Гъуэгухэр зэрагъэпэщыж

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Транспортымрэ гъуэгу хуэIухуэщIэхэмкIэ и министерствэм хъыбар къызэритамкIэ, «ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгу шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ Къубэ-Тэбэ (ХьэкIэщей) къуажэм мы лъэхъэнэм гъуэгухэр зэгъэпэщыжыным епха лэжьыгъэхэр щокIуэкI.

Гъуэгуухуэхэм къапэщылъщ асфальт къилъэлъар трахыу щIэ тралъхьэну, гъуэгум и кIыхьагъкIэ ирикIуэ турыр къыхалыкIыжыну, лъэс лъагъуэр яукъуэдиину, зэпрыкIыпIэхэмрэ зэблэкIыпIэхэмрэ яхуэфащэ нагъыщэхэмкIэ къыхагъэщыну, зекIуэкIэ хабзэхэм япыщIа IэрыщI гъуазэхэр гъуэгущхьэхэм трагъэувэну.
Псори зэгъусэу зэрагъэпэщыжын хуей гъуэгу Iыхьэм и кIыхьагъыр километритхум щIегъу, лэжьыгъэм и инагъ-куэдагъкIэ къапщтэмэ, IV техникэ лIэужьыгъуэм хохьэ.
Гъуэгур зэгъэпэщыжын щIыхуей щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэхэм щыщщ абы телъ асфальтыр зэрылэжьар, щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ кумблъэмб зэрыхъуар. Гъуэгущхьэр щIэх-щIэхыурэ зэрадыжам ар теплъаджэ зэрищIым и мызакъуэу, абы трищIэж чахуэхэм асфальтыр зэкIэщIаху, ущызекIуэкIэнкIэ шынагъэ къигъэхъуу.
НобэкIэ IэщIагъэлIхэм ХьэкIэщей гъуэгум щыщ зы Iыхьэм машинэ зэхэзежэм я хуабжьагъыр щагъэмэщIауэ, абы и лъабжьэр ягъэбыдэ, ибгъухэм мывэхэр халъхьэ, машинэ зэблэкIыпIэхэр яукъуэдий.
КъызэралъытэмкIэ, гъуэгур зэгъэпэщыжыным епха лэжьыгъэхэр дызэрыт илъэсым и гъэмахуэм ирихьэлIэу зэфIэкIын хуейщ.

 

 

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: