Дунейм щыхъыбархэр

 Нобэ
Псыежэххэр хъумэным и дунейпсо махуэщ
Пи бжыгъэм и дунейпсо махуэщ
Зэныбжьэгъу къэралхэм я зэгухьэныгъэм и махуэщ.
А зэгухьэныгъэм къызэщIеубыдэ къэрал 54-рэ – я нэхъыбапIэкIэ Инджылызым и бжьым щIэтахэмрэ мы зэманми абы хэтхэмрэщ.
Адыгэ тхыбзэм и махуэщ
Эстонием щагъэлъапIэ я анэдэлъхубзэм и махуэр

1730 гъэм Санкт-Петербург къалэм и гербыр къащтащ.
1853 гъэм адыгэбзэкIэ къыдэкIащ Берсей Умар и «Адыгэ псалъалъэр».
1990 гъэм Горбачев Михаил СССР-м и япэ Президенту хахащ.
1995 гъэм Налшык экономико-правовой лицей къыщызэIуахащ.
2004 гъэм Урысей Федерацэм президент хэхыныгъэхэр щекIуэкIащ. ЕтIуанэ пIалъэми а къулыкъум тетыну дзыхь хъуащIри, Путин Владимир Президенту хахыжащ.
1804 гъэм къалъхуащ Австрием щыщ композитор цIэрыIуэ, дирижёр Штраус Иоганн.
1879 гъэм къалъхуащ нэмыцэ физик щэджащэ, Нобель саугъэтыр 1921 гъэм зыхуагъэфэща Эйнштейн Альберт.
1913 гъэм къалъхуащ абхъаз тхакIуэ, Куржымрэ Абхъазымрэ гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Гулиа Георгий.
1930 гъэм къалъхуащ совет тхакIуэ, журналист, «Псэущхьэхэм я дунейм» теленэтын гъэщIэгъуэныр езыгъэкIуэкIыу щыта, Лениным и цIэр зезыхьэ саугъэтыр, УФ-м и Президентымрэ Правительствэмрэ я саугъэтхэр зыхуагъэфэща Песков Василий.
1937 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, литературовед, критик, зэдзэкIакIуэ Iэзэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къэрмокъуэ Хьэмид.
1945 гъэм къалъхуащ Японием щыщ актрисэ, ЮНЕСКО-м сабийхэм я IуэхухэмкIэ и чэнджэщэгъу Курихарэ Комаки.
1976 гъэм къалъхуащ къэрал къулыкъущIэ, КъШР-м и Iэтащхьэ Темрезов Рашид.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ, къешх-къесу щыщытынущ. Махуэм хуабэр градус 1 - 2, жэщым щIыIэр градуси 4 - 2 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
ХъуэхъукIэ узэxыхьэу, хъуэнкIэ узэхэмыкIыж.

 

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

27.03.2024 - 15:00 НОБЭ
26.03.2024 - 08:01 НОБЭ
25.03.2024 - 12:07 НОБЭ
22.03.2024 - 15:54 Псым и махуэ