«Ди адэ-анэр дощэж…»

Мыр къыщыхъуар Япониеращ. Токио къыщыдэкI газетхэм ящыщ зым мыпхуэдэ хъыбар къытрадзащ: «Ди адэ-анэр дощэж: адэр илъэс - 70, анэр илъэс 65-рэ мэхъу. Я уасэр йен 1000-щ!»

КъызэрыгуэкIыу щымыт апхуэдэ хъыбарым къеджэ псоми ягъэщIагъуэрт: «Дэ дызыхуэкIуам еплъ! Бынхэм адэ-анэхэр ящэж». НэгъуэщIхэм жаIэрт: «Ар щхьэ идэрэ властым. Дунейкъутэж жыхуаIэр аракъэ?!». А хъыбарым псалъэмакъыу кърикIуам гъуни, щIэи иIэкъым, абы щытепсэлъыхьырт унэми, уэрамхэми, тыкуэнхэми, дэни.

Зэгуэрым а газетыр унагъуэщIэ гуэрым яIэрыхьащ. Абыхэм я нэхъыжьхэр машинэ зэжьэхэуэм хэкIуэда къудейт, я щхьэр къахуэмыIэту псэурт. Апхуэдэ гуауэр зыгъэв унагъуэм, газетым тет хъыбарыр икIагъэ дыдэу къащыхъуащ, адэ-анэм я гум щыщIэми егупсысащ. А гупсысэр зигу къэкIа быным имыщIэфын щымыIэу къалъытэри, лIыжь-фызыжьыр къащэхуу я адэ-анэ япIэ ирагъэувэу зэдагъэпсэуну зэщхьэгъусэхэм мурад ящIащ. Ахъшэр къащтэри, къытрадза хэщIапIэм кIуащ…

ЛIымрэ фызымрэ зыIухьар уардэунэ ехьэжьат, и пщIантIэхэр дахэу къищIыкIарэ удз гъэгъа плъыфэбэхэр дэтыжу. Япэ щIыкIэ щыуа я гугъащ, арщхьэкIэ куэбжэм хэлъ уэзджынэр тракъузэри, лIыжь гуэрым бжэр къахуIуихащ. Зэщхьэгъусэхэм лIыжьым жраIащ къыщIежьа Iуэхур, икIи я адэ-анэр зэрамыIэжым зэригъэгулэзыр, а гуауэр езыхэми ящигъэпсынщIэн, щытыкIэ гугъу ихуа лIыжь-фызыжьми ядэIэпыкъун щхьэкIэ, ахэр къащэхуну къызэрежьар. Я Iуэхур хуаIуэта нэужь, къыIукIыжыну зыщагъэхьэзырым лIыжьым къажриIащ ахэр зэрыщымыуар икIи унэм иригъэблэгъащ.

И щхьэгъусэми къеджэри, бысымхэр хьэщIэхэм къабгъэдэтIысхьащ:

- Мы унэ-лъапсэ флъагъур зейри, щыпсэури дэращ, - жиIащ лIыжьым. - Абы нэмыщIи хъугъуэфIыгъуэ куэд гъэтIылъауэ диIэщ. Ауэ бын зэрызэдэдмыгъуэтам къыхэкIкIэ, цIыхуфI гуэрым къыхуэдгъэнэну мурад тщIащ. Абы щыгъуэм хэкIыпIэу къэдгупсысар, газетым хъыбарегъащIэ къытредгъэдзэнырщ. Дэ дызэрегупсысамкIэ, абы къыпэджэжынур гу, псэ къабзэ зиIэ цIыхуфI гуэрт. Фэ апхуэдэу фыкъыщIэкIащ. Фи жэрдэмым фэ - пщIэ, дэ гурыфIыгъуэ къытхуихьащ. Пэжыр жысIэнщи, апхуэдэ хьэпшыпым щэхуакIуэ къыхукъуэкIыну ди гугъакъым. ИгъащIэ лъандэрэ зэхуэтхьэса псори фэ къыфхуэдгъэнэныр игъуэу къыдолъытэри ди деж фыкъакIуи фыщыпсэу.

Сократ и Iущыгъэ

Сократ зыгуэр еупщIащ:

- Уи ныбжьэгъум уэр щхьэкIэ къызжиIар пщIэрэ?

- Зэ умыпIащIэт, - къигъэувыIащ ар Сократ, - а жыпIэнум япэ щIыкIэ щэ егупсысыж.

- Щэи?

- Сытым дежи, зыгуэр жыпIэн ипэ щэ уегупсысыжын хуейщ. Япэрауэ, пэжрэ пцIырэ зэхэгъэкIыпхъэщ. Иджыпсту къызжепIэнур пэжу ущыхьэт?

- Хьэуэ, сэ зэхэсхар бжесIэжыну аращ.

- Апхуэдэу щыхъукIэ, ар пэжрэ пцIырэ пщIэркъым. ЕтIуанэрауэ, а жыпIэнум гуапагъэ гуэр пылъын хуейщ. Си ныбжьэгъум щхьэкIэ зы фIы гуэр къызжепIэну ара?

- Хьэуэ, фIыкъым, Iейщ.

- Си ныбжьэгъум фэ Iей къытебгъэуэну зыбогъэхьэзыр, - къыпищащ Сократ, - пэжми пцIыми умыщIэу. Ещанэ Iущыгъэм ущIэзгъэдэIунщ, - ар жыпIэнум сэбэпынагъ пылърэ пымылърэ уегупсысын зэрыхуейрщ. Уэ зи гугъу пщIыр Iэмал имыIэу сэ сщIэн хуей? ЗыгуэркIэ сэбэп къысхуэхъуну?

- Хьэуэ, апхуэдэу Iэмалыншэу щыткъым.

- АтIэ, - жиIащ Сократ, - жыпIэну узыхуейм пэжи хэлъкъым, гуапагъи къыпэкIуэнукъым, сэбэпынагъи пылъкъым. Сыт атIэ ар къыщIебгъэжьэхар?! Зыщыгъэгъупщэ…

Джобс Стив мелардырыбжэ зэрыхъуар

* Къызэралъхурэ мази мыхъуауэ, ар нэгъуэщIым ипIыну иратащ.

* И ныбжьыр илъэси 9 щрикъум школым къыщIадзыжащ.

* Илъэс 17-м иту щеджэ лицейм къыщIадзыж.

* Ар уэрамым щожей, птулъкIэ нэщIхэр ищэурэ мэпсэу.

* Илъэс 20 щыхъум Индием макIуэ, захуагъэ лъыхъуэу. Ауэ щIыпIэр къемызэгъыу, зыбжанэрэ хьэлъэу мэсымаджэ.

* И ныбжьыр илъэс 21-рэ хъууэ, и гаражым компьютер щищIу щIедзэри, компание къыщызэрегъэпэщ. Ар лажьэу зэтриухуэн щхьэкIэ, ахъшэ хуейти, и хьэпшыпхэр ещэж.

* ТIэкIу докIри, и лэжьэгъум къыхыфIедзэ, зэдащIэ Iуэхум зыри къимыкIыну къыщохъури.

* КомпьютерыщIэхэр ищIу щыщIидзэм, аргуэру зыгуэрым къелъахъэ. Абы и проектыщIэр игъэкIуэтэн папщIэ, ахъшэ къыхухилъхьэну зыри тегушхуэркъым.

* Илъэс 25-рэ хъуа къудейуэ инвестор къегъуэт икIи проектым ехъулIэныгъэшхуэхэр къыпокIуэ. Зы сыхьэтым къриубыдэу щIалэщIэр Америкэм щынэхъ къулей дыдэ щIалэ мэхъу.

* Джобс Стивщ абы и цIэр. А гаражым къыщежьауэ щыта компанием зэреджэр «Apple»-щ.

ДОХЪУШОКЪУЭ Синэ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:23 НОБЭ
18.04.2024 - 16:13 НОБЭ
17.04.2024 - 11:43 НОБЭ