Адыгэшым деж щыщIэдзауэ Бейбарс деж щыщIэкIыжу

Адыгэм и цIэр къэрал куэдым щигъэIурэ, гурэ псэкIэ къызыхэкIа лъэпкъым хуэлажьэу диIэ мащIэм ящыщщ кинорежиссер, сценарист, композитор, продюсер, тхакIуэ Къандур Мухьэдин. Ар хэкум къэкIуэжыху уепсалъэми, щIэщыгъуэ гуэр къыбжиIэнущ, и лэжьыгъэщIэхэмкIэ, и мурадхэмкIэ, и ехъулIэныгъэхэмкIэ и гуапэу къыбдэгуэшэнущ. Мухьэдин ди хьэщIэщым къыщеблагъэм, упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ.

- Мухьэдин, сыт щыгъуи уи гуапэу укъыздэкIуэж хэкужьым, мызыгъуэгум сыт хуэдэ щхьэусыгъуэкIэ укъыхуеблэгъэжа?

- Дуней псом щыцIэрыIуэ адыгэшым статус етыным дытолэжьыхь зыкъом щIауэ. А шы лъэпкъым и тхылъ къыдэдгъэкIыу, дуней псом щызэбгрыдгъэкIыну, шыхэм елэжьхэм яIэщIэдгъэхьэну дыхуейщ. Шыхэм паспорт езыт IэщIагъэлIхэр елэжьащ мы Iуэхум куууэ.

Зи гугъу сщIыр хуабжьу лэжьыгъэшхуэщ, адыгэ лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэ нэхъ зыхуэсакъыпхъэхэм яхызобжэ. Адыгэшым и хуабжьагъкIи, бэшэчагъкIи, дахагъкIи куэдым къацIыхуну хунэсащ, ауэ ди жагъуэ зэрыхъущи, Урысейм и гъунапкъэхэм адэкIэ ар къызэрыщащIэр урысышущ. Абы и тхылъ зэдгъэпэщу и цIэр идмытхэмэ, а дызэрыпагэ лъапIэныгъэр тIэщIэкIынкIэ шынагъуэ щыIэщ. «Къэбэрдеиш» цIэращ дгъэувыну зиужь дитыр. Иджыпсту шым и уасэр докIуей, Германием, Франджым, Инджылызым фермэ ехьэжьахэр щыIэщ, шыхэр щагъэхъуу, я цIэхэр дуней псом къыщащIэу. Абыхэм яIыгъкъым къэбэрдеишыр, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, статус иIэкъым.

- Уэсмэн, тырку дзэзешэу щIыпIэ куэдым къыщацIыхуу щыта ди лъэпкъэгъу пщы  Этхем теухуа тхылъым сценарий зэрытепщIыкIам дыщыгъуазэщ.

- Тырку прдюсерхэр хуабжьу дихьэхащ сериал трахыну хуейуэ. Этхем къебийуэ лъэщу къыпэщIэтар дзэзешэ Исмэт-пэщэщ, ИнёнюкIэ зэджэу щытаращ. Аращ Ататюрк иужькIэ Тыркум и етIуанэ президент хъуар. Ар Этхем иужь къихьат игъэкIуэдыну. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, Этхем и лIыгъэкIэ, хахуагъэкIэ цIэрыIуэ хъуат, цIыхубэм фIыуэ ялъэгъуат, тырку-алыдж зауэм щхьэмыгъазэу хэтат, дэнэ сыт хуэдэ гугъуехь щыIэми зэфIихыфырт. Инёню гузавэрт Этхем езым ипIэр иубыдынкIэ.

Бзаджэу къыщIэкIащ Инёню, ар Этхем пэщIэувэри, къэралым зауэ къыщагъэхъуным тIэкIущ иIэжар. А къэрал зауэр къэхъеяуэ щытамэ, Тыркур хэкIуэдэжат, империе лъэлъэжар зэрапхъуэну а лъэхъэнэм абы франджыхэри, итальянхэри, алыджхэри, инджылызхэри  щызэрызехьэрти. КIэщIу жыпIэмэ, нобэ дэ тцIыху Тыркур щыIэжынутэкъым, а дзэзешитIыр зэпэщIэувэу къэралым граждан зауэр къыщыхъеямэ.

Ар Этхем къыгурыIуэри, и дзэр зэбгриутIыпщыкIыжащ, нэгъуэщI щIыпIэ Iэпхъуащ. Инёню ар зэрыIэпхъуар къигъэсэбэпри, Этхем-хайн фIищат, «епцIыжакIуэ» къикIыу. Сэ пэжыр псори къызыхэщ романщ стхар. НэгъуэщI тхыдэ дэфтэр куэдми ущрихьэлIэнущ абы.

- Тхыдэм къызэрыхэщыжыр я тегъэщIапIэу щытми-щымытми сщIэркъым, ауэ иджыпсту тыркухэм Этхем и цIэм пщIэ хуащIу, къалъытэу апхуэдэ си гугъэщ.

- Шэч хэмылъу. Абы и щыхьэтщ Этхем и цIэм пагъэувауэ щыта «хайн» псалъэр зэрыпахыжар. И лIыгъэри, и зэфIэкIри, къызыхэкIари къагъэлъагъуэу щIадзащ,  тырку продюсер цIэрыIуэхэми трахыну хуейщ абы теухуа фильм. Сэри ар си гуапэ хъури, схуэгъэщIэхъуакъым. 

- Иужьрейуэ уи Iэдакъэ къыщIэкIа тхылъхэми утезгъэпсэлъыхьынут.

- Пащтыхь СулътIан Абдул-Хьэмид и гъащIэм теухуауэ къыдэзгъэкIащ зы тхылъ. СулътIан Абдул-Хьэмид и анэр адыгэт, и щхьэгъусэри ди лъэпкъэгъут, ГуащэмащIэт зэреджэр. Ар пащтыхьыпхъут, Франджым университет къыщиухауэ апхуэдэт. Губзыгъэт хуабжьу, езы Абдул-Хьэмид дэIэпыкъурт, лъагъуныгъэшхуи я зэхуаку дэлът. Тырку тхыдэм апхуэдэу къыхэщыркъым Абдул-Хьэмид и  щхьэгъусэр губзыгъэу зэрыщытар, зэрыадыгэр.

Абдул-Хьэмид адыгэр фIыуэ илъагъурт. Езыр адыгэ анэ къилъхуат, езыгъэджари зыгъэсари арат. И хъумакIуэхэри, къыдэлажьэхэм я нэхъыбэри адыгэт, ахэрат и дзыхь нэхъ зригъэзыр. ГъэщIэгъуэн куэд итщ мыбы, мыри тыркубзэкIэ зэрадзэкI.

Адрей тхылъхэр адыгэм епхакъым. Тыркум нэхъ ехьэлIауэ романитI сиIэщ. Абы къищынэмыщIауэ, цыджанхэм ятеухуауэ роман стхащ - Урысейм щыпсэу цыджанхэмрэ испан цыджанхэмрэ я зэпыщIэныгъэр, я щэнхабзэр зэрызэщхьыр къыхэщу.

Шэрджэс мамлюк Бейбарс и гъащIэр сфIэгъэщIэгъуэну тхылъ стхащ. Бейбарс иджыри къыздэсым тыркуу ятх, хьэрып къэралхэми апхуэдэущ къызэрыщащIэр. Израилым щыщ профессор гуэрым  ар адыгэу итхауэ сыкъеджат. Илъэс зытIущ и пэ а профессорыр Лондон къэкIуауэ сыIущIащ. Абы къызжиIат, Бейбарс къэпцIыхун папщIэ мыпхуэдэ тхылъитIым еджэ, жери. А тхылъитI къудейращ щыIэр  Бейбарс и зэманым псэуахэм я Iэдакъэ къыщIэкIауэ. Зыр абы и секретару щытаращ, абы хьэрыпыбзэкIэ дахэу итхыжащ Бейбарс и хъыбарыр, етIуанэр а лъэхъэнэм псэуа тхыдэджщ зи лэжьыгъэр, ар томитI мэхъу. Секретарым и IэдакъэщIэкIыр къэзгъуэтати, япэ напихыр дэтыжкъым. Адрей томитIыр къэслъыхъуэу Тыркум и Эдерне къалэм дэт Сулеймэн и музейм щIэлъу къызжаIэри, сыкIуащ, арщхьэкIэ етIуанэ томрат абыи щыIэжыр, абджым илъу яхъумэрт. Япэ тхылъым сыщыщIэупщIэм, ари кIуэдауэ къызжаIащ, езым яIэм и копиер Франджым щыIэти, абы сыкIуащ. Журт профессорымрэ сэрэ дыщызэпсалъэм, и сабиигъуэр къызыхэщ псори зэрагъэкIуэдам щыхьэт дытехъуащ. 

Ар щIагъэкIуэдар гурыIуэгъуэщ. КIуэкIыпIэм и дзэпщ цIэрыIуэр,  муслъымэнышхуэр тыркуу щытыныр, дауи, нэхъ къащтащ. Ауэ, си ныбжьэгъу профессорым и чэнджэщкIэ, Бейбарс и щIалэгъуэри, и гъащIэр къызэрекIуакIари стхыжащ. Ар хы ФIыцIэ Iуфэм къыщыхъуа шапсыгъхэм къахэкIащ. Уи фIэщ хъункъым, ауэ абы теухуа тхылъхэм укъыщеджэкIэ, адыгэу имыт пэтми, зэрыадыгэр къомыщIэнкIэ Iэмал имыIэу, и хьэлыр къратхэкI.

Зы щIыпIэ деж мыпхуэдэу сыщрихьэлIащ, си щхъуэфэцыр игъэтэджу. Бейбарс пащтыхьышхуэт, тхьэмадэшхуэт. Зэгуэрым шэтырым щIэсу, Iуэху зэфIигъэкIыу, цIэрэ-щхьэрэ зиIэ лIы куэд къыщIыхьэурэ къепсэлъэрт. Ауэрэ здэщысым бедуин щихъ лIыжь гуэр къехъуэхъуну къыщIыхьащ. Бейбарс къыщылъэтри, сэлам ирихащ абы. Зэпсэлъэн яухыу лIыжьыр щIэкIыжа нэужь, тхылъыр зытхыжа секретарыр еупщIащ: «Пащтыхьыкъуэ, генерал къом къыщIыхьати, зыбгъэхъеякъым, бедуин лIыжьым щхьэкIэ щхьэ укъыщылъэта?». «Ар фэ къывгурыIуэнукъым, нэхъыжьым пщIэ хуэщIын хуейщ», - жиIащ Бейбарс.

Сэ нэхъ сыдихьэхыу сызэлэжьа тхылъхэм ящыщщ мыр.

 

Епсэлъар НэщIэпыджэ Замирэщ.
Поделиться: