Щыщ къахэмынэу зэпкърыщэщащ

 NASA зэгухьэныгъэм (США) хуэлажьэ щIэныгъэлIхэм уахэ жыжьэм и зы плIанэпэм къыщалъэгъуащ вагъуэ гуэрэнышхуэрэ абрагъуэу абдежым щызэхэт къэщIыгъэхэм (галактикэхэм) ящыщу тIум гъунэгъу дыдэ зэрыщызэхуащIар. ЯфIэтелъыджэ хъуа а Iуэхугъуэр зэрекIуэкIым астрономхэр лъыгъуэзащ ЩIым и хъуреягъыр езыр-езыру къэзылъэтыхь спутникым хэт обсерваторэм хащIыхьа Хаббл телескопымкIэ.
Астрофизикхэм къызэрахутамкIэ, уахэ лъащIэм щызэхуэкIуэж галактикэхэр «Антеннэ» зи фIэщыгъэ нэгъуэщI вагъуэ гуэрэным и гъунэгъущ. Нэхъапэм а тIур хабжэрт уэгу жыжьэм нэхъ «зыщызымыхъунщIэ» къэщIыгъэ зэпIэзэрытхэм, абы къыхэкIыуи, «я хьэл-щэнкIэ» ди Шыхулъагъуэм (дыщыпсэу вагъуэ зэрыбыным) нэхъ ирагъэщхьхэм. АрщхьэкIэ, NASA-м къызэригъэпэща иужьрей къэхутэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, зи гугъу тщIы вагъуэ гуэрэнхэм «сабырафэ» етплъыныр абдежым къыщыдгъэнэжми хъунущ.
ЩIэныгъэлIхэм гу зэрылъатамкIэ, зи гугъу тщIы галактикитIым я дежкIэ хуабжьу «зыгъэсымаджэу» къыщIэкIащ зэхыхьэжын Iуэхур. Гъунэгъу щызэхуэхъум, я зэпылъыпIэм къыдэхута вагъуэ зыбжанэр, ди Дыгъэм нэхърэ куэдкIэ нэхъ инхэр, щыщ къахэмынэу зэпкърыщэщащ, здэщыIам деж гъуэзыпшэ гуэрэну зызыукъуэдия лъагъуэ шынагъуэр къызыхаутIыпщыкIыу. Апхуэдэ щIыкIэм тету, галактикитIым я «гухъум» къыдэунэхукIа «бажэкIэм» япэщIыкIэ плъыжьыфэ-дыщафэу, иужьым щIыхуфэ хъужарэ зыми хуумыгъэдэн теплъэ иIэу, астрономхэм закъригъэлъэгъуащ.
    ЩIым и хъуреягъыр къэзылъэтыхь спутникым щыIэ Хаббл телескопым мыбы хуэдэ Iуэхухэр уахэ жыжьэм зэрыщекIуэкIым гу лъимытэнкIэ Iэмал иIакъым, щакIэлъыплъми, нэхум и ультрафиолет спектрым къыхиубыдыкIыу, хьэршым галактикитI зэрыщызэхыхьэжыр къэзыгъэнаIуэ видео-теплъэгъуэхэри трихащ.
ЩIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, уэгу пхыдзам нэрылъагъуу зыщызэблэзыхъу плъыфэбэр и щыхьэтщ а щIыпIэм щызэрихьэлIа вагъуэхэр шынагъуэ дыдэу зэрыщызэжьэхэуэм, уеблэмэ абдежым «дыгъэщIэхэри» къызэрыщыунэхум.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: