Къэбэрдей-Балъкъэрри ядэIэпыкъунущ

Къэбэрдей-Балъкъэрым гуманитар дэ­Iэ­пыкъуныгъэ яхуригъэшэнущ Донецк, Луганск цIыхубэ республикэхэм къиIэ­пхъукIыу Ростов щIыналъэм IэмалыншагъэкIэ къэкIуахэм.

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ищIа унафэм тету ерыскъыхэмрэ нэхъ зыхуэ­ныкъуэну хьэпшыпхэмрэ Ростов пщэдей яутIып­щынущ.
НэхъапэкIэ зэрыжаIащи, Къэбэрдей-­Балъкъэрыр хьэзырщ гузэвэгъуэм зи щхьэр къыхэзых цIыху 400-м ди щIыналъэр хэщIапIэ хуащIыну, ахэр республикэм и санаторэхэм  ящыщу 5-м щIагъэтIысхьэнущ Мы зэманым Донецкрэ Луганскрэ къиIэпхъукI­хэм медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр яхуэщIэным, апхуэдэуи сабийхэр республикэм и егъэ­джэныгъэ IуэхущIапIэхэм щIэгъэтIысхьэным теухуа Iуэхухэр яубзыху.

ТХЬЭХУЩЫНЭ Ланэ.
Поделиться: