Гъуэгум къыщыхъуар

ГъащIэ теплъэгъуэ

ЩIымахуэу умыщIэну, хуабэт дыгъэгъазэ мазэр. Уеблэмэ, вакъэ хуабэ лъамыгъагъыжыфу, туфлъэкIэ къыдэкIахэми уащрихьэлIэрт уэрамхэм. Уэсыр сфIэфIыщэуи жысIэфынутэкъым, ауэ, а гъэм сэр дыдэри сызыхуигъэзэшат!

Медколледжым сыкъыщIэкIыжри, махуэхэр кIэщI зэрыхъуам сигъэпIащIэу, тхылъымпIэ Iуэху гуэрхэр зэхэзгъэкIын хуейти, Лениным и цIэр зезыхьэ проспектымкIэ сунэтIащ...

Зы сыхьэт сыщыгувагъэнщ сыздыIухьами. Арати, пшапэр зэхэуэу щIидзащ. Къуажэм сыкIуэжын хуейти, вокзал лъэныкъуэмкIэ кIуэ маршруткэ ситIысхьэри, бэзэрым деж сыкъыщикIащ, зыгуэр къэсщэхуну. Гъуэгур зэпызупщIауэ сыздэкIуэм си щIыбагъкIэ Iэуэлъауэшхуэ щызэхэсхащ. Псори къэувыIауэ зы лъэныкъуэкIэ плъэрт. КъызэрыщIэкIымкIэ, зы нанэ цIыкIу, щIакъуэ баши иIыгъыу, имычэзууэ гъуэгур зэпиупщIыну техьауэ арат... Абы игъэгужьея шофёрым псынщIэу гулъэфым трикъузэри, «жьэхоуэ иджы!» жыпIэну нанэм и пащхьэ дыдэм къыщыувыIащ. Абы иужь иту къакIуэ машинэми, триIуэнтIыкIри къэувыIащ. Е гузавэу и щхьэр джэрэза е къэщта - нанэр къызэфIэмэхащ. Ар зылъэгъуа, жьэхэуэ пэта шофёрыр къижри, нанэм бгъэдэлъэдащ, дэри абыкIэ дунэтIащ. Хэт «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэм» ищIырт, хэти аптекэм жат, хэти къэмыувыIэххэу и гъуэгу икIужырт. Нанэр къищтауэ машинэм зыхь щIалэм мыдрей иужь ита шофёрыр бгъэдэлъэдауэ йоIунщI:

- ПщIэнур сыт уэ Iейм, и? Уэращ жыхуэсIэр?!

- Зиунагъуэрэ, мы сIыгъыр умылъагъуу ара?! IукIи сымаджэщым сыгъашэ! - жиIащ нанэр зи IэплIэ илъ щIалэм.

Нанэм зыкъищIэжат, ауэ кIэзызырт, яутIыпщыну лъаIуэрт. Нанэр имыгъэуву машинэм иригъэтIысхьэри, мыдрейм жиIэр здыжиIэм, езыри итIысхьэжащ. ИтIысхьэжа щхьэкIэ, мыдрейм бжэр хуригъэщIрэ! Арти, машинэр гъуэгум тригъэкIуэтри, щIалэр къикIащ:

- Е, зи унагъуэрэ, узыхуейр сыт?

- Сызыхуейр - тэмэму къэжыхь, е къыумыжыхьыххэ! КъыбгурыIуа?!

- ЕзбгъэгъэукIынут фызыжьыр, Тхьэр зыгъэпэжын?!

- ЩыземыкIуэжыфкIэ, къимыпщэпщыхьу унэм щIрес!

- Iэууу! Ар дауэ жыIэкIэ?

Ауэрэ «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэр» къэсри, нанэр Iуашащ. «Сыхуея мыгъуэкъым... Алыхьым щхьэкIэ къысхуэвгъэгъу...» жиIэурэ. Дэри хуэмурэ дыкъызэбгрыкIыжащ.

«Бын имыIэмэ-щэ? Хуэщэхуэн, къедэхэщIэн, хуабэу зыгъэшхэн щIэмысмэ-щэ? Уэ узэрыхъунур пщIэрэ, абы и ныбжь унэсмэ?» - къэIурт иджыри щIалэ губзыгъэм и псалъэмакъ...

Алыхьым и фIыщIэкIэ, унэми узыншэу сынэсыжащ. Сыкъызэрыгувам иригузэва си анэр къыспкърыупщIыхьырт кIыфI сыщIэхъуамкIи, жесIэжащ гъуэгум къыщыхъуа хъыбарыр. Си анэр хэгупсысыхьауэ щыст и нэр плъызу. Сыбгъэдыхьэри, IэплIэ есшэкIащ. Къызэплъщ, Iэ къыздилъэри, а зэрыхэгупсысыхьам хуэдэурэ къипсэлъащ: «Я Алыхь, нанэми гущIэгъу къыхуэщIи, дэри гущIэгъуншэхэм дащыхъумэ...»

ШОРЭ Маринэ.
Поделиться: