Ахъшэ нэпцIхэр ирагъэкIырт

2018 гъэм шыщхьэуIум и 21-м Урысей МВД-м и управленэу Налшык щыIэм и плъыр частым къэпсэлъащ Суворовым и цIэр зезыхьэ уэрамым тет тыкуэнхэм ящыщ зыр зейр.

ХьэрычэтыщIэм зэрыжиIамкIэ, щIалэ гуэр зэрыщэхуа сом мини 5-м шэч уегъэщI.
КъыкIэлъыкIуэ махуэм апхуэдэ IуэхукIэ полицэм зыхуигъэзащ Осетинскэ уэрамым тет тыкуэныр зыгъэлажьэм, абыи бзаджащIэм щригъэкъутат сом минитху.
Ар къыщыхъуа щIыпIэхэхэм кIуа полицейхэм ахъшэхэр къащтащ экспертизэм ирагъэхьыну.
 ЗэрыкIэлъыплъ камерэхэм ятхам щеплъыжым, хабзэхъумэхэм къалъэгъуащ Суворовым тет тыкуэным щыщэхуар ВАЗ-2109 автомашинэм, нэгъуэщI цIыхухъу зэрысым, зэритIысхьэжар.
Республикэ МВД-м Экономикэ шынагъуэншагъэмрэ коррупцэм пэщIэтынымкIэ и управленэм и лэжьакIуэхэм яубзыхуащ шэч зыхуащIхэр. Ахэр нэхъапэм суд зытращIыхьахэу илъэс 26-рэ хъу бахъсэндэсымрэ Аруан районым щыпсэу илъэс 30 зи ныбжьымрэт. Хабзэхъумэхэм гъэпцIакIуэхэр яубыдащ. Абыхэм я автомашинэхэмрэ унэхэмрэ къыщащым, зэрынэпцIыр къызытещ сом мини 5 банкнотэ 77-рэ къыщIахащ.
Экспертизэм щIигъэбыдащ ахъшэхэр зэрынэпцIыр, яубыдахэми заумысыжащ.
КъБР-м щыIэ МВД-м СледствэмкIэ и управленэм а цIыхухъуитIым ехьэлIа уголовнэ Iуэху къа­Iэтащ УФ-м и Уголовнэ кодексым и 186-нэ статьям и 1-нэ Iыхьэм ипкъ иткIэ икIи, абы къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, илъэсий тезыру тралъхьэнкIэ хъунущ.
Зэрагъэкъуаншэм теухуа тхылъхэр Налшык   къалэ судым ирагъэхьащ.

УАРДЭ Жантинэ.
Поделиться: