Къэбэрдей-Балъкъэрыр щхъуантIагъэм и щыхьэрщ

ЩIыуэпс

Къэбэрдей-Балъкъэрым пхъэщхьэмыщхьэ къызыпыкIэ жыгыу гектар минрэ ныкъуэрэ щагъэтIысащ 2021 гъэм къриубыдэу. Жыг Iэрысэхэм дунейр гуимыхужу къызэрагъэдахэм, щхъуантIагъэкIэ бей зэрищIым щIыналъэм къихьэми икIыжми гу лъатэ, интернетым и щIыпIэ куэдым щытопсэлъыхь.

Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэс зыбжанэ хъуауэ Урысейм и хэгъэгъу нэхъ щхъуантIитхум хохьэ, пхъэщхьэмыщхьейми нэгъуэщI жыг лъэпкъыгъуэми ди щIыпIэм щагъэтIысым и бжыгъэм кIэричыркъым, уеблэмэ абы зэрыхагъэхъуэн, нэхъыбэ зэращIын Iэмалхэр къалъыхъуэ. Нэгъабэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щагъэтIыса жыг гектар минрэ ныкъуэр къапщтэмэ, ар зы илъэс ипэкIэ ирагъэкIуэкIа апхуэдэ лэжьыгъэм гектарищэрэ тIощIкIэ щIегъу. Жыгыу ягъэтIысыр щIыпIэм и дунейм зыкъыдэзыщI, щIэгъэхуэбжьауэ къэкI лIэужьыгъуэхэм ящыщщ, абы и фIыгъэкIэ кIэрыху къыхэмыкIыу щIым тращIэ къудамэкIми хагъэтIысхьэ жыгыщIэми щIэхыу зеужь икIи хокIэ.

Дызэрыт илъэсым псори зэгъусэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыпIэ зэхуэмыдэхэм жыгхэр гектар мин тIощIрэ тхум нэблагъэм щагъэтIысащ. Жыг щIапIэхэри кIуэ пэтми нэхъыбэ мэхъу: 2020 гъэм а бжыгъэр гектар мин пщыкIутху хъууэ щытамэ, 2021 гъэм ар гектар мин пщыкIублым нызэрыхьэсырт.

Апхуэдэу, къыхэгъэщыпхъэщ, пхъэщхьэмыщхьей жыгхэм къапыкIэхэри зэрыбэгъуам. 2021 гъэм пхъэщхьэмыщхьэ къудейуэ тонн мин 536-м нэблагъэ кърахьэлIэжащ. Ар 2020 гъэм еплъытыжмэ, процентищэрэ плIыкIэ нэхъыбэщ.

ЩIыналъэм и щхъуантIагъэм хуэсакъыныр, хъумэныр, егъэфIэкIуэныр къэралым къалэн зыщищIыжа Iуэхугъуэхэм ящыщщ. Абы къыдэкIуэуи, жыг зэмылIэужьыгъуэхэр зэрызэрахьэ Iэмалхэри куэд мэхъури, я ягъэ щIыуэпсым зэрырамыгъэкIынми йогупсыс. «ЩхъуантIагъэр щыхъерыр къит фIыгъуэр лъэныкъуэ псомкIи цIыхум ещхьэпэу щытмэщ», - жаIэ жыггъэкIхэм.

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: