Планетэм «Proxima c» фIащащ

Астрономхэр куэд щIауэ щыхьэт зэрытехъуащи, ди Дыгъэм ирагъэщхьу абы нэхъ къыпэгъунэгъу дыдэр Проксимэ Центаврэ зи фIэщыгъэ вагъуэ жьэражьэрщ.

Фигу къэдгъэкIыжынщи, абы и деж 2016 гъэм щIэныгъэлIхэм къыщагъуэтауэ щытащ гъащIэ здэщыIэнкIэ хъуну зыхуагъэфащэ, и инагъ-и цIыкIуагъкIэ ЩIы Хъурейм ирагъэщхь, нэхум зэрызидз и псынщIагъкIэ къэдбжмэ, илъэси 4-кIэ фIэкIа тпэмыIэщIэ планетэ телъыджэ.

Иджы, мис аргуэру, уахэм а и Iэгъуэблагъэм ипэрейм хуагъадэ нэгъуэщI планети щыIэнкIэ зэрыхъунур къыжаIащ Чили къэралым щылажьэ астрофизикхэм.

ЩIэныгъэлIхэр зэрыкIэлъыплъа зэман пыухыкIам къызэригъэлъэгъуамкIэ, къахутам и хьэлъагъыр ди ЩIы Хъурейм ейм нэхърэ хуэди 6-кIэ нэхъыбэщ, зэпха и «дыгъэм» дыдейр зэрыпэжыжьэм етлъытмэ хуэдэрэ ныкъуэкIэ пыIудзащ (Марсыр Дыгъэм зэрыпэIэщIэм хуэдизщ).

ПланетэщIэм хьэршым зэрызыщигъазэм япэ дыдэу гу лъатащ Чили къэралым и La Silla обсерваторием щыIэ Harps спектрографым пыщIа, зи зэпрыупIэр метри 3,6-рэ хъу телескопым и фIыщIэкIэ.

Къыхэгъэщыпхъэщ, зи гугъу тщIы къэхутэныгъэм щыхьэт техъуэн мурыдыр яIэу, Италием и Турин къалэр зи хэщIапIэ АстрофизикэмкIэ лъэпкъ институтым (INAF) и IэщIагъэлIхэмрэ Крит хытIыгум и астрономхэмрэ, езыхэм я жэрдэмрэ я зэфIэкIкIэ, зи цIэ къитIуа Проксима Центавра вагъуэм къыпкърыкI нурым зэрыкIэлъыплъари, и Iэгъуэблагъэм етIуанэ планетэ зэрыщыIэр шэч къызытумыхьэжын Iуэхуу зэрыщытыр зэрыжаIари.

ЩIэныгъэлIхэр зэрызэгурыIуам тету «Proxima c» зыфIаща планетэщIэм япэ дыдэу и гугъу зыщIар Science Advances журналырщ.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться:

Читать также: