ХамэщIымрэ Хэкумрэ

Гъатхэпэм и 8-р къыщысым деж дэтхэнэ зы балъкъэрми, псом хуэмыдэу Азие Курытымрэ Къэзахъстанымрэ щыIахэм, я нэгу къыщIоувэж а зэман хьэлъэр.
Дауи, а илъэс I3-р гъащIэм фIыцIагъэ зэфэзэщу хэтауэ жыпIэ хъунукъым. Сыт щхьэкIэ? Зи хэку залымыгъэкIэ кърахуа цIыхухэм ятелъ хьэзабыр зылъагъухэм зыкъыщIагъэкъуэну иужь итт. Брехт Бертольт жиIащ: «ЦIыху щыпсэум цIыху къыщыбдэIэпыкъунщ». Апхуэдэ я щхьэ кърикIуащ балъкъэрхэми.
ЗдагъэкIуа щIыпIэхэм щыпсэуахэр япэ щIыкIэ дзыхьмыщIу къахущытащ зи хэку кърахуахэм, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, властым абыхэм я цIэр игъэулъият, хуэмыфащэ куэд хужиIат. ИужькIэ Азие Курытым щыпсэухэр апхуэдизкIэ къесат, апхуэдэизкIэ фIыуэ къалъэгъуат балъкъэрхэри, абыхэм хэкум къагъэзэжыну хуиту унафэ къыщыдэкIам, здэщыIэм къэнэну, я лъахэ мыкIуэжыну къелъэIурт. Абыхэм ящыщ куэдым хамэ щIыналъэм я Iуэхухэр щыдэкIыу щызэтраубла щхьэкIэ, къыщалъхуа щIыпIэжьым хуаIэ пыщIэныгъэр нэхъ лъэщу къыщIэкIащ. Балъкъэрхэм я гъащIэм нэхъ гурыфIыгъуэ хэтауэ къыщIэкIынкъым а хъыбарыр щызэхахам нэхърэ. Аргуэрыжьти, мылъкуншэ хъурт балъкъэрхэр (щэ бжыгъэкIэ я унэхэр ящэжу щыхуежьэм, уасэр къехуэхат), ауэ абы къигъэувыIакъым.
КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Кулиевэ (Кульбаевэ) Элизэт и ныбжьыр илъэсиплI фIэкIа мыхъуауэ игъэунэхуат хэхэс гъащIэр. Сабиигъуэм къыщыхъу псори я гум къызэринэжым хуэдэу, Элизэти щыгъупщакъым илъэгъуахэмрэ зыхищIахэмрэ. Абы зэрыжиIэжымкIэ, къызэралъхурэ илъэсиплI щрикъу махуэм а гъуэгуанэ мыгъуэжьым тетт.
- Сэ фIыуэ сощIэж Къэщкъэтау дыщигъунэгъуу щыта лIыжь Эфендиев Хьэжыбуллы дунейм зэрехыжар, - игу къегъэкIыж Элизэт. – Абы и къуэхэр псори фронтым Iутт а лъэхъэнэм, пхъу иIэххэтэкъым, и щхьэгъусэр нэхъ пасэу лIат. Сыт хуэдэ станцми къысхуэщIэжынукъым абы и хьэдэр щрахар, абдеж щыщIалъхьэжыну щыпсэухэм елъэIуу. ЩIы кIапэ игъуэтыжакъым а тхьэмыщкIэм.
Кулиевэм щыгъупщакъым мафIэгур здэкIуэм нэсу абы исахэр кърагъэкIа нэужь, щыпсэуну щIыпIэм зэрыкIуа гъуэгуанэ «фIыцIэр». ГъащIэм апхуэдэу щызэтехуэри, ахэр зэкIуэлIа колхозым зэрихьэ цIэр «Гъатхэпэм и 8-т».
- Шыгум дису шэд инам дыщыхэкIым, лъэныкъуэкIэ дещIэри, ди дэфтэрхэр зыдэлъ шумэданыр шэдым хэхуат, - жеIэж Элизэт. – Ди анэм абы щыгъуэ телъа гузэвэгъуэр сыт хуэдиз. Iэджэрэ къалъыхъуащ а шумэданыр, шэд инаишхуэм щамыгъуэтыжу, итIанэ сытми къытIэрыхьэжат.
ЩIыIэм, ныбэ нэщIым игъэгулэзу Кульбаевхэ я унагъуэр псэуа пэтми, Элизэт зыхэса цIыхухэм щхьэкIэ зэи псалъэ Iей жиIэркъым. Ахэр сыткIи къадэгуашэрт къахэтIысхьахэм.
- Си шыпхъумрэ сэрэ узбек гуэрым и щIым дыблэкIыу, хъарбыз къэддыгъуат, щхъуантIабзэу, - жеIэ Элизэт. – Ар зей лIым дыкъыщиубыдым, къыдэшхыдэн дигугъа щхьэкIэ, къэтщтар зэрымыхъуар къыдгуригъаIуэри, нэхъ хъуауэ къыдитат.
Балъкъэрхэр зыхьыр мэжэщIалIагъэм и закъуэтэкъым, атIэ я адэжь хэкум зэрыпэIэщIэми гугъу иригъэхьырт. Курыт Азием и щIыуэпсыр зэмызэгъхэри яхэтт. Кульбаевхэ тIысыпIэ ящIа щIыпIэм бэджхэр, блэхэр щыкуэдт. Уз зэрыцIалэхэм ихьхэри куэд хъурт. Апхуэдэ къумым сэбэп къыщыпхуэхъуну щыIэр абы щыпсэу цIыхухэм я закъуэт.
- Шэшэнхэм щхьэкIэ сыт жаIэми, си классэгъуу щыта гуэр хуабжьу гуапэу сигу къинащ, - жеIэж Элизэт. – Абы колхозым къыщилэжьа и чыржын зыбжанэр сэ къызитат. А махуэм ди унагъуэм махуэшхуэ гуэр игъэлъапIэ хуэдэт.
Балъкъэрхэм зэи я гугъэр хахыжакъым я хэку къагъэзэжыным. Сталин дунейм ехыжауэ щызэхахам адэжь щIыналъэм зэрагъэзэжынур быдэу я фIэщ хъуат. А лъэхъэнэм ирихьэлIэу си анэмрэ сэрэ сэман унэ цIыкIу тщIыри, дгъуэт унэлъащIэ фейцей тIэкIуи щIэдгъэувэжауэ апхуэдэт. Къэдгъэзэж зэрыхъунум теухуа унафэр къыщыдэкIам си анэр иджыри зы илъэс Азие Курытым щылажьэу ахъшэ тIэкIу зэхуихьэсыну мурад ищIат, ауэ зэрымыщIэкIэ Уянаев Чомай хуэзэри, абы щIригъэгъуэжащ, ди унэ цIыкIури пудыбзэу тщэжри, хьэпшып къызэрырашэкI вагоным дису Кавказым къэдунэтIыжащ.
Кулиевэм зэрыжиIэжымкIэ, а гъуэгум щилъэгъуа телъыджэр зэи щыгъущэжынукъым. ЛIыжь дыдэ хъуауэ икIи хьэлъэу зы къыздрашэжьэжат, нэсыжынкIэ щымыгугъыу. Сыт жрамыIами, къахуэнатэкъым, и хэку щыщIалъхьэжыныр насыпышхуэу къилъытэрти. А лIыжьым псори тегузэвыхьу къэкIуэжащ, ерагъыу дэIэпыкъуурэ Налшык станцым къыщраша лIыжьыр гъуэлъри, щIым IэплIэ хуищIащ, и нэпсхэри къыфIыщIэжащ. Абы ипэкIэ куэд щIауэ и лъэм зэримыхьэжу хэлъа лIыжьыр, зыри дэмыIэпыкъуу езыр къызэфIэувэжри, ежьэжащ. Абдеж псоми къагурыIуащ уи адэжь лъахэм къару къызэрыпхилъхьэжыр.
- Налшык дикIри, занщIэу ди къуажэм, Къэщкъэтау, дунэтIащ, - къыпещэ адэкIэ Элизэт. – Машинэшхуэм и кIэм дису арати, жьы къытщIихумкIэ дрикъуртэкъым, ди хэкум и хьэуамкIэ зыдгъэнщIыжыртэкъым, бгыхэм я дахагъым гу щытхуэжыртэкъым. Къэщкъэтау къыщыдгъэна унэм зыгуэрхэр щыпсэууэ къыщIэкIри, дэ ди Iыхьлыхэм я деж декIуэлIащ.
Къэбэрдей-Балъкъэрми тIэщIэлъышхуэ щымыIэу къэдгъэзэжати, гугъу дыщехьащ, ауэ итIани дэ нэхърэ нэхъ насыпыфIэ щымыIэу къытщыхъурт. Си сабиигъуэм сызыщIэхъупсыр си хэку згъэзэжынымрэ артисткэ сыхъунымрэти, Тхьэм сызэрелъэIуахэр къысхуищIащ.

Аппаевэ Жаухар.
Поделиться: