ПСАЛЪЭ ПЭЖИЩ

Зы щІалэ лІыщІакІуэ ежьащ, зы жылэ дыхьэри щІэупщІащ:

- Хэт сигъэлІыщІэн? - жиІэри.

ЗылІ къеплъри, щІалэр игу ирихьа хъунти, зыбгъэдишащ:

- Сэ узгъэлІыщІэнщ.

- Сыт си лІыщІапщІэр? - щІэупщІащ щІалэр.

- Зы илъэскІэ усхуэлІыщІэмэ, псалъэ пэжищ бжесІэнщ, - къыжриІащ лІым. - Аращ уи лІыщІапщІэр.

«Мыр згъэунэхунщ», - жиІэри щІалэр арэзы хъуащ. ИлъэскІэ игъэлІыщІэри, пІалъэр къыщысым, лІым къыжриІащ:

- Уи мыІуэху зумыхуэ - ар зы псалъэ. Ерыскъы хьэзыр ублэмыкІ - ар етІуанэ псалъэ. Псы икІыпІэр умыщІэмэ, псым ухэмыхьэ - ар ещанэ псалъэ. А щым утетмэ, ущІегъуэжынкъым. Ар уи лІыщІапщІэщи, зэгъэзэгъ. Зы ши уэстынщи, унэм унихьэсыжынщ.

Шым къэшэсри, щІалэр къежьэжащ. КъыздэкІуэжым, жэщ къытехъуэри, зы жылэ дыхьащ, «Нэху сыкъыщекІынщ» жиІэри.

- Ныжэбэ хэт сигъэхьэщІэн? - щІэупщІащ щІалэр.

- Ди пщым уигъэхьэщІэнщ, - къыжраІащ. - НэгъуэщІым и хьэщІэщ уихьауэ пщым идэнукъым. СыхьэщІэнщ, жыпІэмэ, ди пщым деж екІуалІэ. УщІемыгъуэж закъуэ: пщым уигъэхьэщІэнурэ уиукІыжынущ.

«Тлъагъункъэ зэрыхъу», - жиІэри, щІалэр пщым деж екІуэлІащ. ХьэщІэщым Іэнэ кърахьэри, щІалэм и пащхьэ кърагъэуващ, пщыри къихьэри къыбгъэдэтІысхьащ.

Пщымрэ щІалэмрэ Іэнэм здыпэрысым, пщым и шыбзыхъуэр хьэщІэщым къихьащ:

- Шыбзыр шыдыгъум яхуащ, - жиІэри.

Пщым и щхьэр къиІэтакъым. Пщым зыри щыжимыІэм, шыбзыхъуэр хьэщІэщым икІыжащ. ЩІалэми и жьэр зэщІихакъым.

Шыбзыхъуэр хьэщІэщым икІыжри, заул дэкІауэ, пщым и мэлыхъуэр къихьащ:

- Ди зы мэл хъушэ хьэм яшхащ, - жиІэри.

Мэлыхъуэми зы псалъэ жриІакъым пщым, и щхьэр къиІэтыххакъым. Мэлыхъуэр хьэщІэщым икІыжащ. Пщым и хьэщІэ щІалэри Іэнэм зэрыпэрысщ: зы псалъэ къахидзэркъым.

Мэлыхъуэр хьэщІэщым икІыжа нэужь, пщым и зы унэІут хьэщІэщым къыщІэлъэдащ:

- Ди унагъуэбжэр хуэтщІыжащ! - жиІэу.

Пщым: «Сыт къэхъуар? Сыт щІыхуэтщІыжар?» жиІэн и гугъащ хьэщІэ щІалэм, арщхьэкІэ пщым бадзэ къытетІысхьауэ къыщыхъуакъым.

Пщым зыри щыжимыІэм, унэІутыр хьэщІэщым икІыжащ.

Жэщыр хэкІуэтэху щІалэм бгъэдэсри, пщыр щІэкІыжащ.

ЩІалэр нэху щыху жейм езэгъакъым. «Иш зэрахуари, и мэл хъушэ хьэм зэрашхари, я унагъуэбжэр зэрыхуащІыжари къыфІэІуэхуакъым пщым, - зыхужиІэжырт щІалэм, пІэм здыхэлъым. - Хьэм и губжьыр кхъуэм трелъхьэ, жахуаІэращ: къызжаІар пэжмэ, пщым сыІэщІэкІуэдэнущ».

Нэху щыри къыщрагъэжьэжым, щІалэр пщым еупщІащ:

- Ди пщым и хьэщІэр иригъэукІыж и хабзэщ, жари къызжаІащ жылэм сыкъыщыдыхьэм. Ныжэбэ уи хьэщІэщ сисащ. СыщІумыгъэукІар къызжеІэ.

- УщІезмыгъэукІар уи мыІуэху зепхуатэкъыми аращ, - къыжриІащ пщым. - Шыбзыр яхуащ, жиІэри шыбзыхъуэр хьэщІэщым нихьащ дыгъуэпшыхь. Уэ зы псалъи жыпІакъым, уи Іуэху хэлътэкъыми. Шыбзыхъуэм и ужькІэ мэлыхъуэр нихьащ хьэщІэщым, ди мэлыр хьэм яшхащ, жиІэу. Абы щыгъуи зы псалъэ жыпІакъым. Ди унагъуэбжэр хуэтщІыжащ, жиІэри унэІуэтри нилъэдащ хьэщІэщым - щІыхуэтщІыжам ущІэупщІакъым. Уи Іуэху зыхэмылъым уи псалъэ щІыхэплъхьэн щыІэкъым - ар къыптехуэркъым. Зиш яхуар сэращ - сэ шы си мащІэкъым. Хьэм зи мэл яшхар сэращ - мэли си мащІэкъым. Ди унагъуэбжэр хуэтщІыжамэ, уэ сыт къысхуэпщІэжыфынт? Зи мыІуэху зезыхуэращ псоми хэлІыфІыхьыр: апхуэдэм къыпхуищІэнур мащІэщ, уигъэжэкъуэну аращ. Гъуэгу утетмэ, уи гъуэгу ирикІуэ, уи мыІуэхум уи бэлагъ хыумыІу. Зи мыІуэху зезыхуэращ сэ езгъэукІыр, - жиІэри пщым щІалэр къригъэжьэжащ.

Къежьэжауэ къыздэкІуэжым, гъуэгум лІы гуп щрихьэлІащ щІалэр. ЛІы гупым я гъуэмылэр тхьэрыкъуэф Іэнэм къытралъхьауэ зэхэсти, щІалэр щыблэкІым, ирагъэблэгъащ.

- СопІащІэ, - идакъым щІалэм, «СызыгъэлІыщІам и псалъэр згъэунэхунщ», жиІэри.

- УмыпІащІэ, - къыжраІа щхьэкІэ, щІалэр яхуепсыхакъым, лІы гупым къаблэкІри къежьэжащ. КъыздэкІуэм псы ирихьэлІащ. Псыр къиуауэ, нэри пэри ихьырт. «СызыгъэлыщІам лІыщІапщІэ къызимытын щхьэкІэ, псалъэ дыгъэл къызжиІэри сыкъиутІыпщыжащ, - жиІащ щІалэм. - Зы шыжь фІэкІа игу пыкІакъым. Ерыскъы хьэзырым ублэмыкІ къызжиІати, сыкъыблэкІащ - къысщыщІаІакъым. Псы икІыпІэр умыщІэмэ, псым ухэмыхьэ къызжиІащи, ари згъэунэхунщ», - жиІэри, шыр псым хихуащ щІалэм.

Уунэхъунумэ, куэдрэ: шыр псым итхьэлащ, щІалэр и ажал къэса хъунтэкъыми, ныджэм къытридзэжащ. Шыр узджынтауэ къигъуэтыжри, уанэр къытрихащ, и дамэм къытрилъхьэри, псыхъуэм къыдэкІыжащ.

- Псалъэм я нэхъ пэжри псыхэкІуадэ мэхъу, зыхуэмыфащэм жепІэмэ, - жиІащ щІалэм.

Поделиться: