«Псынэм» лъагъуэ хешНалшык дэт гимназие №14-м иджыблагъэ IуэхугъуэщIэ щаублащ: абы адыгэбзэкIэ къыдэкIын щыщIидзащ «Псынэ» фIэщыгъэр зиIэ школ газет цIыкIум. «Бзэр лъэпкъым и фIыгъуэщ, и налкъутналмэсщ. Адыгэхэр дызэрыгушхуэ а къулеигъэу лъэпкъым нобэм къихьэсар екIуу зехьэныр, хъумэныр, егъэфIэкIуэныр, ар зыIурылъ щIэблэ къэгъэтэджыныр ди къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ, - еджапIэм и унафэщI Жамборэ Риммэ и апхуэдэ псалъэхэр пэублэ хуэхъуащ «Псынэм» и езанэ номерым. - Ар и щхьэусыгъуэу ди еджапIэм дяпэкIэ къыщыдэдгъэкIынущ адыгэбзэкIэ тха газет. Си гуапэщ ди республикэм и еджапIэхэм ящыщу япэу ди школым адыгэбзэкIэ газет къыдэгъэкIыныр къызэрыдэхъулIар».
Поделиться:
Читать также:
15.04.2024 - 14:52 →
Агуий и Iэхэлъахэм
15.04.2024 - 12:10 →
Гагарин и гуфIэкIэ
11.04.2024 - 09:30 →
УнафэщIхэмрэ IэнатIэ лъыхъуэхэмрэ зэрощIэ
10.04.2024 - 11:00 →
Дисанэ и ехъулIэныгъэ
08.04.2024 - 12:46 →
Мазэм и хъыбар
|