Япэ адыгэ скульптор

Къэбэрдей-Балъкъэрым и япэ адыгэ скульпторщ Къалмыкъ ­Фёдор. Ар къызэралъхурэ мазаем и 15-м илъэс 90 ирикъуащ. 

Скульптор цIэрыIуэр Бахъсэн ­районым хыхьэ Куба къуажэм 1932 гъэм къыщалъхуащ. ЗэрыцIыкIурэ дэзы­хьэх сурэт щIыным Налшык къэIэпхъуа иужькIэ зыщыхуигъэсащ республикэм Сабий творчествэмкIэ и унэм. Курыт школыр къиухри, Фёдор 1947 гъэм щIэтIысхьащ Саратов щыIэ художественнэ училищэм скульптурэмкIэ и къудамэм. Ар къиухри, Налшык къигъэзэжащ.
Колхозхэт Къалмыкъ Батырбэчрэ Ленинскэ еджапIэ къалэ цIыкIур къэзыуха Алъхъэс Назифэрэ унагъуэ насыпыфIэ яухуауэ Куба къуажэм щыпсэурт. Зэщхьэгъусэхэм бынищ къащIэхъуат: Тамарэ (1924), Iэхьед (1928), Фёдор (1932). Иужьыр дунейм къыщытехьа гъэ дыдэм бынунэм ажал гущIэгъуншэр къахэIэбэри, адэр ящхьэщихащ.
Анэм сабиищыр ипIу, 1936 гъэ пщIондэ Куба къуажэм дэсащ. Зэманыр гугъут, сату щIэныр зи лэжьыгъэ Назифэ къуажэм IэнатIэ щигъуэ­тыртэкъым. Бынищ зыпIыну къы­зыпэщылъ анэ дэIэпыкъуэгъуншэм Налшык фэтэр къыщищтэри, тыкуэнтету лэжьэн щIидзащ. Зыгъэлажьэхэр къыдэIэпыкъури, и бынищыр «Партизан плъыжь» Сабий унэм иратащ. Iэхьедрэ Фёдоррэ сурэт щIынымкIэ къызэрыхэжаныкIым егъэджакIуэхэм гу щылъатэм, Сабий творчествэмкIэ унэм щагъасэ сурэтыщI ныбжьы­щIэхэм я гупым хагъэхьащ. ЗэкъуэшитIым я кIэн къикIат - ахэр зыхэхуар РСФСР-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI цIэрыIуэ, КъБАССР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Гусаченкэ Николай и гупырт.
1938 гъэм къыщыщIэдзауэ 1941 гъэ пщIондэ ныбжьыщIэхэр егугъуу еджащ. Зауэм зэрыщIидзэу, илъэс 16 фIэкIа зи мыныбжь я шыпхъу Тамарэ, медсестра лэжьыгъэм зэман кIэщIкIэ зыщыхагъэгъуазэ курсыр къиухри, езым и фIэфIыныгъэкIэ фронтым ­кIуащ, Хэкум зэримыбийр, атIэ абы ­хуиIэ лъагъуныгъэр къигъэлъэгъуэн щхьэкIэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм къыIэщIагъэкIыжа нэужь, Тамарэ къэкIуэжащ. Зауэм и мафIэ лыгъейм ар гъущIым хуэдэу ипсыхьат. И дэлъхуитIым ар яхуэ­хъуапсэрт еджапIэ щIэтIысхьэу гъуазджэмкIэ яIэ щIэныгъэм пащэну, я Iэзагъэм хагъэхъуэну, сурэтыщI нэс ­къахэкIыну. Щыпсэун яIэтэкъыми. Тамарэ Налшык къалэ исполкомым зыхуигъэзащ икIи, зауэм зэрыIутар къалъытэри, а зэманым Клиническэ уэраму щыта, иджы Мечиевым и цIэр зезыхьэм хуэзэу щIы къыщратащ, псэуалъапхъэхэмкIи къыдэIэпы­къуащ. Апхуэдэу яухуащ Къалмыкъхэ я лъапсэ нобэми щытыр.
1957 гъэм, Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 щрикъум ирихьэлIэу, КъБАССР-м и сурэтыщIхэм я гъэлъэгъуэныгъэу Москва щекIуэкIам Фёдор и лэжьыгъэхэри хэтащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым Совет влас­тыр зэрыщыуврэ илъэс щэ ныкъуэ зэрырикъум и щIыхькIэ къызэрагъэпэща «Совет Ипщэ» гъэлъэгъуэ­ныгъэм нэхъыфIу къыщалъытат абы и лэжьыгъэр. А гъэ дыдэм СССР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хагъэхьащ. Зэман дэкIри, КъБАССР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и ­правленэм и япэ секретару хахауэ щытащ.
Республикэм и гъуазджэм хуищIа хэлъхьэныгъэр къалъытэри, «Лэ­жьыгъэм щиIэ ехъулIэныгъэм пап­щIэ» медалыр къыхуагъэфэщащ. ­КъБАССР-м и сурэтыщIхэм ящыщу апхуэдэ дамыгъэ япэу зратар Фёдорщ.
Къалмыкъ Фёдор лэжьыгъэ 40-м щIигъу и Iэдакъэ къыщIэкIащ. Ахэр нэхъыбэу зытриухуари республикэм и цIыху цIэрыIуэхэрщ: дирижёр АфIэунэ Хьэмид, механизатор Джантуев Тамушай, жэмыш Атэбий ФатIимэт, шы­хъуэ пэрыт, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Къалмыкъ Хьэжмурат сы­мэ, нэгъуэщIхэми. Фёдорщ зи лэжьыгъэр Орджоникидзе Сергорэ Къалмыкъ БетIалрэ я фэеплъхэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым и скульпторхэм ящыщу нарт эпосым япэу зыхуэзыгъэ­зар аращ. IуэрыIуатэм теухуа лэжьыгъэ зыбжанэ игъэхьэзыращ абы.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэм и хэлъхьэныгъэфIу ялъытэ Зей (Кизиловкэ) лъагапIэм тет Сосрыкъуэ и скульптурэр. А бгыщхьэм тхыдэ-­этнографие музей къыщызэIуахыну Къалмыкъ Фёдор къыхилъхьат. Архитектор Палагашвилирэ абырэ яубзыхуат республикэм нобэр къыздэсым имыIэ, абы щыгъуэ къы­зэ­Iуахыну я мурада музейм хухахыну щIыпIэри, абы игъуэтын хуей теп­лъэри. Ауэ Фёдор дунейм ехыжри, а Iуэхури езым дэкIуэдыжащ. Иджы а щIыпIэр шхапIэ-ефапIэщ.
1968 гъэм «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къыдигъэкIащ «Къалмыкъ Батырбэч и къуэ Фёдор» тхылъыр, ­скульпторым и лэжьыгъэхэр щызэхуэ-хьэсар. Сабийхэм я дунейм, я гуп­сысэкIэм фIыуэ щыгъуазэ Фёдор ейщ «ПщафIэ ныбжьыщIэ», «Турист ныбжьыщIэхэр», «Лъахэхутэ ныбжьы­щIэхэр», «Тхылъ зыIэщIэлъ школа­кIуэ», Пушкиным и «Бдзэжьеящэмрэ дыщэ бдзэжьеймрэ», Бажовым и «Мывэ удз гъэгъа», Пьерро Шарль и «ПыIэ плъыжь цIыкIу», Крыловым и «Дыгъужьымрэ щынэмрэ» ятриухуа скульптурэхэр.
Ди жагъуэ зэрыхъущи, Фёдор иIэщ цIыхубэр нобэр къыздэсым зыщымыгъуазэ лэжьыгъэхэри. Куэдым ящIэркъым Хэку зауэшхуэм щыгъуэ ди лъэпкъэгъухэм къагъэлъэгъуа лIы­хъужьыгъэмрэ хахуагъэмрэ хуигъэпса, Прохладнэ къалэм щагъэува, метри 4,5-рэ зи лъагагъ монумен­тальнэ скульптурэр Къалмыкъ Фёдор зэриIэдакъэщIэкIыр.
СурэтыщI Iэзэ Дубровский Николай жиIэгъащ: «Дэри дылIэжынущ, ауэ ди яужь къихъуэну щIэблэм къахуэдгъэнэну Iэужьырщ ди фэеплъ хъунур. ИтIанэщ фIыкIэ ягу дыкъыщыкIыжынур». Къалмыкъыр куэдым я гум фIы­кIэ къинэжащ, псом хуэмыдэу къыдеджахэм, къыдэлэжьахэм, зыцIыхуу щытахэм. Абы къигъэна фэеплъым пщIэшхуэ хуащI, ирогушхуэ.
- Фёдор дигу къинэжащ щыIэ зы­хэлъ щIалэ зэпIэзэрыту, псэлъэгъу хьэлэмэту, ныбжьэгъу пэжу, нэхъы­щ­хьэращи, цIыху гу къабзэрэ псэ хьэлэлу. Сыт хуэдэ Iуэхугъуэ имылэжьми, зыхуей хуэзэу зэрызэфIихыным къарурэ зэфIэкIыу иIэр ирихьэлIэрт, - жеIэ абы къыдеджа Головницкий Лев. - Саратов щыIэ художественнэ училищэм Фёдоррэ сэрэ илъэситхукIэ ды­щызэдеджащ. Гупыр цIыхуипщI ды­хъурти, хуабжьу дызэкъуэтт. Ды­ла­жьэми, зыдгъэпсэхуми, махуэшхуэ­хэр дгъэлъапIэми дызэгъусэт. Ар адрейхэм къащхьэщыкIырт гъэсэныгъэ дахэ зэрыхэлъымкIэ, зэрыукIытэхымкIэ, дэплъагъу гуапагъэмкIэ. Мурад гуэр ищIамэ, къимыкIуэтыжу зэфIигъэкIынут. Кавказым щыщхэм я «лъы пщтырагъыр» абы хэлътэкъым, ауэ ныбжьэгъухэм сыт щыгъуи гу лъыттэрт Фёдор нэхъыжьхэм пщIэ зэра­хуищIым, уечэнджэщынуи нэхъыфI къэплъыхъуэнтэкъым. Апхуэдэу гу­пым я щапхъэгъэлъагъуэу ар къытхэтт.
- ДыщызэрыцIыхуа япэ махуэм ­къы­щыщIэдзауэ яужь итащ гъуазджэр зыхызигъэщIэну, абы гъунэгъу сыхуищIыну иужь ихьащ. Ленинград Эрмитажым сишэри, зыщыдигъэ­плъы­хьат, - игу къегъэкIыж и щхьэ­гъусэ Верэ. - Фёдор псэуну пIащIэрт, дахагъэм хуэнэхъуеиншэт. Сыт щы­гъуи нэжэгужэу, гушыIэжу апхуэдэт. Арауэ къыщIэкIынщ цIыху кIуапIэу ди уна­гъуэр щIыщытар. ФIэфI дыдэт щIэх-щIэхыурэ кино гъэщIэгъуэнхэм дигъэкIуэну. Щхьэгъусэ зиIэ цIыху­хъу­хэм ар къащхьэщыкIырт си къэухьым хигъэхъуэну зэрегугъумкIэ. Ди сабийхэр цIыкIуу къиублэри, зы илъэси къэмынэу Анапэ дигъэкIуащ. ЩIэ куэд зэрызигъэлъагъуным хущIэкъуу, музейуэ къилъытэ Ленинград и дэтхэнэ плIанэпэми зыщыдигъэплъы­хьащ. Фёдоррэ сэрэ щэху зэхудимыIэу, ди акъыл зэтехуэу дызэдэпсэ­уащ, щIалэрэ хъыджэбзрэ къытщIэ­хъуащ. Абы си псэм зэрызри­гъэу­зэ-­
щIаращ нобэр къыздэсым си къулеигъэ нэхъыщхьэр, цIыхухэм сазэ­рыхэтыр, сызэрыпсэур.
1967 гъэм автомобиль зэжьэхэуэм хэкIуэда щIалэм и ныбжьыр илъэс 35-рэт зэрыхъур. Зи фэеплъ нэхум пщIэ хуэфащэ япэ адыгэ скульптор Къалмыкъ Фёдор и IэужьыфIхэр ноби псэущ, цIыхухэм я псэр игъэгуфIэу, я гукъыдэжыр къиIэту.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: