Мылажьэ ягъашхэркъым …

Пщыжь гуэрым пхъу дахэ дыдэ иIэт. «Шы дахэмыжэ» жыхуаIэм хуэдэу, дахэ щхьэкIэ, Iуэху ищIэфыртэкъым. ЖьыщIэфыртэкъым, дыжэфыртэкъымпщэфIэфыртэкъым. Пщым ипхъу дахэм псори къылъыхъурт, ауэ, и ныкъусаныгъэр къызэращIэу, кIэбгъу защIырти зыIурагъэхыжырт.

ИкIэм-икIэжым, и щхьэ закъуэ и лъакъуитIу псэу щIалэ тхьэмыщкIэжь гуэр щыIэти, ар къыулъыхъуащ.

Пщыри егупсысыри «зыми имышэу къыдэнэж нэхърэ нэхъыфIщ» жиIэщ игукIи къритащ.

Пщым и пхъум и Iэпэр щIалэжьым иубыдри и унэ къишэри къэкIуэжащ.

- Мыдэ къеплъ, узэрыпщэфIэнур мыпхуэдэущ,-жиIэри нысащIэр иригъэплъурэ и лIыр пщэфIащ. ИужькIэ тIури етIысылIэри зэдэшхащ.

- Иджы сэ мэз сокIуэ. Уэ упщэфIауэ, си шхыныр хьэзыру, хуабэу сыкърегъэхьэлIэж! - жиIэрилIыр мэз кIуащ.

Пщыхьэщхьэм фызым зыри имыщIауэ, унэм шхын дзэкъэгъуэ щIэмылъу кърихьэлIэжащ.

ЛIым и Iэщхьэлъащхьэр дрихьейри пщэфIащ, ипщэфIари езырбгъэдэтIысхьэри зы дзэкъэгъуэ къыхуимыгъанэу ишхыжащ.

КъыкIэлъыкIуэ пщэдджыжьми, аргуэрыжьти, езыр пщэфIэжри и фызыр къеплъу щысурэ ипщэфIар ишхыжащ.

- Мес мо уэщыр къэпщтэнурэ пхъэ пкъутэнущ, ар унэм къэпхьынурэ мафIэ пщIынущ. АбыкIэ упщэфIауэ си шхыныр хьэзыру сыкъэбгъэсыжмэ, тIури детIысылIэнурэ IэфIу дызэдэшхэнущ! – жиIэри езым витIыр щIищIэри мэкъушэ кIуащ.

НысащIэр мэжэлIапэ щыхъум, уэщыр къищтэри пхъэ икъутэну къыщIэкIащ. ЕнтIыр гъурыжьым етIыркъыу бгъэдэту и адэр къыдыхьэри унэмкIэ щигъазэм, и пхъур еджащ:

- Дотэ, унэм умыкIуэу, япэ щIыкIэ мы пхъэр къутэ. Мыбы мылажьэ ягъашхэркъым, - жиIэри.

Поделиться:

Читать также: