ЦIыху къызэрымыкIуэхэрГрин Хетти (1834 - 1916). Мы цIыхубзым нэхърэ нэхъ быдэ дунейм къытехьауэ къыщIэкIынкъым. И быдагъымрэ IуэхукIэ зэрынабдзэгубдзаплъэмрэ беягъышхуэ къыхуахьащ, икIи дунейм щынэхъ къулей бзылъхугъэу къалъытащ. Ахъшэ куэд дыдэ зэриIэм хуэдэу, и мылъкур апхуэдизкIэ зэригъэзахуэрти, зыцIыху псоми яфIэтелъыджэт. Псалъэм къыдэкIуэу жытIэнщи, Хетти сытым дежи щыгъыу щытар зы бостей фIыцIэ цIыкIущ, доллар ныкъуэ зи уасэ хьэлывэ фIэкIа ишхыртэкъым, псы пщтыр зэи къигъэсэбэпыртэкъым. * * * Спунер Вильям (1844 - 1930). Мыр езыр цIыху гуапэт, ауэ и цIэр тхыдэм къыщIыхэнар бзэщIэныгъэм щигъэлъэгъуа Iуэхугъуэ къызэрымыкIуэрщ. Уеблэмэ абы «спунеризм» фIащащ. Сыт абы къикIыр? Вильям щыпсалъэкIэ хьэрфхэр, пычыгъуэхэр, уеблэмэ псалъэхэр щызэблигъэувыкI щыIэт. Псалъэм папщIэ, «Водрый дечер» жиIэфынут «Добрый вечер»-м и пIэкIэ. * * * Аменхотеп Хапу и къуэр зэчиишхуэ зыбгъэдэлъ къэрал къулыкъущIэт. Мысырым и фараон Аменхотеп III (ди эрэм и пэкIэ 1411 - 1375 гъ.гъ.) и пащтыхьыгъуэм псынщIэ дыдэу къулыкъу щызыIэрызыгъэхьахэм ящыщщ ар. Фараоным къызэрымыкIуэ саугъэт лъапIэ куэд хуищIащ и япэ министрым, уеблэмэ, Карнак члисэм абы и статуе щригъэгъэуващ. Тхьэ пэлъытэу ябж пащтыхьым елъэIуну члисэм кIуэхэм япэщIыкIэ министрым и статуем зыхуагъазэрт. * * * Инджылыз пащтыхь гуащэ Аннэ (1665 - 1714) хуабжьу ныбжьэгъу пэж хуэхъуат и фрейлинэ Дженнингс Сарэ. Ахэр зэрыцIыкIурэ зэныбжьэгъуу къызэдэхъуат. Аннэ и блыгущIэт пщащэм хуидэрт миссис МорликIэ къеджэу.
Поделиться:
Читать также:
25.04.2024 - 16:00 →
ЩIэщхъуитI
25.04.2024 - 14:33 →
Iус зэхэлъым къыщIэупщIэм хохъуэ
25.04.2024 - 13:00 →
Хэкур фIыуэ лъагъуным хуаущий
25.04.2024 - 11:30 →
IэнатIэм зеужь
25.04.2024 - 10:04 →
Зэныбжьэгъугъэм и щыхьэт
|