Шэч зыхуащI дыгъуакIухэр яубыдащ

2021 гъэм и дыгъэгъазэм Урысей МВД-м и Прохладнэ къудамэм зыхуагъэзат Прохладнэ къалэмрэ Учебнэ къуажэмрэ щыпсэу цIыхуиплIым. Тхьэусыхафэхэр къызыбгъэдэкIахэм зэрыжаIамкIэ, зэман зэхуэмыдэхэм абыхэм я гаражхэм жэщу щIадыгъукIат автомобиль хьэпшыпхэмрэ ухуэныгъэм къыщагъэсэбэп Iэмэпсымэхэмрэ, ауэ лъакъуэрыгъажэхэм еIусатэкъым. Псори зэхэту ядыгъуащ сом 52000-рэ и уасэ.
Къудамэм уголовнэ къэлъыхъуэныгъэмкIэ и лэжьакIуэхэм къэлъыхъуэныгъэхэр щрагъэкIуэкIым яубыдащ шэч зыхуащIхэр. Ахэр Бахъсэн щIыналъэм щыпсэу зэныбжьэгъуитIт, илъэс 26-рэ, 23-рэ хъууэ. Хабзэр къызэрызэпаудам къыхэкIыу абыхэм нэхъапэми суд тращIыхьат.
Шэч зыхуащIхэм ялэжьамкIэ заумысыжащ, къадыгъуа гъущIхэкIхэр ахэр щыIах пунктхэм иратащ, адрей хьэпшыпхэр ящащ. Полицэм и лэжьакIуэхэм абыхэм къытрахыжащ къыщIаха ахъшэм щыщу къахуэнэжар.
Дыгъухэм ятеухуа уголовнэ Iуэху къаIэтауэ абы хоплъэ.

УАРДЭ Жантинэ.
Поделиться: