Сыт гъащIэм и купщIэр?

Алыдж философ Аристотель щыпсэуар ди эрэм и пэкIэ 384-322 гъэхэрщ. Ар Платон и гъэсэну щытащ, ди эрэм и пэкIэ 343 гъэм щегъэжьауэ Аристотель Македонский Александр и егъэджакIуэу щытащ. Ди эрэм и пэкIэ 335 гъэм лицей къызэIуихыгъат Аристотель. Аращ япэ гупсысакIуэшхуэу щытар, цIыхум зэрызиужь лъэныкъуэ псори – социологиер, философиер, политикэр, логикэр, физикэр – къызэщIэзыубыдэ философием и зэхэлъыкIэр къэзыхутар.
Аристотель ди эрэм и пэкIэ 384 гъэм Афон бгым пэмыжыжьэ Стагир жылэм къыщалъхуащ. Абы и адэ Никомах Аминтэ Ещанэм, Македонием и пщымрэ абы и блыгущIэтхэмрэ я дохутыру щытащ. Абы и адэжьхэри цIыхухэм еIэзэу къекIуэкIат.
Ди эрэм и пэкIэ 369 гъэм Аристотель и адэ-анэр фIэкIуэдащ. Философ ныбжьыщIэр ипIыну къищтащ Проксен (иужькIэ и цIэр куэдрэ фIыкIэ къриIуащ абы Аристотель икIи адэ етIуанэ хуэхъуар лIа нэужь, и къуэ Никанор ипIыжащ). И адэм къыхуигъэна мылъкур зытригъэкIуэдар щIэныгъэ зэгъэгъуэтынырщ. А лъэхъэнэм тхылъхэр хуабжьу лъапIэт, ауэ Проксен я нэхъ гъуэтыгъуейри къыхуищэхурт. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, и ныбжькIэ щIалэ дыдэу тхылъ еджэным дихьэхащ Аристотель. Адэ папщIэ хуэхъуам и нэIэ щIэту философ ныбжьыщIэм къэкIыгъэхэм, псэущхьэхэм я къэхъукIэр иджащ, иужькIэ абы теухуа лэжьыгъэ щхьэхуи къыдигъэкIыжауэ щытащ.
Аристотель алыдж щIэныгъэ зригъэгъуэтащ икIи а бзэращ игъэшэрыуэу щытари. Мис абы и псалъэ Iущхэм щыщ:
Псори зи ныбжьэгъум зыри и ныбжьэгъукъым.
Дунейм фIыгъуэу тетыр ептми, ныбжьэгъуншэу псэуну хуей щыIэкъым.
Къулейсызыгъэр, е нэгъуэщI гуауэ къыплъэIэсамэ, ныбжьэгъуращ уи щхьэр зэпхьэлIэр.
КъыдэуэлIа насыпым и IэфIагъыр къыщытщIэр ди ныбжьэгъухэм къытхуагъэдэха нэужьщ.
Ди ныбжьэгъухэр къызэрытхущытыну дыхуейм хуэдэ дыдэущ дэри дазэрыхущытын хуейр.
ЦIыхухэм я зэхущытыкIэр зэтеухуэным ехьэлIа гъуазджэм зэ нэхъ мыхъуми егупсысар арэзы техъуэнущ къэралыгъуэ псом и къэкIуэнур зэлъытар къыдэкIуэтей щIэблэр зэрыарам.
Сыт гъащIэм и купщIэр? - НэгъуэщIхэм защIэбгъакъуэу, фIы пщIэуэ дунейм утетынырщ.
Упсэуным къикIыр Iуэху зэфIэбгъэкIын хуейуэ аращ, армыхъумэ зыгуэрхэр зэплъэфэлIэнракъым.
ПэщIэдзэр Iуэхум и Iыхьэ ныкъуэщ.
Сыт еджакIуэм и ехъулIэныгъэр зыхэлъыр? – И пэ итыр дигуэнырщ, и кIэм итым пэмыплъэнырщ.
Лэжьыгъэм и Iыхьэ гуэр къызыхуэтыншэу зэфIэбгъэкIыныр нэхъыфIщ, и кIэм нумыгъэсыфыну куэдым зеппщыт нэхърэ.

Къэбарт Мирэ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:41 Япон усэ зыбжанэ
18.04.2024 - 10:01 Тхылъ тыкуэным
15.04.2024 - 14:41 Адэм деж письмо
12.04.2024 - 17:57 Сыфхуоупсэ