэса пэтми, ар лъэпкъ къэкIыгъэ зыхуэхъуар куэдкъым. Ар къызыхэкIам езым и щхьэусыгъуэ иIэжщ. ЗэрытщIэщи, гъавэхэкIыщIэхэр, хадэхэкIыщIэхэр, жыгIэрысэ лIэужьыгъуэщIэхэр сыт хуэдэ лъэпкъми къабыл ищIын щхьэкIэ, ахэр езым къыдекIуэкI къэкIыгъэ гуэрым ещхьын хуейщ. ЕтIуанэу, ахэр лъэныкъуэ зыбжанэкIэ (бэвагъкIэ, фIагъкIэ, къыщагъэкI щIыгум зэрезэгъымкIэ, цIыхум дежкIэ сэбэп зэрыхъумкIэ) ефIэкIын хуейщ «къэкIыгъэжьхэм».

Агрономием къызэрилъытэмкIэ, хумрэ нартыхумрэ зэхуэдэ гъавэ къэкIыгъэу зы гупым хохьэ. Гуэдз, гъасэ, хьэпцIий, хьэ, зэнтхъ лIэужьыгъуэхэр нэгъуэщI гупщ. Хумрэ нартыхумрэ къыхащIыкI шхыныгъуэхэмрэ къызэрыхащIыкI щIэныпхъэхэмрэ зыщ. Апхуэдэу щыщыткIэ, нартыхур къыщежьэм, ар Европэми, Азиеми, Африкэми къабыл щызыщIар хур зи лъэпкъ гъавэхэкIыу щытахэрщ. Иджыпстуи Европэмрэ Азиемрэ нартыхур щызыщIэ, щызышх лъэпкъхэр ижь-ижьыж лъандэрэ хум елэжьу, зышхыу щытахэращ. Адрейхэм нартыхур къащтакъым. Пасэрей адыгэхэу хур куэду къэзыгъэкIыу щытахэм нартыхур къазэрыIэрыхьэу псынщIэу яфIэфI, яфIэкъабыл хъуащ. Сыту жыпIэмэ, япэрауэ, къызэрыщIэкIамкIэ, хум къыхащIыкIыу щыта шхыныгъуэ псори нартыхум къыхэпщIыкIыфырт. ЕтIуанэу, нартыхум и бэвагъыр хум ейм нэхърэ куэдкIэ нэхъ инт, щIыпIэм фIы дыдэу езэгъырт. Ещанэу, нартыхур блэжьынкIэ, IупхыжынкIэ, зепхьэнкIэ куэдкIэ нэхъ псынщIагъуэт. Хум хуэдэу бгъэкъэбзэн, бужьгъэн, бгун хуейтэкъым. ЕплIанэу, нартыхур а зы щIыпIэм илъэс бжыгъэкIэ тепсэми, и бэвагъым кIэричыртэкъым, узхэр къеуалIэртэкъым. Етхуанэу, нартыху жэпкъыр мэкъум къыкIэрымыхуу Iэщым яшхырт. А псор къэплъытэмэ, щIыр зи мащIэ адыгэ мэкъумэшыщIэхэм я дежкIэ нартыхур узыблэкI мыхъун гъавэу, мэкъумылэу къыщIэкIащ. Абы адэкIэ, зэрыжытIащи, хур щыбагъуэр вагъэщIэхэращ. Нартыхур апхуэдэтэкъым. Вагъэжьхэм фIыуэ йозэгъ, а зы щIапIэм деж ухуейуэ щытмэ илъэс пщIы бжыгъэкIэ теси, абы щхьэкIэ и бэвагъыр мащIэ хъуркъым. Апхуэдэ щытыкIэфIхэр мэкъумэшыщIэм, сыт щыгъуи щIыр зи мащIэм, хуэмыгъуэтт. Мис ахэрауэ къыдолъытэ адыгэхэм нартыхур икIэщIыпIэкIэ лъэпкъ гъавэ къэкIыгъэ щIащIар.

ГурыIуэгъуэщ адыгэхэм а къэкIыгъэм нартыху щIыфIащари. Ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэм къадокIуэкI мыпхуэдэ хабзэ: лъэпкъым щытыкIэфIу хэлъыр нартхэм хуахьу, иралъыту, ирагъапщэу. Нартыху фIэщыгъэцIэри а хабзэм тету къэхъуауэ къэлъытапхъэщ. А фIэщыгъэцIэр гъавэхэкI угъурлым хуэфащэ дыдэт. Едмыгъэлейуэ жытIэнщи, лъэпкъым а псалъэм философие, социальнэ купщIэ лъэщ кIуэцIилъхьащ. Хьэуэ, нартыхур нартхэм я хууэ щытакъым, атIэ и къэуаткIэ, и бэвагъкIэ нартхэм хуагъэфащэ къэкIыгъэт.

Адыгэхэм нартыхур къуэ кIуэцIхэми, тафэхэми, уеблэмэ, метр I000-I200-рэ зи лъагагъ щIыпIэхэми къыщагъэкIырт, бэври къайхъулIэрт. Дауи, ар зи фIыщIэр щIыгум елэжьхэмрэ нартыху лъэпкъыфIхэмрэт. Иужьрейхэр зыбжанэ хъурт, нэхъ зэзэгъ щIыгу елъытакIэ.

Нартыхухэр къызэрымыкIуэу лIэужьыгъуэ куэду зэщхьэщокI: хужьхэр, гъуэжьхэр, плъыжьхэр, уеблэмэ фIыцIэхэр, банэ зытетхэр, шыдзэхэр, пасэу хъухэр, кIасэу хъухэр, нартыхуфохэр.

Адыгэ нартыху хужьыр Къэбэрдейми, Адыгейми, Шэрджэсми зэхуэдэу къыщагъэкIыу щытащ, «Адыгейская белая кремнистая», «Кабардинская белая кремнистая», «Черкесская белая кремнистая» жаIэу еджэу. Адыгэ нартыху хужьым и гъусэу Америкэм къикIа нартыху хужь шыдзэ лIэужьыгъуэр трасэурэ колхозхэр щызэхагъэхьам къагъэхъуауэ щытащ «Адыгэ нартыху шыдзэр», къыщагъэкIам елъытауэ «Адыгейская белая зубовидная», «Кабардинская белая зубовидная», «Черкесская белая зубовидная» зыфIащар.

Адыгэ нартыхухэр игъащIэ лъандэрэ Iуву IэкIэ трапхъэурэ къекIуэкIащ. Псалъэм папщIэ, гибриду къагъэхъуахэр зы гектарым къэкIыгъэ мин 45-50 нэхърэ нэхъыбэу тепсэ хъуркъым. Ди нартыхухэр хуэдэ 1,5-2-кIэ нэхъ Iуву къэбгъэкIын хуейщ. Абы щыгъуэщ адыгэ нартыхухэм я бэвагъыр ин щыхъур.

Хьэкъун Барэсбий.
Поделиться: