Эстонием щекIуэкIащ «Ритмы Кавказа» V дунейпсо юбилей фестивалыр. Ар къызэригъэпэщащ «Терек» НКО-м и Iэтащхьэ икIи абы щылажьэ къэфакIуэ ансамблым и унафэщI Тхьэгъэзит Илонэ.
Фестивалым зы утыку щызэкъуигъэуващ балтие къэралхэм щыпсэу кавказ лъэпкъхэм я лIыкIуэхэр. Мы гъэм зэхыхьэм и хьэщIэ лъапIэ хъуащ «Кабардинка» къэрал академическэ къэфакIуэ ансамблыр.
- Куэд щIауэ си хъуэпсапIэт дуней псом щыцIэрыIуэ къэфакIуэ гупым ди деж зыкъыщагъэлъэгъуэныр, - жеIэ Тхьэгъэзит Илонэ. - Ар къызэрыдэ- хъулIам дрогушхуэ. «Кабардинка» ансамблым темыпыIэжу адыгэ диаспорэри, ди къэфакIуэхэри, кавказ щэнхабзэр зыхэзылъхьэ щымыIэ эстонхэри пэплъэрт.
«Кабардинка» ансамблым и концертым иджыри къыщIэлъэIужурэ Урысейм и щэнхабзэ цент-рым щекIуэкIащ. Ди артистхэм псалъэ гуапэкIэ закъыхуигъэзащ Урысей Федерацэм и лIыкIуэу Эстонием щыIэ Петров Александр. Къызэхуэсахэм хуабжьу ягу ирихьащ кавказ макъамэхэмрэ къафэхэмрэ икIи Iэгуауэ инхэр хуаIэтащ, артистхэр куэдрэ ямыутIыпщыжу.
Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэр етIуанэ махуэм Урысейм и посольствэм ирагъэблэгъащ. Чэнджэщэгъу Лицкай Дмитрийрэ пресс-атташе Мосюков Денисрэ хьэщIэхэм яхутепсэлъыхьащ урысей щэнхабзэр хэIущIыIу щыщIыным ехьэлIауэ посольствэм щызэфIагъэкI лэжьыгъэхэм. ЗэIущIэм къыщыхалъхьащ Налшыкрэ Таллиннрэ зэныбжьэгъу къалэ зэращIынум теухуа Iуэху дахэр.
Фестивалым хэтащ Эстонием, Латвием, Литвам, нэгъуэщI къэралхэми я артисти 100-м щIигъу. Зэхыхьэм ипкъ иткIэ «Кабардинка» ансамблым и художественнэ унафэщI Атэбий Игорь адыгэ къафэмкIэ мастер-класс итащ. Абы хэтыну гупыж ящIащ ансамбль зэмылIэужьыгъуэхэм щыщ къэфакIуэ щэ ныкъуэм щIигъум. Фестивалым хыхьэ махуэхэм ящыщ зым ди артистхэр щыIащ Пярну зыгъэпсэхупIэ къалэм. Абы гукъинэжу зыкъыщагъэлъэгъуащ.
Таллинн и Ратушэ утым щыIэ ЕгъэджакIуэм и унэм фестивалым хыхьэу щагъэлъэгъуащ Налшык къалэм икIа сурэттеххэу Къарей Элинэ, Байсиев Ахъмэт, Подвэ Александр сымэ я лэжьыгъэхэр. КъызэгъэпэщакIуэхэм утыку кърахьа сурэтхэм фIащащ «Кавказым и бзылъхугъэхэр». Выставкэр къыщызэIуахым зыкърагъэхьэлIащ эстон политикхэм, Урысейм и посольствэмрэ хэхэс адыгэхэмрэ я лIыкIуэхэм, фестивалым хэтхэм. Лэжьыгъэхэм щынэрылъагъут Кавказым и цIыхубзхэм ябгъэдэлъ дахагъэр. Сурэттеххэр къытеувыIащ я IэдакъэщIэкI щIэщыгъуэхэр «къызэраубыдам». Выставкэр Таллинн накъыгъэм и кIэ пщIондэ щекIуэкIынущ. ИужькIэ сурэтхэр Эстонием и нэгъуэщI къалэхэм щагъэлъэгъуэнущ.
ИлъэсипщIкIэ узэIэбэкIыжмэ, Таллинн къыщызэрагъэпэщащ Кавказым ис лъэпкъ къафэхэм я ансамбль. Ар я жэрдэмщ адыгэ диаспорэм щыщхэм. Иджы абы и унафэщIщ Тхьэгъэзит Илонэ. Тэрч щыщ Тхьэгъэзит Артур щхьэгъусэ хуэхъуа эстон пщащэ Илонэ и псэм пэгъунэгъу хъуащ адыгэ щэнхабзэр. Абы къыхилъхьа «Ритмы Кавказа» фестивалыр мы гъэм илъэситху ирокъу. Ар куэдым ягу зэрырихьым и щыхьэтщ къызэгъэпэщакIуэхэри, абы зыкъыщызыгъэлъагъуэхэри, еплъхэри гъэ къэси кавказ щэнхабзэм и махуэшхуэм темыпыIэжу зэрыпэплъэр.
«Терек» ансамблым хэтхэр къофэ.
Таллинн и зы утыку.
Бысымхэм «Кабардинка»-р утыку кърашэ.