НОБЭ

♦Къэрандащ зэмыфэгъухэм я дунейпсо махуэщ
♦Урысейм Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэм экономикэ шынагъуэншагъэмкIэ и IэнатIэхэр къыщызэрагъэпэща махуэщ. СССР-м и НКВД-м хыхьэу 1937 гъэм къызэрагъэпэщауэ щытащ
♦Къэзахъстаным и республикэ гвардием и махуэщ
♦1870 гъэм
Урысейм щыяпэу Новгород Ищхъэрэ къалэм щыщ Сормовэ районым щаутIыпщащ гъущI щагъавэ хьэку.
♦1895 гъэм Москва трамвай зрикIуэн япэ гъуэгур ухуэн щыщIадзащ.
♦1921 гъэм РСФСР-мрэ Тыркумрэ зэныбжьэгъуным, зэдэлэжьэным теухуа зэгурыIуэныгъэ зэращIылIащ.
♦1936 гъэм Горький автозаводым япэ автомобиль псынщIэр - «М-I»-р - къыщIигъэкIащ.
♦2014 гъэм Кърымым референдум щекIуэкIащ, хытIыгуныкъуэмрэ Севастополь къалэмрэ я унафэр ящIыным теухуауэ. ХэхыпIэхэм а махуэм екIуэлIащ а щIыналъэм щыпсэухэм я процент 80-р икIи абыхэм я процент 90-р щIыналъэр Урысей Федерацэм ей хъужыным и телъхьэу къыщIэкIащ.
♦1751 гъэм къалъхуащ США-м и еплIанэ президент, а къэралым и конституцэр зэхэзылъхьахэм ящыщ зы Мэдисон Джеймс.
♦1859 гъэм къалъхуащ урыс физик, электротехник цIэрыIуэ, радиор къэзыгупсысахэм ящыщ Попов Александр.
♦1884 гъэм къалъхуащ урыс тхакIуэ-фантаст, «Голова профессора Доуэля», «Человек-амфибия», нэгъуэщI роман цIэрыIуэхэр зи IэдакъэщIэкI Беляев Александр.
♦1927 гъэм къалъхуащ совет дзэ кхъухьлъатэзехуэ, инженер-къэхутакIуэ, СССР-м и космонавт, Совет Союзым и ЛIыхъужь Комаров Владимир.
♦1935 гъэм къалъхуащ урысей актер цIэрыIуэ, режиссёр, тхакIуэ, РСФСР-м и цIыхубэ артист Юрский (и адэм и унэцIэ дыдэр Жихаревщ) Сергей.
♦ 1942 гъэм къалъхуащ УФ-м, КъБР-м, КъШР-м, АР-м, Дагъыстаным я цIыхубэ дохутыр, медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик Лий Адэлджэрий.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ, уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градуси 6 - 8, жэщым градуси 3 - 5 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Бжэр Iупха нэужь ущIеуIун щыIэжкъым.

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:23 НОБЭ
18.04.2024 - 16:13 НОБЭ
17.04.2024 - 11:43 НОБЭ