Бзаджэм губзыгъэр и бийщ

(Бейтыгъуэн Сэфарбий и жыIэгъуэм щыщ)

ЩIэныгъэлIым содауэ, щIэныгъэншэм содаIуэ.

Пэжым ухущIегъуэжмэ, пцIым уохъуэпсэж.

Шы бгъурыщIэтми щIэщIауэ гугъэ ищIынущ.

Алыхь унафэр цIыхум и сэбэп зыхэлъщ, ауэ ар тобэкIэ зэщэм щыщкъым.

Псалъэгъум жепIэнур хуэгъэткIунум хуэдизщ.

Ныбэ, пщэфIапIэ, гъуэлъыпIэ: цIыху цIыкIу гъащIэ.

Псэ къабзэр къэгъэпцIэгъуафIэщ, бзаджэр къэпцIакIэу мэпсэу.

Лъэпкъыпсэри Iейкъым, лъэпкъыщхьэр нэхъыщхьэщ.

Псэмрэ щхьэмрэ зэрымыгъатхъэ – зэрымыгъэпщу зэдопсэу.

Лым дагъэ зыщIэлъыр къупщхьэращи, хьэм хуадз, ауэ цIыхум и фIыщIэкъым – и дзэм емызэгъ Iыхьэщ.

ТхьэмыщкIэм зыхэпсэукIын иIэщ, ныбэизым иIэр щызыгъэкIыу кIэ къезытынщ.

Зауэ-банэм цIыхубэм ифI зыхэлъ зэикI къишэркъым: нэхъыбэм я щхьэр халъхьэ, къэна-нэнахэр хъутIэ-щIатэу мэпсэу.

КъызэрыгуэкIхэм жаIэр пэж зэфэзэщу къащохъуж, нэгъуэщI мыхьэнэ зиIэ псалъэм я тхьэкIумэр хуэдэгущ.

Хабзэр цIыхубэ бжыхьщ.

Губзыгъагъэри зэ боужэгъу, ущIэбжьахъуэми ущIогъуэж.

Губжьмэ, къарууншэми зыкъызэкъуех.

Удэфам икIагъэр и пщэдейщ.

Бзаджэм губзыгъэр и бийщ.

Хабзэм лъэныкъуитIкIэ йобакъуэ – зыр зыужьыныгъэщ.

Дыхумэ къысщIихьэмэ, хьэмэмыр сигу къокI.

Фызыр зи бийр щхьэхуитщ – телъхьэ хуищIу екIужыху.

Бзэгузехьэм зэрихьэнур зыхуихьым елъытащ.

Щхьэхуещэр лъэгущIыхьщ.

ЗэхужаIэхэр ику иту къапщтэмэ, зэрызэщхьэщыкI щыIэкъым.

АкъылыфIэмкIэ дэтхэнэ сабийри бын пэлъытэщ.

Дуней гъущIам и уафэгъуагъуэр лъагъуныгъэ макъамэу мэIу.

Гъуэгум лъагъуэ къелъху.

ЩIалэм щIалэ и Iуэхущ, жьыкIэфэкIэхэри лэжьапIэншэкъым – гуныкъуэгъуэм иIыгъхэщ.

Дэм кунэф къызэрыхэкIыр дейм и щыщIагъэкъым – и зэфIэкIыр здынэсыр аращ.

Акъылыр щIэгъэкъуэн хуэныкъуэкъым – къыхуэныкъуи щыIэкъым.

ЩIэщыгъуэм къытригъазэмэ, къызэрыгуэкI мэхъуж.

Къомыгъэсэбэп мылъкури уимыIэри зэлъытащ.

«Къысхуэгъэгъу» псалъэр адыгэщIым щымащIэщ.

Хьэуа мыхъуамэ Iэдэм илъэс мелуанхэр и ныбжьрэ зипIытI-зихузу жэнэтым нобэр къыздэсым щIэсынт.

УнэрыпI джэдур дзыгъуэ щхьэхуитым йохъуапсэ.

Ныбэм икIуадэмэ, сомыр псы хэкIуадэщ.

АдыгэлIыр лъэпкъым къомэщIэкI.

Щхьэзакъуэ насыпыр зеиншэщ.

Лъакъуэм и къалэнри щхьэм къылъос.

МащIэр фIыщIэ ящIынщ, куэдым пэкIуэм хуэдиз зыми иIэкъым.

Нэмэзым и къарур дуней тетыкIэм елъытащ.

Пэжыр жыпIэ щыхъур пцIым и лъэр щIэщIэмэщ.

 

Поделиться: