Мыутхъух - Азыкъ - Iузэв

Азов хы цIыкIум адыгэхэр зэреджэу щыта псалъэхэм язщ «Азыкъ» жыхуаIэр. Мы псы хъурейм и гугъу щащIкIэ, пасэрей алыджхэм «Меотидэ», «Мэуэт хыжьей» фIэщыгъэхэрат къагъэсэбэпыр, урысхэм «Сурож тенджыз» хужаIэрт.

Зэман жыжьэм къыщежьа «Меотидэ» псалъэр языныкъуэхэм ирапх Азов хы цIыкIум къуэкIыпIэмкIэ къегъэщIылIа щIыгум теса «мэуэт» лъэпкъым и цIэм. АтIэми, Тэн зыхэхуэж а псы хъурейм пасэрей адыгэхэр «МыутхъухкIэ» («Къэмыутхъуэ хыкIэ») еджэрт. «Мэуэт» лъэпкъыцIэр къызытехъукIыжар арауэ жызыIэхэри щIыщыIэр арагъэнщ.

Азов хы цIыкIум и щхьэфэм километр зэбгъузэнатIэу мин 37,6-рэ еубыд. Псы хъурейм и нэхъ кууупIэ дыдэр мы зэманым зэрыхъур метр 13,5-рэщ. XIX лIэщIыгъуэм икухэм ар метр 16-м нэблагъэу щытащ. КIуэтэху къэси Азыкъ (Азов тенджызыр) нэхъри нэхъ чэнж зыщIу зыхуагъэфащэр адэкIэ-мыдэкIэ абы къыхэлъадэ псы къуэпсхэм къыхалъасэ утхъуахуэхэрщ.

КъищынэмыщIауэ, Азов цIэр мы зэманым зэрехьэ зи гугъу тщIы тенджызым и зэвыпIэ дыдэу ищхъэрэ-къуэкIыпIэмкIэ щыIэм (Таганрог псы дэлъэдапIэм) къеуалIэ щIыгум тес къалэми. Абдежырщ, дызэрыщыгъуазэщи, Тэн псышхуэр а хы цIыкIум щыхэлъэдэж щIыпIэри здэщыIэр.

Тхыдэджхэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ

Пасэрей алыджхэм я «хьэмтетыгъуэм» мыбдежыр Танаис зыфIаща жылэжьым и егъэзыпIэт. Дыщыпсэу лъэхъэнэм и I - III лIэщIыгъуэхэм Азов (Iузэв) и Iэшэлъашэм мэуэтхэри щыпсэуащ.

XIII лIэщIыгъуэм ар «Дыщэ ордам» и Азак къалэ хъуащ. XIV лIэщIыгъуэм мыбдеж дыдэм къыщоунэху Урымым и щIыналъэхэу Венециемрэ Генуемрэ къиIэпхъукIа сатуущIэхэм «Танэ» зыфIаща я быдапIэр.

1395 гъэм ар къезэу икIи зэтрекъутэ Тамерлан зэрыпхъуакIуэ шынагъуэм. Иужьым быдапIэу яухуэжа къалэр 1475 гъэм тыркухэм къазэури, абы «Азак» фIэщыгъэр трагъаIуэ, «псыIум деж, псым и лъабжьэкIэ щыIэ» мыхьэнэхэр кърагъэкIыу. Зэман докIри, а цIэр «Азау» къэпсэлъыкIэм хокIуэ. ГъэщIэгъуэнщ, ауэ, лъахэджхэм къызэралъытэмкIэ, иужьрейрщ мы къалэм хуэгъэзауэ урысхэр «Азов» егупсысыкIэм тезышар.

 Адыгэхэр мы быдапIэм «Аскъалэ» - кIи еджэрт, «асхэм я къалэ» мыхьэнэр кърагъэкIыу. Ауэ щыхъукIи, «ас» псалъэр осетинхэр пасэм зэрызэджэжу щыта фIэщыгъэхэм язщ, тхыдэджхэр зэрегупсысымкIэ. Иужьым, осетинхэр къызытепщIыкIыжахэр мы щIыпIэм иIэпхъукIыжами, фIэщыгъэу къызэранэкIар къыщызэтенащ.

АдэкIэ дыкIуэтэнщи, щыIэщ «Азов» фIэщыгъэр абхъазхэм я бзэм хуэзыхьыну хущIэкъухэри. Апхуэдэхэм зэрыжаIэмкIэ, «азы» псалъэр хуэпхь хъунущ адыгэхэм ящыщу шапсыгъхэр, хьэкIувхэр (шапсыгъхэм я гъунэгъуу бгыщхьэхэм исащ), хэбгъэзыхьмэ, адрей лIакъуэхэри абхъазхэм зэреджэу щытам. АтIэми, тхыдэджхэм зэрытрагъэчыныхьымкIэ, курыт лIэщIыгъуэхэм я лъэхъэнэм Абхъазым и зы щIы кIапэр иджырей Анапэ къалэр здэщыт щIыгум техьэу щытащ.   

Узыгъэгупсысэщ, адыгэхэр ижь-ижьыж лъандэрэ зэрыса я хэкужьым «аз» пычыгъуэр зыхэухуэна щIыпIэцIэхэмрэ псыцIэхэмрэ мымащIэу зэрыщыIэри. Псалъэм папщIэ, апхуэдэщ Азыгъуч, Азып, Азыпэтх, Азыпэтхахъу (Азыпэ хъупIэ), Азыпс, Азыштау жыхуаIэхэр, нэгъуэщIхэри.

Къэнэжыр «Азов» фIэщыгъэм хэт «ов» пычыгъуэм и къэхъукIэр зэхэгъэкIыныр аращи, абы ехьэлIауэ абхъаз жылагъуэ цIэрыIуэ, лъахэдж емызэшыж Дасание Давид Iуэху еплъыкIэу къигъэлъагъуэри гъэщIэгъуэнщ. Абы зэрыжиIэмкIэ, щIыпIэцIэм и «ов» - «оу» пычыгъуэр къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ, адыгэхэм нэхъ къедзауэ, щыпсэуа абазэ-абхъазхэм я бзэм хэтащ, «цIыху» мыхьэнэр кърагъэкIыу. Ауэ щыхъукIи, Апсным и ипщэ-къуэкIыпIэр зи хэщIапIэ я лъэпкъэгъухэм цIыхум щхьэкIэ нобэр къыздэсми къагъэсэбэпыр «ауаҩы - ауаю́», «ауаа́» къэпсэлъыкIэхэрщ. Лъахэхутэм зэрыжиIэмкIэ, а псори къызэщIикъуэжри, «Азов» фIэщыгъэм «абхъазхэм ей» мыхьэнэр къригъэкIауэ аращ…

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: